ДИ ГЪАЩІЭР
«Где найти утешение?» жыхуиІэ брошюрэр ягуэшын щхьэкІэ фокІадэм екІуэкІыну кампание
Дэтхэнэ зы цІыхури гузэгъэгъуэ игъуэтыну хуэныкъуэщ (Эк 4:1). Абы къыхэкІкІэ гузэгъэгъуэ зэрызэдгъэгъуэтыфыным теухуа брошюрэр фокІадэм дэ жыджэру дгуэшынущ. ЗэрыхъукІэ цІыху нэхъыбэм а брошюрэр ет. Ауэ цІыхухэр щыдмыгъуэта унэхэм брошюрэр къэщыдгъэнэнукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ цІыхухэм езыхэм депсалъэу гузэгъэгъуэ еттыну дыхуейщ.
ЖЫПІЭ ХЪУНЫР
«Дэтхэнэ зыри гузэгъэгъуэ дыщыхуэныкъуэ зэман дохуэ. Дауэ уеплърэ, дэнэ ар къыщыдгъуэта хъуныр? [Къеджэ 2 Коринф 1:3, 4.] Мы брошюрэм къыдгурегъаІуэ Алыхьым дауэ ди гур игъэзэгъэфынуми».
ЦІыхум фІэгъэщІэгъуэн хъууэ, брошюрэр къищтэмэ...
«БИБЛИЕР ЩІЭДЖЫН ХУЕЙР СЫТ?» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕГЪЭПЛЪ
Библиер иджыну хуеймэ узэрыдэІэпыкъуфыныр жеІэ.
КЪЫТЕБГЪЭЗЭЖЫНУ ГУРЫІУЭ
Къытебгъэзэжу зэпкърыпхыну упщІэр къэгъанэ, псалъэм папщІэ «Алыхьым апхуэдиз гузэвэгъуэр щІыщигъэІэр сыт?».