ДИ ГЪАЩІЭР
Квебек щыщ ди къуэшхэм хъыбарыфІыр ягъэІуну хуитыныгъэ къазэрыІэрыхьар
Паул и хьэкумыр щащІэм, абы и хьэкумыр кесарым къытрищІыхьыну лъэІуащ. Паул рим цІыхуу зэрыщытам кърит хуитыныгъэр къызэригъэсэбэпамкІэ дэ щапхъэ къытхуигъэнащ. «Легализация деятельности в Квебеке» жыхуиІэ видеороликым еплъи, Квебек провинцием щыщ къуэшхэм хъыбарыфІыр ягъэІуну яІэ хуитыныгъэм зэрыщІэбэнар къащІэ. ИужькІэ къыкІэлъыкІуэ упщІэхэм жэуап ет:
Квебек щыщ ди къуэшхэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуа?
Сыт хуэдэ буклет хэха ди къуэшхэм ягуэшар икІи сыт абы кърикІуар?
Ди къуэш Эме Буше сыт къыщыщІар?
Ди къуэш Буше и Іуэхум теухуауэ Канадэм и Суд Нэхъыщхьэм сыт хуэдэ унафэ ищІар?
А щІыпІэм щыІэ сыт хуэдэ закон къуэшхэм къагъэсэбэпар икІи сыт абы кърикІуар?
Диным и лэжьакІуэм бзэгу зэрихьам къыхэкІкІэ Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэр зэпызыуда полицейскэхэм теухуа хъыбарыр дауэ иуха?