ДИ ГЪАЩІЭР
Лъагъуныгъэ пэжыр зищІысыр сыт?
Иеговэ унагъуэр къыщІигъэщІар цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ игъащІэкІэ зэдэпсэун щхьэкІэщ (ЩІэдз 2:22—24). ЗэлІзэфызыр зэбгъэдэкІыжыну зы щхьэусыгъуэщ щыІэр — ар тІум я зым зинэ ищІэу щытмэ (Мл 2:16; Мт 19:9). Иеговэ унагъуэхэр быдэу щытыну хуейщи, и лэжьакІуэхэм Іущагъ хэлъу щхьэгъусэ къыхахыу, я унагъуэр насыпыфІэу щытын щхьэкІэ и принципхэр яритащ (Эк 5:4—6).
«ЧТО ТАКОЕ НАСТОЯЩАЯ ЛЮБОВЬ?» ЖЫХУИІЭ ФИЛЬМЫМ ЕПЛЪИ КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Лиз и адэ-анэ Фрэнкрэ Боннирэ я пхъум чэнджэщ щратым Іущагърэ лъагъуныгъэрэ дауэ ягъэлъэгъуа?
ЦІыху узэпсалъэр пхъуэжыфыну уегупсысу щытмэ, уи щхьэр къэбгъэпцІэжу сыт жыпІэ щІэхъунур?
Полрэ Присциллэрэ сыт хуэдэ чэнджэщыфІ Лиз иратауэ щытар?
Сыт Закрэ Меганрэ я унагъуэм гугъехь яІэ щІэхъуар?
Джонрэ Лизрэ Иеговэ хуэлэжьэным пыщІауэ сыт хуэдэ мурад зэщхь яІар?
Унагъуэ бухуэным ипэкІэ цІыхум и гум илъыр къэпщІэным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр? (1Пт 3:4).
Лъагъуныгъэ пэжыр зищІысыр сыт? (1Кр 13:4—8).