АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | АПОСТОЛХЭМ 27, 28
Паул Рим кІуэуэ гъуэгу тетщ
Паул щхьэхуимыту щыт пэтми, и фІэщ хъумкІэ нэгъуэщІхэм ядэгуэшэн щигъэтакъым. Абы кхъухьым ис псоми хъыбарыфІыр яжриІэрт. Мелит хытІыгум и Іуфэм кхъухьыр щызэтекъута нэужь Паул а щІыпІэм щигъэхъужа цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ ядэгуэшэну иІа Іэмалыр шэч хэмылъу къигъэсэбэпащ. Рим къалэм зэрыкІуэрэ махуищ дэкІа нэужьи, Паул хъыбарыфІымкІэ ядэгуэшэн щхьэкІэ журтхэм я пашэхэр къригъэшащ. Паул илъэситІкІэ щхьэхуимыту унэм щыщІэсам щыгъуэ и деж къакІуэ псоми хъыбарыфІымкІэ ядэгуэшащ.
Уи Іуэхур зыІутым къыхэкІкІэ куэд пхузэфІэмыкІыу щытмэ, хъыбарыфІыр бгъэІун щхьэкІэ сыт уэ пщІэ хъунур?