ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэ и лэжьакІуэхэр я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэмкІэ къыбоцІыху. Щхьэхуещэу ущымыт икІи уи пІэм укъыщырашым деж зышыІэ
АБЫ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР: Хьисэ жиІащ: «ФІыуэ фызэрылъагъумэ, фэ си гъуэгу фызэрырикІуэр цІыху псоми ящІэнущ» (Ин 13:34, 35). Апхуэдэ лъагъуныгъэ ди зэхуаку дэлъын щхьэкІэ, щхьэхуещэу дыщытын хуейкъым икІи зытшыІэн хуейщ (1Кр 13:5).
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
Зыгуэрым псалъэкІэ е ІуэхукІэ уи жагъуэ къищІауэ щытмэ, умыпІащІэу къэувыІи, абы щхьэусыгъуэ хуэхъуам икІи укъэгубжьу щытмэ, абы къыпэкІуэным егупсыс (Пр 19:11, Гъэсэпэтхыдэхэр).
Дэ псори дызэрыщыуэр икІи е псалъэкІэ е ІуэхукІэ дызыхущІегъуэжын гуэр зэрытщІэр зыщомыгъэгъупщэ.
ПсынщІэу фызэрызэгурыІуэжыным иужь ит.
«„ФІЫУЭ ФЫЗЭРЫЛЪАГЪУ“. ЩХЬЭХУЕЩЭУ ФЫЩЫМЫТ ИКІИ ФИ ПІЭМ ФЫКЪЫЩЫРАШЫМ ДЕЖ ЗЫФШЫІЭ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Том Ларри тІэкІу зигъэгувэну щелъэІуам, абы ар игу зэрыримыхьар дауэ къызэригъэлъэгъуар?
Том къэувыІэу зэрыгупсысар абы зишыІэну дауэ къыдэІэпыкъуа?
Том къэмыгубжьу, пщІэ хуищІу Ларри жэуап зэрыритыжам, мамырыгъэр дауэ къихъума?
Зыгуэр дигу щримыхьым деж дыкъэмыгубжьу щытмэ, апхуэдэ щытыкІэм зэхуэсым сыт хуэдэ фІыгъуэ къыхуихьрэ?