Иеговэ и Щыхьэтхэм домофонкІэ хъыбарыфІыр Венэм (Австрие) щагъэІу
КъызэрыщІэбдзэ хъун псалъэхэр
«КАК СТАТЬ ХОЗЯИНОМ СВОИХ ПРИВЫЧЕК» ЖЫХУИІЭ БРОШЮРЭР
УпщІэр: Дауэ уеплърэ, къару етхьэлІэн хуейуэ пІэрэ ди хьэл Іейхэм дебэнын щхьэкІэ?
Едзыгъуэр: Эк 7:8а
Публикациер: Мы статьяхэр ди хьэл-щэнхэм дытекІуэфын щхьэкІэ къыддэІэпыкъуну Библием ит чэнджэщхэм топсэлъыхь.
«КАК СТАТЬ ХОЗЯИНОМ СВОИХ ПРИВЫЧЕК» ЖЫХУИІЭ БРОШЮРЭР
УпщІэр: Ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ куэд къыхохьэ. Уэ дауэ уеплърэ, дауэ абыхэм дызэрыхущытын хуейр?
Едзыгъуэр: Эк 7:10
Публикациер: [10-нэ напэкІуэцІым ит статьям гу лъегъатэ.] Апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэм тэмэму дыхущытын щхьэкІэ къыддэІэпыкъуну Библием ит чэнджэщхэм мы статьяр топсэлъыхь.
ПЛАНХЭР КЪЭБГЪЭСЭБЭПУ ЗЕГЪАСЭ
УпщІэр: Дэтхэнэ зы цІыхуми цІэ иІэщ. Алыхьым цІэ иІэу пІэрэ?
Едзыгъуэр: Пс 83:18
Публикациер: Алыхьым теухуауэ Библием сыт иджыри итми мы планым къыщыпщІэнущ. [«Хэт хъуну Алыхьыр» жыхуиІэ темэр зэпкърых.]
СЭ КЪЫЗЭРЫЩІЭЗДЗЭНУ ПСАЛЪЭХЭР
Къэхьа щапхъэр къэбгъэсэбэпу, къызэрыщІэбдзэн псалъэхэр уэ езым къэгупсыс.