ДИ ГЪАЩІЭР
«Алыхьыр си дэІэпыкъуэгъущ»
Псаломым и 52—59-нэ псалъащхьэхэм къыхощ Даут гугъу щехьым щыгъуэ зыхищІахэр. Ауэ абы дапхуэдэу и Іуэхур Іейуэ щымытами, ар сыт щыгъуи Иеговэ щыгугът (Пс 54:4; 55:22). ИкІи Иеговэ и псалъэм щхьэкІэ фІыщІэ хуищІт (Пс 56:10). ДыхущІэкъуу пІэрэ дэри Даут хуэдэу Алыхьым дзыхь хуэтщІыну икІи ди фІэщхъуныгъэр хэдгъэхъуэну? Библием зыхуэдгъазэу пІэрэ гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж? (Пр 2:6). Библием щыщ сыт хуэдэ едзыгъуэхэр уэ къыбдэІэпыкъуа...
нэщхъейуэ ущыщытам?
ущысымэджам?
хабзэншагъэм ущыІущІам?
хъыбарыфІым щхьэкІэ гугъу ущрагъэхьам?