Библиер бджыну икІи абы итым куууэ уегупсысыну зэман хухэх
КъызэрыщІэбдзэ хъун псалъэхэр
НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН
УпщІэр: Дауэ уеплърэ, нобэ цІыху пэжу ущытыным, пцІы умыупсыным сэбэпынагъ хэлъ?
Едзыгъуэхэр: Пр 2:21, 22
Зэрыпыпщэ хъуныр: ЦІыху пэжу ущытыныр ноби сэбэп мэхъу икІи абы къэкІуэну зэманми ди гъащІэр елъытащ. ИужькІэ цІыху пэжхэр сыт хуэдэ гъащІэ яІэу псэунуми сыпхутепсэлъыхьыну сыхуейт.
ПЭЖЫМ ХУЕВГЪАДЖЭ
УпщІэр: ЦІыхум и гъащІэм дауэ дызэрыхущытын хуейр?
Едзыгъуэр: Апок 4:11
Пэжыр: ГъащІэр Алыхьым къыбгъэдэкІ тыгъэу щытщи, дэ абы пщІэ хуэтщІын хуейщ. Абы щхьэкІэ дэ нэгъуэщІ цІыхур дыукІынукъым икІи дэри дызыхуэсакъыжынущ. Дэ нэгъуэщІхэм я гъащІэри дыдейри лъапІэу долъытэ.
УПЩІЭКІЭ ДЫЩЫЗЭПАУДЫМ ДЕЖ ХъыбарыфІыр унэ-унэкІэ (домофонкІэ) гъэІун
Дызэрызэпауд упщІэр: Уэ сыт хуэдэ организацэ укъэзыгъэкІуар?
Жэуапыр: Сэ зыми сыкъигъэкІуакъым, сэ езыр сыхуейуэ сыкъэкІуауэ аращ. Сэ Тхыгъэ ЛъапІэр куууэ содж икІи къасщІэхэмкІэ цІыхухэм садогуашэ. Зэхэпхауэ пІэрэ уэ Торэт, Забур, Инджыл жыхуаІэ тхыгъэхэр?
СЭ КЪЫЗЭРЫЩІЭЗДЗЭНУ ПСАЛЪЭХЭР
Къэхьа щапхъэр къэбгъэсэбэпу, къызэрыщІэбдзэн псалъэхэр уэ езым къэгупсыс.