АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСАИЯ 58—62
«Иеговэ и нэфІ цІыхухэм къащыщыхуэну илъэсыр къызэрысам и хъыбар» гъэІу
«Иеговэ и нэфІ цІыхухэм къащыщыхуэну илъэсыр» — зы илъэскъым зэрыхъур
Ар Иеговэ Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхухэм щхьэхуит зэрищІыжыным теухуа хъыбарыфІыр къащригъащІэ зэман пыухыкІауэ аращ.
Япэ лІэщІыгъуэм «Иеговэ и нэфІ цІыхухэм къащыщыхуэну илъэсыр» щІидзащ Хьисэ бегъымбар хъыбарыфІыр игъэІуну иІэ къалэным 29 гъэм щыпэрыувам. ИкІи Иеговэ Ерусалим «хьэкум щытрищІыхьын махуэр» къэсу ар 70 гъэм щызэтракъутам нэс а «илъэсыр» екІуэкІащ.
Ди зэманым «Иеговэ и нэфІ цІыхухэм къащыщыхуэну илъэсыр» щІидзащ Хьисэ пащтыхьу уафэм Алыхьым 1914 гъэм щытригъэувам икІи гузэвэгъуэшхуэр къэблэгъа иужь ар иухынущ.
Иеговэ и лъэпкъым ярет «пэжыгъэм и жыгышхуэхэр»
Жыг нэхъ лъагэ дыдэхэр мэзыращ къыщыкІыр икІи ахэр зыр зым сэбэп хуохъу.
Жыгышхуэхэм я лъабжьэхэр зэхокІэ, ар абыхэм къадоІэпыкъу жьапщэшхуэхэр къыщепщэм деж быдэу щытыну.
Жыгышхуэхэр жыгыщІэ цІыкІухэм жьауэ яхуохъу. Абыхэм къыпыщэща я тхьэмпэхэр щІым хофыхь, абыкІи ар сэбэп мэхъу.
Дуней псом тет ди къуэш, ди шыпхъухэм дэІэпыкъуэгъу яхуохъу «пэжыгъэм и жыгышхуэхэр» — уафэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэм щыщ щІылъэм щыпсэууэ къэна Иеговэ и лэжьакІуэхэр