ДИ ГЪАЩІЭР
Пионер лэжьыгъэм и графикхэр
Пионеру улэжьэн щхьэкІэ уи зэманымрэ уи Іуэхухэмрэ фІыуэ зытеухуауэ щытын хуейщ. Тхьэмахуэм сыхьэт 18-кІэ хъыбарыфІыр бгъэІумэ, пионеру улэжьэфынущ икІи зыбгъэпсэхунуи зэман къыпхуэнэнущ. Апхуэдэ графикым и фІыгъэкІэ уэ уэмылъыта Іуэхугъуэ гуэрхэр, псалъэм папщІэ сымаджагъэр е дунейм и щытыкІэ Іейр, зэран пхуэхъунукъым а лэжьыгъэр бгъэзэщІэн щхьэкІэ. ИщІагъым къыщыхьащ график зыбжанэ: махуэ зытІущ фІэкІа мылажьэхэм щхьэкІэ, тхьэмахуэ псом лажьэхэм щхьэкІэ е узыншагъэ тэмэм зимыІэхэм щхьэкІэ. Фи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэр хэфлъхьэу щытмэ, фи унагъуэм щыщ гуэр фокІадэм щыщІэдзауэ пионеру лэжьэфыну къыщІэкІынущ. Унагъуэм зэгъусэу Библиер щывджкІэ абы фегупсысыфыну пІэрэ?
Блыщхьэ |
СЫЩЫЛАЖЬЭ МАХУЭ |
Гъубж |
СЫЩЫЛАЖЬЭ МАХУЭ |
Бэрэжьей |
СЫЩЫЛАЖЬЭ МАХУЭ |
Махуэку |
Сыхьэтих |
Мэрем |
Сыхьэтих |
Щэбэт |
СыхьэтиплІ |
Тхьэмахуэ |
СыхьэтитІ |
Блыщхьэ |
СыхьэтитІ |
Гъубж |
СыхьэтитІ |
Бэрэжьей |
ЗЭІУЩІЭ ЩЕКІУЭКІ МАХУЭ |
Махуэку |
СыхьэтитІ |
Мэрем |
СыхьэтитІ |
Щэбэт |
Сыхьэтих |
Тхьэмахуэ |
СыхьэтиплІ |
Блыщхьэ |
ЗЫЩЫЗГЪЭПСЭХУ МАХУЭ |
Гъубж |
Сыхьэтищ |
Бэрэжьей |
Сыхьэтищ |
Махуэку |
Сыхьэтищ |
Мэрем |
Сыхьэтищ |
Щэбэт |
Сыхьэтищ |
Тхьэмахуэ |
Сыхьэтищ |