АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИЕРЕМИЯ 35—38
Авдемелех гущІэгъу хэлъамрэ лІыгъэ игъэлъэгъуамрэ дэ щапхъэ тхуохъу
Пащтыхь Седекие хуэлажьэу щыта Авдемелех Алыхьым ифІэфІ хьэл-щэнхэр хэлъу щытащ
Ар цІыху хахуэу щытащ икІи тегушхуэныгъэ хэлъу пащтыхь Седекие бгъэдыхьащ, Иеремие къыщхьэщыжын щхьэкІэ, абы нэмыщІ псы хъумапІэм ирадза а бегъымбарыр къригъэлащ.
Абы и гущІэгъум къыхэкІыу Иеремие кІапсэхэм и блэгущІэр имыгъэузын щхьэкІэ хъыдан щабэрэ бзыхьэхуэрэ кІэщІилъхьэну иритащ.