АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | РИМ 9—11
Зейтун жыгым теухуа щапхъэ
Щапхъэм хэт зейтун (маслинэ) жыгымрэ абы и Іыхьэхэмрэ сыт къагъэлъагъуэр?
Жыгыр: Алыхьым Ибрэхьим ирищІылІа зэгурыІуэныгъэр гъэзэщІа зэрыхъур
Жыг лъэдийр: Ибрэхьим и щІэблэм и Іыхьэ нэхъыщхьэу щыт Хьисэ
Къудамэхэр: 144 000 — Ибрэхьим и щІэблэм и Іыхьэ етІуанэм хыхьэ псори
КъыпащІыкІа къудамэхэр: Хьисэ ІэщІыб зыщІа журтхэр
ДагъэкІа къудамэхэр: нэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщу уафэм щыпсэуну гугъэ зиІэ цІыхухэр
Иеговэ зэрыжиІам хуэдэу, Ибрэхьим и щІэблэм хыхьэ Хьисэрэ 144 000-мрэ «нэгъуэщІ лъэпкъхэм» щыщхэм фІыгъуэ куэд къыхуахьынущ (Рм 11:12; ЩІэдз 22:18)
Ибрэхьим и щІэблэм яхуиІа мурадыр зэригъэзэщІэжам Иеговэ теухуауэ сыт къызигъэщІар?