ДИ ГЪАЩІЭР
ХъыбарыфІыр нэхъыфІу дгъэІуу зыдогъасэ. Библием теухуауэ цІыхум удэгуэшэфын щхьэкІэ, уепсэлъэн зэрыщІэбдзэ хъунур
Хьисэ цІыхубзым епсэлъэн зэрыщІидзам и фІыгъэкІэ хъыбарыфІымкІэ дэгуэшэфащ. ДымыцІыху цІыхухэм хуиту депсэлъэфу дауэ зэрызедгъэсэнур?
ЦІыхухэм гуапэу яхущыт икІи къебгъажьэу уепсэлъэну умыукІытэ. Хьисэ зэрешам щхьэкІэ къэмынэу, Самарие хэкум щыщ цІыхубзым псы къритыну елъэІури, епсалъэу щІидзащ. Уэ цІыхум ухуэгуфІэу, дунейм и щытыкІэм е хъыбарыщІэхэм теухуауэ уепсэлъэн щІэбдзэ хъунущ. Псалъэмакъыр щІэбдзэну узэримурадыр зыщомыгъэгъупщэ. Абы къыхэкІкІэ цІыхум фІэгъэщІэгъуэн хъуну къыпщыхъу сыт хуэдэ темэри къэпІэт хъунущ. ЦІыхур къопсэлъэну хуэмейуэ щытмэ, абы зыри шынагъуэ хэлъкъым. НэгъуэщІ гуэрым узэрепсэлъэнум иужь ит. Иеговэ лІыгъэ къыпхилъхьэну елъэІу (Не 2:4; Апост 4:29).
Зыгуэрым ущепсалъэкІэ хъыбарыфІымкІэ узэрыдэгуэшэн Іэмал къэлъыхъуэ. Ауэ умыпІащІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ узытепсэлъыхьыр занщІэу пхъуэжу щытмэ, цІыхур Іэнкун хъууэ къомыпсэлъэжынкІэ хъунущ. ЦІыхум хъыбарыфІымкІэ удэмыгуашэ щІыкІэ псалъэмакъыр иухауэ щытмэ, умыгузавэ. ХъыбарыфІымкІэ цІыхухэм уадэгуэшэну ушынэу щытмэ, ауэ сытми уадэуэршэрын щхьэкІэ, псалъэмакъыр къыщІэбдзэу зегъасэ. [Япэ видеороликыр гъэлъагъуи зэпкърых.]
ЦІыхум уи фІэщхъуныгъэмкІэ удэгуэшэфын щхьэкІэ уэ езым Іэмал къэлъыхъуэ. Псалъэм папщІэ, уэ езым уигу ирихь Библием ит гупсысэ гуэркІэ цІыхум удэгуашэ хъунущ, абы ар фІэгъэщІэгъуэн хъууэ упщІэ гуэр къыуитын щхьэкІэ. Хьисэ жиІар Самарие хэкум щыщ цІыхубзым фІэгъэщІэгъуэн зэрыхъуам къыхэкІкІэ езым Хьисэ упщІэхэр ириту щІидзащ. Хьисэ цІыхубзым и упщІэхэм жэуап иритурэ, хъыбарыфІымкІэ дэгуэшащ. [ЕтІуанэ видеороликыр гъэлъагъуи зэпкърых, иужькІэ ещанэри гъэлъагъуи зэпкърых.]