АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ЛУКА 6, 7
Хьэлэлу щыт
ЦІыху хьэлэлым и гуапэу и зэманри, и къарури, и мылъкури нэгъуэщІ цІыхухэм трегъэкІуадэ, абыхэм ядэІэпыкъун щхьэкІэ.
«Ефт» жаІэу зэрадзэкІа алыджыбзэ глаголыр зэрыт формэм зэ щІэгъуэу щымыту, куэдрэ щІэн хуей Іуэхугъуэ къегъэлъагъуэ.
Дэ нэгъуэщІхэм хьэлэлу дахущыту щытмэ, дэри «ди пщалъэр зэщыхъу хъуауэ [«гъэсысауэ», ХъыбарыфІыр, 1993], иубауэ, изу, щхьэІум къыщхьэпрылъэлъу, Тхьэм къытхуищІэжынущ». Мыбдеж зи гугъу ищІыр гъавэ къэзыщэхум и щыгъыным иІэ зэтедзапІэм къищэхуа гъавэр хукІуэцІакІутэжу щыІа хабзэрауэ къыщІэкІынущ.