АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ПСАЛМЫ 52—59
«Уи хьэлъэр Иеговэ ехьэлІэ»
55-нэ Псаломыр имытх щІыкІэ Даут гугъуехь куэдым пэщІэхуащ:
И пщІэр езыудых псалъэ куэд зэхихащ
И бийхэм къабгъэдэкІыу гугъуехь ишэчащ
Къуаншагъэ ищІам гупсэхугъуэ фІигъэкІуэдащ
И сабийр фІэкІуэдащ
Уз къеуэлІащ
Дзыхь зыхуищІу щытахэр къепцІыжащ
Даут зыпэщІэхуэ гугъуехьхэр дапхуэдэу гугъуу щымытами, абы сыт щыгъуи хэкІыпІэ къигъуэтт. Апхуэдэ гугъуехь пэщІэхуэхэм Даут Алыхьым къыбгъэдэкІыу мыпхуэдэ чэнджэщ яритащ: «Уи хьэлъэр Иеговэ ехьэлІэ» (ДЩІ).
Дауэ а чэнджэщыр ди зэманым къызэрыдгъэсэбэпыфынур?
Узыгъэгузавэ гугъуехь дэтхэнэри Иеговэ тхьэлъэІукІэ хуэІуатэ
Алыхьым и Псалъэмрэ абы и организацэмрэ чэнджэщрэ дэІэпыкъуэгъурэ къыщылъыхъуэ
Алыхьым и Псалъэм ит принципхэм уемыбакъуэу, пхузэфІэкІыр щІэ, хэкІыпІэ къэбгъуэтын щхьэкІэ