ДИ ГЪАЩІЭР
ХъыбарыфІыр гъэІун щІэзыдзахэр егъасэ Иеговэ зэпымыууэ хуэлэжьэну
ХъыбарыфІыр гъэІун щІэзыдзам абы жыджэру, зэпымыууэ хэтын зэрыхуейр нэхъ щІэхыу къыгурыІуэмэ, а ІуэхумкІэ ехъулІэныгъэ иІэнущ (Пр 22:6, Гъэсэпэтхыдэхэр; Фп 3:16). Едгъаджэм хъыбарыфІыр нэгъэсауэ игъэІуу щІидзэн икІи адэкІи ехъулІэныгъэ иІэу а Іуэхум хэтын щхьэкІэ дауэ дыдэІэпыкъуфыну? КъыддэІэпыкъуну чэнджэщхэр:
Ебгъаджэм хъыбарыфІыр игъэІун зэрыщІидзэу абы зыхуигъэхьэзырыну дэІэпыкъу (km-U 8/15 1). Абы тхьэмахуэ къэс хъыбарыфІыр игъэІуным мыхьэнэшхуэ зэриІэр къыгурыгъаІуэ (Фп 1:10). ХъыбарыфІыр щыбгъэІу щІыпІэм фІыкІэ тепсэлъыхь (Фп 4:8). Ар зэхуэсым и нэхъыжьымрэ нэгъуэщІ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ хъыбарыфІыр я гъусэу игъэІуну хуэгъэуш, езыми хъыбарыфІыр нэхъыфІу игъэІуу зыригъэсэфын папщІэ (Пр 1:5, Гъэс.; km-U 10/12 6, абз. 3).
Библием зэредгъаджэ етІуанэ тхылъыр джын фымыухамэ, ебгъаджэм псым зыщІигъэуа иужьи адэкІэ дэІэпыкъу икІи хъыбарыфІыр игъэІуу егъасэ (km-U 12/13 7).
ХъыбарыфІыр гъэІун щІэзыдзагъащІэм и гъусэу хъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ зэрыщІэбдзэ хъун псалъэ тыншхэр къэгъэсэбэп. Ар цІыхум зэрепсалъэм уедэІуа иужь щытхъу. Сыт нэхъыфІ ищІ хъунуми жеІэ (km-U 5/10 7).