АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | 1 КОРИНФ 10—13
Иеговэ пэжагъ хэлъщ
Иеговэ ди гугъуехьхэр тщхьэщихыфынущ. Ауэ и нэхъыбэм а гугъуехьхэм дыпэлъэщын щхьэкІэ дызыхуэныкъуэ псор къыдитурэ хэкІыпІэр дегъэлъагъу.
Дэ дызыгъэгузавэ гупсысэхэмрэ гурыщІэхэмрэ дыпэлъэщыфын щхьэкІэ Иеговэ къыщыддэІэпыкъукІэ Библиемрэ и къару лъапІэмрэ къегъэсэбэп икІи «зэхэщІыкІ зиІэ узыщыгугъ хъун унэІутымкІэ» ерыскъы къыдет (Мт 24:45; Ин 14:16; Рм 15:4).
Алыхьым и къару лъапІэр къигъэсэбэпурэ, Библием ит едзыгъуэхэмрэ принципхэмрэ къэтщІэжыну къыддоІэпыкъу. Ахэр дэ сэбэп къытхуохъу Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къэтщтэну (Ин 14:26).
Иеговэ и мелыІычхэр къигъэсэбэпу къыддэІэпыкъуфынущ (Евр 1:14).
Ди къуэш, ди шыпхъухэр къигъэсэбэпу ар къыддэІэпыкъуфынущ (Кл 4:11).