ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэ и лэжьакІуэхэр я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэмкІэ къыбоцІыху. Пэжыгъэм щыгуфІыкІ
АБЫ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР: Дэ Хьисэ и лъэужь дызэритым къыхэкІыу Алыхьым и мурадым теухуа пэжыр дгъэІун хуейщ (Ин 18:37). Абы нэмыщІ дэ пэжыгъэм дыщыгуфІыкІын, пэжыр жытІэн икІи сытыр пэжу щытми дегупсысын хуейщ, дыщыпсэу дунейр пцІы упсынымрэ гуэныхь щІэнымрэ зэщІищта пэтми (1Кр 13:6; Фп 4:8).
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
Хъыбар мышыухэм уемыдаІуэ икІи бзэгу зомыхьэ (1Фс 4:11)
НэгъуэщІым и гузэвэгъуэм ущымыгуфІыкІ
Уигу хэзыгъахъуэ ІуэхуфІхэр пщІэну хущІэкъу
«„ФІЫУЭ ФЫЗЭРЫЛЪАГЪУ“. БЗАДЖАГЪЭМ ФЫЩЫМЫГУФІЫКІЫУ, ПЭЖЫГЪЭМ ФЫЩЫГУФІЫКІ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Дебби бзаджагъэм щыгуфІыкІауэ жыпІэ щІэхъунур сыт?
Элис Дебби щепсалъэм я псалъэмакъыр фІым триухуэну дауэ хузэфІэкІа?
Гушхуэныгъэ къыдэзыт дызытепсэлъыхь хъун сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэр диІэ?
Бзаджагъэм ущымыгуфІыкІыу, пэжыгъэм щыгуфІыкІ