Ди шыпхъу ныбжьыщІэм и классэгъухэм я пащхьэм псалъэ щыжеІэ
КъызэрыщІэбдзэ хъун псалъэхэр
«ПОДРОСТКОВАЯ ДЕПРЕССИЯ. ПРИЧИНЫ И РЕШЕНИЯ» ЖЫХУИІЭ БРОШЮРЭР
УпщІэр: Нобэ ныбжьыщІэ куэд депрессие йохуэ. Сыт абыхэм къадэІэпыкъуфынур а узым пэлъэщыну?
Публикациер: Мы брошюрэр топсэлъыхь ныбжьыщІэхэр абы зэрыпэлъэщыфынум икІи я адэ-анэхэр абыхэм дэІэпыкъуэгъу зэрыхуэхъуфынум.
ПЭЖЫМ ХУЕВГЪАДЖЭ
УпщІэр: Унагъуэр насыпыфІэ хъун щхьэкІэ сыт зыхуейр?
Едзыгъуэр: Еф 5:33
Пэжыр: Унагъуэр насыпыфІэ хъунущ, абы лъагъуныгъэрэ пщІэрэ илъу щытмэ.
«НЫБЖЬЫЩІЭХЭМ КЪАЛЪЫХЪУЭ ЖЭУАПИПЩІ» (ypq)
УпщІэр: Иныкъуэхэм гъащІэр езыр-езыру къэхъуауэ я гугъэщ, ауэ нэгъуэщІхэм ар зыгуэрым къигъэщІауэ я фІэщ мэхъу. ГъащІэр къызэрыунэхуам теухуауэ диІэ еплъыкІэр сыт зытегъэщІауэ щытын хуейр? Уэ дауэ абы уеплърэ?
Едзыгъуэр: Евр 3:4
Публикациер: Уэ уи фІэщ хъур зытегъэщІауэ щытын хуейр бгъэунэхуну Тхыгъэ ЛъапІэм ухуегъэуш. Мы брошюрэм и 9-нэ псалъащхьэм гъащІэр къызэрыунэхуам теухуауэ зэптыж хъуну упщІих къыщеІэт.
СЭ КЪЫЗЭРЫЩІЭЗДЗЭНУ ПСАЛЪЭХЭР
Къэхьа щапхъэр къэбгъэсэбэпу, къызэрыщІэбдзэн псалъэхэр уэ езым къэгупсыс.