АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИЕРЕМИЯ 39—43
Иеговэ дэтхэнэ зыми илэжь Іуэхум къыпэкІуэр иригъэгъуэтыжынущ
Седекие Бабилэным зритыну Иеговэ къыхуищІа унафэм едэІуакъым
Седекие и къуэхэр илъагъуу яукІащ, езым и нэхэр иращІщ, Іэхъулъэхъу ящІри Бабилэн лъэхъуэщым ирадзащ. Ар абы лІэжыхукІэ исащ.
Авдемелех Иеговэ щыгугъыу щытащ икІи бегъымбар Иеремие дэІэпыкъуащ
Иеговэ Авдемелех къигъэгугъащ къригъэлыну Ерусалимыр щызэтракъутэм.
Иеремие лІыгъэ хэлъу Иеговэ къыбгъэдэкІ хъыбарыр Ерусалимыр зэтракъутэху илъэс куэдкІэ игъэІуащ
Ерусалим къыщаухъуреихьам щыгъуэ Иеговэ Иеремие дэІэпыкъуащ, икІи ар къаутІыпщыжыну иужькІэ бабилэн зауэлІхэр хуигъэушащ.