ХРИСТИАНСКАЯ ЖИЗНЬ
Иеговэ и хабзэхэм тет
Алыхь Иеговэ цІыхухэр зытетын хуей хабзэхэр игъэуващ. Псалъэм папщІэ, абы гурыІуэгъуэу жиІащ цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэзыпх нэчыхьыр пкъутэж зэрымыхъуныр (Мт 19:4—6, 9). Зинэ щІэным пыщІа Іуэхугъуэ фІей псори Алыхьым идэкъым (1Кр 6:9, 10). Абы нэмыщІ Иеговэ ди зыхуэпэкІэмрэ ди теплъэмрэ теухуауэ дызытетын хуей принципхэр къыдет, абы и фІыгъэкІэ абы и лъэпкъыр дунейм щыщ цІыхухэм къащхьэщокІ (Вт 22:5; 1Тм 2:9, 10).
Ди зэманым куэдым Алыхьым и хабзэхэр ІэщІыб ящІ (Рм 1:18—32). Зэрызыпхуэпэным икІи зэрызыпщІыным теухуауэ мы дунейм щІэуэ къежьэм абыхэм зыдащІыну хэтщ. ЦІыхухэр я мыхъумыщІэ псэукІэм иропагэ икІи къабзэу дунейм тетыну хуейхэр ауан ящІ (1Пт 4:3, 4).
Дэ Иеговэ и лъэныкъуэр дубыдащи абы и хабзэхэм быдэу дызэрытетыр дгъэлъэгъуэн хуейщ (Рм 12:9). Дапхуэдэу? Дэ цІыхухэм гурыІуэгъуэу икІи я пщІэр едмыудыхыу яжыдоІэ Иеговэ идэмрэ имыдэмрэ. Абы нэмыщІ дэ езым Алыхьым зэрыжиІэм хуэдэу дыпсэуну дыхущІокъу. Псалъэм папщІэ уи теплъэмрэ зэрызыпхуэпэнымрэ ущегупсыскІэ зэупщІыж: «Сэ къыхэсхам къыхэщыр мы дунейм и еплъыкІэра хьэмэрэ Иеговэ и еплъыкІэра? Си теплъэмрэ зыхуэпэкІэмрэ Алыхьыр згъэгуфІэну сызэрыхуейр къагъэлъагъуэрэ?» Зэрызыбгъэпсэхун щІыкІэр къыщыхэпхкІэ мыпхуэдэ упщІэхэм уегупсыс хъунущ: мы фильмыр е передачэр Иеговэ игу ирихьыну пІэрэ? Сыт абыхэм узыхуагъэушыр? Къабзагъэр схъумэну мурад сщІам апхуэдэ зыгъэпсэхукІэхэр зэран хуэмыхъуну пІэрэ? (Пс 101:3). СщІа унафэхэр си унагъуэми нэгъуэщІ цІыхухэми «зыгъэлъэпэрэпэн мывэ» яхуэмыхъуну пІэрэ? (1Кр 10:31—33).
Сыт Алыхьым и хабзэхэм дытетыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр? Куэд дэмыкІыу Хьисэ Мэссихь мыхъумыщІагъэ зыщІэхэр щІылъэм тригъэкъэбзыкІынущи аращ (Иез 9:4—7). Къэнэнухэр Алыхьым и хабзэхэм тетхэращ (1Ин 2:15—17). АдэкІи дыхущІэвгъэкъу Алыхьым и хабзэхэм дытетыну, нэгъуэщІ цІыхухэм ди псэукІэр ялъагъуу Алыхьыр ягъэлъэпІэн щхьэкІэ! (1Пт 2:11, 12).
Си теплъэмрэ си зыхуэпэкІэмрэ сэ стеухуауэ сыт нэгъуэщІхэм къыгурагъаІуэр?
«СТАНЬ ДРУГОМ ИЕГОВЫ. ОДИН МУЖЧИНА, ОДНА ЖЕНЩИНА» ЖЫХУИІЭ МУЛЬТФИЛЬМЫМ ЕПЛЪИ КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Иеговэ и хабзэхэр гъэзэщІэныр сыт Іущагъыу жыпІэ щІэхъуныр?
Иеговэ и хабзэхэр адэ-анэхэм я сабийхэм ахэр иджыри цІыкІу щІыкІэ бгъэдалъхьэн щІыхуейр сыт?
Балигъхэри сабийхэри дауэ нэгъуэщІ цІыхухэм зэрыдэІэпыкъуфыныр, ахэр Иеговэ и ныбжьэгъу хъуну?