ДИ ГЪАЩІЭР
Конгрессым теухуауэ дигу идгъэлъын хуейхэр
Алыхьымрэ ди гъунэгъухэмрэ худиІэ лъагъуныгъэр ди гъащІэм сыт щыгъуи къыхэщыну дыхуейщ, конгрессыр щекІуэкІыну зэманри хиубыдэу (Мт 22:37—39). 1 Коринф 13:4—8 Алыхьым и лэжьакІуэхэм яку дэлъын хуей лъагъуныгъэм топсэлъыхь: «ФІылъагъуныгъэм шыІэрэ гущІэгъурэ иІэщ. [...] ФІылъагъуныгъэм хабзэншагъэ зэрихьэркъым, езым и щхьэм и фІагъ къилъыхъуркъым, зигъэгусэркъым... [...] ФІылъагъуныгъэр зэи кІуэдыжынукъым». «Напоминания, связанные с конгрессом» жыхуиІэ видеороликым ущеплъым деж егупсыс а духовнэ махуэшхуэм нэгъуэщІхэм уи лъагъуныгъэр зэребгъэлъэгъуфынум.
ДАУЭ ЛЪАГЪУНЫГЪЭ ЗЭРЫДГЪЭЛЪЭГЪУЭФЫНУР...
тІысыпІэ къыщыдубыдым деж?
макъамэр къыщрагъауэм деж?
конгрессыр щекІуэкІыну къалэм дыкъыщыувыІэм деж?
конрессыр екІуэкІынымкІэ дыдэІэпыкъуурэ?