ДИ ГЪАЩІЭР
Уи щхьэм къыхуэбгъэгъужауэ пІэрэ?
Языныкъуэхэм щыуагъэ ящІахэр Иеговэ къахуигъэгъуа иужьи загъэкъуэншэжын щагъэткъым. А темэм теухуауэ псалъэ щыжаІащ икІи видеоролик щагъэлъэгъуащ 2016 гъэм екІуэкІа «Будьте преданы Иегове!» региональнэ конгрессым. А конгрессым хэта видеороликым еплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэхэм жэуап ет.
Соня зэхуэсым хагъэкІа иужь илъэс дапщэкІэ къызэримыгъэзэжар?
Сыт хуэдэ едзыгъуэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм Соня ирагъэлъэгъуар икІи дауэ ар абы сэбэп зэрыхуэхъуар?
Зэхуэсым щыщхэм Соня Иеговэ и Щыхьэт зэрыхъужар щызэхахам, сыт ящІар?
Сыт хуэдэ гупсысэхэм Соня ебэна икІи дауэ абы и адэр къызэрыдэІэпыкъуар?