АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИУАН 18, 19
Хьисэ пэжыгъэм щыхьэт техъуэт
18:36—38 (япэ Іыхьэр)
Хьисэ Алыхьым и мурадым щыхьэт техъуэу щытащ
ПСАЛЪЭКІЭ: Хьисэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр псэемыблэжу игъэІут
ІУЭХУКІЭ: Бегъымбархэм къэхъун хуейуэ ятхауэ Алыхьым и Псалъэм итхэр Хьисэ и дуней тетыкІэмкІэ игъэзэщІащ
Дэ Хьисэ и лъэужь дызэритым къыхэкІыу пэжыгъэм щыхьэт дытохъуэ
ПСАЛЪЭКІЭ: Дэ, цІыхухэм ауан дыкъызэращІым икІи зэран къытхуэхъуну зэрыхэтым емылъытауэ, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн зэрыщІидзам икІи Хьисэ Мэссихь абы и пащтыхьу зэрыщытым теухуа хъыбарыфІыр псэемыблэжу догъэІу
ІУЭХУКІЭ: Ди щытыкІэфІымкІэ икІи нейтралитетыр быдэу зэрытІыгъымкІэ дэ догъэлъагъуэ ди пащтыхь Хьисэ Мэссихь и тепщэныгъэм дызэрыщІэтыр