АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | АПОСТОЛХЭМ 25, 26
Паул и хьэкумыр кесарым иригъэщІэну мэлъаІуэ икІи абы иужькІэ Агриппэ пащтыхьым хъыбарыфІыр жреІэ
«Іэтащхьэхэмрэ пащтыхьхэмрэ я пащхьэм» дыщырашэкІэ жытІэным щхьэкІэ дыгузэвэн хуэмейми, дэ «ди гугъапІэмкІэ хэт къыдэупщІми... жэуап еттыжыну сыт щыгъуи хьэзыру дыщытын» хуейщ (Мт 10:18—20; 1Пт 3:15). Ди жагъуэгъухэм «законыр къагъэсэбэпу бзаджагъэ» къыдащІэну щыхэтым деж дауэ дэ Паул щапхъэ зэрытетхыфынур? (Пс 94:20).
Дэ законым къыдит Іэмалхэр къэдгъэсэбэпурэ, хъыбарыфІыр дгъэІуну диІэ хуитыныгъэм дыщІобэн (Апост 25:11)
Дэ тепщэныгъэ зиІэхэм пщІэ яхуэтщІу допсалъэ (Апост 26:2, 3)
Къезэгъыу щытмэ, дэ ди гъащІэри нэгъуэщІхэм я гъащІэри пэжыр къызэрытщІам нэхъыфІ зэрищІар къыдэдаІуэхэм яжыдоІэ (Апост 26:11—20)