ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • mwb19 Январь н. 7
  • «Паул Тхьэм фІыщІэ хуищІри, къэгушхуэжащ»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Паул Тхьэм фІыщІэ хуищІри, къэгушхуэжащ»
  • Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2019
  • Мыбы ещхь материал
  • Дэ дагъэгушхуэн щхьэкІэ абыхэм лэжьыгъэшхуэ ирахьэкІ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
  • Дауэ районым и нэхъыжьхэр къызэрыддэІэпыкъур?
    Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2019
mwb19 Январь н. 7

ДИ ГЪАЩІЭР

«Паул Тхьэм фІыщІэ хуищІри, къэгушхуэжащ»

Рим къалэм дэс Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Паул я къалэм къэкІуэну къыщащІам къуэш гуп абы пежьащ. Ахэр Паул хуэзэн щхьэкІэ километр 60-м щІигъу якІуащ. Абыхэм я лъагъуныгъэр я псэм емыблэжу зэрагъэлъэгъуар Паул дауэ къыдэІэпыкъуа? Библием щыжыІащ: «Ахэр щилъагъум, Паул Тхьэм фІыщІэ хуищІри, къэгушхуэжащ» (Апост 28:15). Паул сыт щыгъуи зэхуэсхэр игъэгушхуэу щытат, ауэ иджы ар щхьэхуимыту зэрыщытым къыхэкІкІэ езыр гушхуэныгъэм хуэныкъуэт (2Кр 13:10).

Ди зэманми ди къуэш, ди шыпхъухэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІын щхьэкІэ районым и нэхъыжьхэр зэхуэсхэм макІуэ. Алыхьым и лэжьакІуэ адрейхэм хуэдэуи абыхэми я лъэр щыщІэхуи, Іейуэ щеши, зыгуэр щхьэкІэ щыгузави къохъу. Районым и нэхъыжьымрэ абы и щхьэгъусэмрэ фи зэхуэсым дяпэкІэ къыщыкІуэкІэ ахэр дауэ бгъэгушхуэфыну, фи зэхуэсым къызэрыкІуам абыхэми къару къахилъхьэн икІи фэри гушхуэныгъэ фиІэн щхьэкІэ? (Рм 1:11, 12).

  • ХъыбарыфІ гъэІуным теухуа зэІущІэ кІэщІхэм екІуалІэ. Районым и нэхъыжьыр къыщыкІуа тхьэмахуэм ди къуэш, ди шыпхъухэр хъыбарыфІ гъэІуным теухуа зэІущІэ кІэщІхэм екІуэлІэн щхьэкІэ къару зэрырахьэлІэр щилъагъум деж абы и гур хегъахъуэ (1Фс 1:2, 3; 2:20). Ар фи зэхуэсым къыщыкІуэ мазэм подсобнэ пионеру умылэжьэфыну пІэрэт? Районым и нэхъыжьу лажьэ къуэшым е абы и щхьэгъусэм и гъусэу хъыбарыфІыр бгъэІуну укІуэфыну е ебгъаджэ цІыхум и деж Библиер вджыну къебгъэблэгъэфыну? Абыхэм я фІэфІщ къуэш, шыпхъу куэдым дэлэжьэну, темыгушхуэу хъыбарыфІыр зыгъэІухэри щІэзыдзагъащІэхэри абыхэм яхэту.

  • ХьэщІагъэ зыхэгъэлъ. Районым и нэхъыжьу лажьэ къуэшымрэ и щхьэгъусэмрэ уи унэм щыпсэуну е шэджагъуашхэ уи деж щащІыну къебгъэблэгъэфыну пІэрэ? АбыкІэ уэ уи лъагъуныгъэр бгъэлъэгъуэнущ. ИкІи ахэр уэ къыпщыгугъынукъым зыгуэр нэхъ лейуэ бгъэхьэзырыну (Лк 10:38—42).

  • Абы и чэнджэщхэмрэ и унафэхэмрэ тет. Районым и нэхъыжьу лажьэ къуэшым Иеговэ дызэрыхуэлажьэр нэхъыфІ тщІыну лъагъуныгъэ хэлъу къыддоІэпыкъу. Абы ткІийуэ чэнджэщ щитын хуейи къохъу (1Кр 5:1—5). Дэ чэнджэщхэм жыІэдаІуэу дыщытетым деж абы и гуапэ мэхъу (Евр 13:17).

  • ФІыщІэ зэрыпщІыр гъэлъагъуэ. Районым и нэхъыжьу лажьэ къуэшымрэ и щхьэгъусэмрэ къызэрыкІуам сыт хуэдэ сэбэпынагъ уэ къыпхуихьами яжеІэ. Уэ абыхэм захуэбгъазэу, ар яжепІэ хъунущ е открыткэ яхуэптх хъунущ (Кл 3:15).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын