ДИ ГЪАЩІЭР
Зы илъэс нэхъ мыхъуми еплъ
Сытым? Пионер лэжьыгъэм! Абы фІыгъуэ куэд къыпхуихьынущ! (Пр 10:22).
ПИОНЕРУ УЛАЖЬЭМЭ...
хъыбарыфІыр нэхъыфІу бгъэІуу зебгъэсэнущ икІи а лэжьыгъэр нэхъыфІыжу плъэгъунущ
Иеговэ нэхъ гъунэгъу ухуэхъунущ. Иеговэ теухуауэ цІыхухэм нэхъыбэрэ уепсэлъэху, абы и хьэл-щэн дахэхэр уэ уигу нэхъыбэрэ къэбгъэкІыжынущ
уэ уи Іуэхухэм нэхърэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр япэ зэрибгъэщым икІи псэемыблэжу адрейхэм уазэрыдэІэпыкъум гуфІэгъуэшхуэ къыпхуихьынущ (Мт 6:33; Апост 20:35)
районым и нэхъыжьыр уи зэхуэсым къыщыкІуэм деж пионерхэм щхьэкІэ щыІэ зэІущІэм, районнэ конгрессым ипэ къихуэу екІуэкІ зэІущІэм икІи Пионерхэр щеджэ Школым ущыІэфынущ
Библием цІыху нэхъыбэ ебгъэджэфынущ
цІыху нэхъыбэм я гъусэу хъыбарыфІыр бгъэІуфынущ икІи фызэрыгъэгушхуэфынущ (Рм 1:11, 12)