Библием ит щІэныгъэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ къыпхуихьыфынур?
ПцІы къызыбгъэдэмыкІ Алыхьым гъащІэ мыухыж къыуитыну хуейщ (Иуан 3:16).
СЫТ УЭ ПЩІЭН ХУЕЙР?
Алыхьым и Псалъэ Библиер джы (Иуан 17:3, 17).
Алыхьым къыбжиІэр бгъэзащІэу зегъасэ (Второзаконие 30:19, 20).
Библием къыщыпщІар уи гъащІэм къыщыгъэсэбэп (Екъуб 1:25).
Дуней псом щыпсэу Иеговэ и Щыхьэтхэм зыхащІащ Библием ит пэжыр сэбэп къазэрыхуэхъур. Ахэр я гуапэу Библием къыщащІамкІэ къыбдэгуэшэнущ.
Библием ит пэжхэм теухуауэ нэхъыбэ къыщыпщІэнущ Иеговэ и Щыхьэтхэм къыдагъэкІа «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ брошюрэм. А брошюрэр www.jw.org жыхуиІэ сайтым къыщыбгъуэтынущ.