ДИ ГЪАЩІЭР
ХъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ хэх
ХъыбарыфІыр бгъэІуну тынш? Куэдым ар къогугъуэкІыр. Сыт абы и щхьэусыгъуэр? ХъыбарыфІыр щыдгъэІум деж цІыхухэр къыщыдэмыдаІуэ е къыщытхуэгубжь къохъу. Иныкъуэхэр ямыцІыхухэм бгъэдыхьэну мэукІытэ. А псом дэ гуфІэгъуэр тфІигъэкІуэдыфынущ. Ауэ дэ дызыхуэлажьэр «Алыхь насыпыфІэщ» икІи ар хуейщ сыт щыгъуи ди гум гуфІэгъуэ илъу абы дыхуэлэжьэну (1Тм 1:11, ДЩІ; Фп 4:4). ХъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ щІыхэтх хъун щхьэусыгъуищ зэпкърытхынщ.
Япэрауэ, дэ гугъапІэ къозыт хъыбарщ дгъэІур. Нобэ цІыху куэдыр къэкІуэну зэманым фІыкІэ пэплъэкъым, ауэ дэ абыхэм «хъыбарыфІкІэ» дадэгуэшэфынущ (Мт 24:14). Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІым дэри гуфІэгъуэ къытхуехь. ХъыбарыфІыр бгъэІуну зыщыбгъэхьэзырым деж Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм къытхуихьыну гъащІэ дахэм егупсыс.
ЕтІуанэрауэ, Библием ит хъыбарым цІыхухэм я гъащІэр нэхъыфІкІэ ехъуэж, абыхэм я хьэл-щэн Іейхэр зыханэну доІэпыкъу икІи мыухыж гъащІэ яІэу псэуну гугъэ ярет (Иса 48:17, 18; Рм 1:16). ЦІыхухэр къебгъэлу лэжьыгъэ гуэрым ухэту къызыщыгъэхъу. Языныкъуэхэр кърагъэлыну хуэмейми, къелыну хуейхэр къэлъыхъуэ (Мт 10:11—14).
Ещанэрауэ, хъыбарыфІ гъэІуным Иеговэ егъэлъапІэ. ИкІи аращ щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр. Дэ а лэжьыгъэм дызэрыхэтыр Иеговэ лъапІэу елъытэ (Иса 43:10; Евр 6:10). Абы къыдита къалэныр тхуэгъэзэщІэн щхьэкІэ и къару лъапІэри куэду къыдет. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ гуфІэгъуэ къыуитыну елъэІу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэм ящыщ зыщ (Гл 5:22). Иеговэ къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэкІэ дэ шынэ диІэхэм дыпэлъэщыфынущ икІи лІыгъэ тхэлъу хъыбарыфІыр дгъэІунущ (Апост 4:31). Абы щыгъуэ хъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ къытхуихьынущ, цІыхухэр абы зэрыхущытым емылъытауэ (Иез 3:3).
Сыт хуэдэ бгъэдыхьэкІэ уиІэу хъыбарыфІыр бгъэІуну ухуей?Уи гум гуфІэгъуэ илъыр дауэ къызэрыбгъэлъэгъуэфынур?
«ВНОВЬ ОБРЕТИ РАДОСТЬ С ПОМОЩЬЮ ИЗУЧЕНИЯ И РАЗМЫШЛЕНИЯ» ВИДЕОРОЛИКЫМ УЕПЛЪА ИУЖЬ МЫ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
ХъыбарыфІ гъэІуным куэду дыхэтмэ, Тхыгъэ ЛъапІэр махуэ къэс джын хуэмейуэ дыщІегупсыс мыхъуныр сыт?
Хьисэ и анэ Мэрием уэ сыткІэ щапхъэ тепх хъуну?
Алыхьым и Псалъэм итым дапщэщ ущегупсысыр?
ХъыбарыфІ гъэІуным сыт нэхъыбэу гуфІэгъуэ къыпхуэзыхьыр?