Нью-Джерси (США) 2014 гъэм екІуэкІа международнэ конгрессым къекІуэлІа ди къуэш ди шыпхъухэр
КъызэрыщІэбдзэ хъун псалъэхэр
«БИБЛИЯ — ПРОСТО ХОРОШАЯ КНИГА?» ЖЫХУИІЭ БРОШЮРЭР
Публикациер: БрошюрэщІэ къыпхуэсхьащ.
УпщІэр: 2-нэ напэкІуэцІым ит упщІэм сыт хуэдэ жэуапт ептынур?
Едзыгъуэр: Мт 11:19б
Мы псалъэхэм къагъэлъагъуэ Библием ит чэнджэщхэм Іущагъ зэрыхэлъыр. Мы статьям абы теухуауэ нэхъыбэ къыщыпщІэнущ.
«БИБЛИЯ — ПРОСТО ХОРОШАЯ КНИГА?» ЖЫХУИІЭ БРОШЮРЭР
УпщІэр: Дауэ уеплърэ, мы чэнджэщым ди гъащІэр нэхъыфІ ищІыну?
Едзыгъуэр: Мт 6:34
Публикациер: [«Точка зрения Библии. Беспокойство» жыхуиІэ статьяр къызэІух.] Мы статьям щызэпкърыхащ егъэлеяуэ дымыгузэвэну Библиер къызэрыддэІэпыкъуфынур.
Планхэр къэбгъэсэбэпу зегъасэ
УпщІэр: ЦІыху куэд Алыхьым нэхъ гъунэгъу хуэхъуну хуейщ. Алыхьым гъунэгъу зыхуэтщІыну Тхыгъэ ЛъапІэм дыкъызэрыхуриджэр зэгуэр зэхэфхауэ пІэрэ?
Едзыгъуэр: Екъуб 4:8а
Публикациер: Мы планым итщ Тхыгъэ ЛъапІэр къэбгъэсэбэпу Алыхьым теухуауэ нэхъыбэ къызэрыпщІэфынур. [«Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъабжьэм ущІэтыну ухуей?» жыхуиІэ планыр къэгъэсэбэп.]
СЭ КЪЫЗЭРЫЩІЭЗДЗЭНУ ПСАЛЪЭХЭР
Къэхьа щапхъэр къэбгъэсэбэпу, къызэрыщІэбдзэн псалъэхэр уэ езым къэгупсыс.