Иеговэ и Щыхьэтхэм бэзэрым хъыбарыфІыр щагъэІу (Сьерра-Леоне)
КъызэрыщІэбдзэ хъун псалъэхэр
ЯПЭУ ЕПСЭЛЪЭН
УпщІэр: Дауэ уеплърэ, сыт нэхъ гугъур — унагъуэ бухуэну хьэмэрэ зыфІомыгъэкІуэдыну?
Едзыгъуэр: Кл 3:13
Зэрыпыпщэ хъуныр: Мыхьэнэ зимыІэ Іуэхухэм щхьэкІэ зомыгъэгусэу щытмэ, зэгурымыІуэныгъэ нэхъ мащІэу фи яку къыдыхьэнущ. Ди телефон номерхэр зыІэпытхынщи, иужькІэ унагъуэм мамырыгъэ илъыну зэщхьэгъусэхэм къадэІэпыкъу Библием ит зы чэнджэщ зэпкърытхынщ.
ЕТІУАНЭУ ТЕГЪЭЗЭЖЫН
ЗэрыщІэбдзэ хъуныр: Унагъуэр зэкІуэту, насыпыфІэу къэнэн щхьэкІэ зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъын зэрыхуейм арэзы утехъуэну къыщІэкІынщ.
Едзыгъуэр: Екъуб 1:19
Зэрыпыпщэ хъуныр: ЦІыхур умыгъэкъуаншэу, уемышхыдэу жиІэм уедаІуэмэ, фи яку зэхущытыкІэфІ дэлъынущ икІи абы гуфІэгъуэ къыпхуихьынущ. Мы интернетым къисха статьям а Іуэхум теухуауэ сэбэп къыпхуэхъун нэгъуэщІ чэнджэщ куэди къыщыбгъуэтынущ. [Хъууэ щытмэ, «Как не ранить друг друга словами» жыхуиІэ статьяр къыхуэгъанэ.] ИужькІэ сыкъакІуэмэ мыпхуэдэ упщІэ зэпкърытхынщ: «Хьэлхэр зэрызэмыщхьым емылъытауэ унагъуэр дауэ насыпыфІэу зэрыщытыфыныр?»
ПЭЖЫМ ХУЕВГЪАДЖЭ
УпщІэр: Къэхъуну пІэрэ зэман лІэныгъэ щымыІэжу?
Едзыгъуэр: 1Кр 15:26
Пэжыр: Алыхь Иеговэ лІэныгъэм кІэ къыхуигъэкІуэнущ.
СЭ КЪЫЗЭРЫЩІЭЗДЗЭНУ ПСАЛЪЭХЭР
Къэхьа щапхъэр къэбгъэсэбэпу, къызэрыщІэбдзэн псалъэхэр уэ езым къэгупсыс.