АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | МАРК 13, 14
ЦІыхухэм уащымышынэ
Апостолхэр гугъуехь щыпэщІэхуам цІыхухэм щІащышынар сыт?
14:29, 31
Ахэр я щхьэм щыгугъыжт. Петр адрей апостолхэм нэхърэ Хьисэ нэхъ хуэпэжу зибжыжт.
14:32, 37—41
Ахэр сакъакъым икІи Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуагъэзакъым.
Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь зи щыуагъэ къызыгурыІуэжа апостолхэм сыт къадэІэпыкъуар къызэрырахуэкІым емылъытауэ, цІыхухэм ящымышынэу, хъыбарыфІыр ягъэІуну?
13:9—13
Абыхэм Хьисэ и псалъэхэм мыхьэнэшхуэ иратащ икІи къапэщылъ гугъуехьхэм зыхуагъэхьэзыращ.
Ахэр Иеговэ щыгугът икІи тхьэлъэІукІэ зыхуагъазэт (Апост 4:24, 29).
Сыт щыгъуэ дэ лІыгъэ дыщыхуэныкъуэр?