ДИ ГЪАЩІЭР
Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм уэ дауэ зэрызыхуэбгъэхьэзырынур?
Мы илъэсым къыщыщІэдзауэ Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм зыхуэдгъэхьэзырын щхьэкІэ зэман нэхъыбэ диІэнущ. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щэбэтым е тхьэмахуэ махуэм техуэу щытмэ, псалъэ гъэхьэзырамрэ «ХъумакІуэ чэщанэ» джынымрэ екІуэкІынукъым. Ауэ ар адрей махуитхум языхэзым техуэу щытмэ, «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ зэІущІэр екІуэкІынукъым. КъытхудэкІа зэманыр дауэ нэхъыфІу къызэрыдгъэсэбэпынур? А Іуэхугъуэ хэхар зэрыхуэфащэм хуэдэу екІуэкІын щхьэкІэ, япэ лІэщІыгъуэм хуэдэуи псори фІыуэ къызэгъэпэщын хуейщ (Лк 22:7—13; km-U 3/15 1). Абы нэмыщІ дэ псоми дигухэр а Іуэхугъуэм хуэдгъэхьэзырын хуейщ. Дауэ ар зэрытщІ хъуныр?
А махуэ хэхар бгъэлъэпІэным сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэми егупсыс (1Кр 11:23—26).
Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъази фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм егупсыс (1Кр 11:27—29; 2Кр 13:5).
Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм и мыхьэнэр къыбгурызыгъаІуэ Библием ит едзыгъуэхэм къеджи егупсыс (Ин 3:16; 15:13).
Иныкъуэхэр «Исследуем Писания каждый день» жыхуиІэ брошюрэм ит графикым тету Библием йоджэ. НэгъуэщІхэр мы напэкІуэцІымрэ къыкІэлъыкІуэмрэ ит графикыр къагъэсэбэп. Е «ХъумакІуэ чэщанэм» ит Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэмрэ, Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуаІэ лъагъуныгъэмрэ теухуа статьяхэм йоджэж. Сыт хуэдэ Іэмал къыхомыхми, мыхьэнэ зиІэр уэ узэреджэм Иеговэрэ абы и Къуэ Хьисэ Мэссихьрэ гъунэгъу узэрыхуащІыращ.