ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • wp20 № 1 н. 12—13
  • Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа пэжыр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа пэжыр
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2020
  • Мыбы ещхь материал
  • Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн щІидзащ
    Мыухыж гъащІэм ухуэзышэ щІэныгъэ
  • Сыт Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зищІысыр?
    Сыт къытхуигъэувыр Алыхьым?
  • Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зищІысыр сыт?
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
  • Сыт зищІысыр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2020
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2020
wp20 № 1 н. 12—13

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа пэжыр

Алыхьым зэрелъэІун хуейм теухуауэ Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІащ: «Уэ ди Адэ лъапІэу уафэм щыІэ! Уи цІэр цІыхухэм ирегъэлъапІэ. Уи Тепщэныгъэшхуэр кърекІуэ. Уэ узыхуейр уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щІылъэми щрехъу» (Маттэ 6:9, 10). Алыхьым и Тепщэныгъэшхуэр, е нэгъуэщІу жыпІэмэ и Пащтыхьыгъуэр, зищІысыр сыт? Сыт абы и мурадыр? Сыт абы теухуауэ Алыхьым дыщІелъэІун хуейр?

Хьисэ — Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьщ.

Лука 1:31—33: «Абы цІэуэ фІэпщынур Хьисэщ. Ар цІыхушхуэ хъунущ, Тхьэуэ Лъагэм и КъуэкІэ еджэнущ. И адэшхуэ Даут и тахътэр Зиусхьэну Тхьэм абы къритынущ. МыкІуэдыжын тепщэныгъэ Екъуб и лъэпкъым хуиІэнущ абы. И тепщэныгъэшхуэм зэи кІэ иІэнукъым».

Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІым Хьисэ мыхьэнэшхуэ иритт.

Маттэ 9:35: «Хьисэ къалэ псори, жылэ псори къызэхикІухьырт. Тхьэм и псалъэхэр цІыхухэм щаригъащІэрт синэгуэгухэм, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІым щІигъэдаІуэрт, уз зыпкърыт дэтхэнэ цІыхури дэтхэнэ цІыху гукъыдэмыжри игъэхъужырт».

Пащтыхьыгъуэр къызэрыблагъэм и нэщэнэхэм теухуауэ Хьисэ жиІащ.

Маттэ 24:7: «Зы лъэпкъыр адрей лъэпкъым, зы къэралри адрей къэралым езэуэну къызэщІэтэджэнущ. Гъабли къэхъунущ, щІыр щІыпІэ-щІыпІэхэмкІи хуабжьу щыхъеинущ».

Ди зэманым Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр дуней псом щагъэІу.

Маттэ 24:14: «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІым щІылъэ псом тет цІыхухэр ирагъэдэІуэн хуейуэ щытщ, цІыху лъэпкъ псоми я пащхьэм щыхьэт щыхъун щхьэкІэ. Дунейм и кІэухыр къэсынущ абы и ужькІэ».

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ тщІэр

Ар здэщыІэр. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр — ар Алыхьым уафэм щытригъэува правительствэщ (ДАНИИЛ 2:44; МАТТЭ 4:17).

Абы и мурадыр. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм щІылъэ псор жэнэт ищІыжынущ. ЦІыхухэр мамыру, зэкъуэту псэунущ. Узыфэхэмрэ лІэныгъэмрэ щыІэжынукъым (ПСАЛОМ 37:11, 29).

Абы и пащтыхьхэр. Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьу Алыхьым тригъэувар Хьисэщ. 144 000 хъу пащтыхьхэм Хьисэ и гъусэу абы тепщэныгъэ щаІэнущ. Библием зэрыжиІэмкІэ, «мы дунейм и цІыхухэм ящыщу ахэрщ Щынэм зи щхьэ къищэхужар» (ЛУКА 1:30—33; 12:32; АПОКАЛИПСИС 14:1, 3).

Абы и лъабжьэ щІэтхэр. Пащтыхьыгъуэм и лъабжьэ щІэтхэр щІылъэм щыпсэунущ. Ахэр Хьисэ и жыІэм арэзыуэ щІэтынущ икІи Пащтыхьыгъуэм и хабзэхэм тетынущ (МАТТЭ 7:21).

Хьисэ пащтыхьхэм я нэхъыфІу сыт щІыщытыр?

Хьисэ цІыхухэр фІыуэ зылъагъу пащтыхьыфІу щытынущ. Абы щыхьэт тохъуэ Хьисэ щІылъэм щрихьэкІа гъащІэр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы:

  • тхьэмыщкІэхэм и нэІэ ятригъэтт (ЛУКА 14:13, 14);

  • пцІымрэ хабзэншагъэмрэ илъагъу хъутэкъым (МАТТЭ 21:12, 13);

  • природэм тепщэныгъэ хуиІэт (МАРК 4:39);

  • мин бжыгъэ хъу цІыхухэр игъашхэт (МАТТЭ 14:19—21);

  • сымаджэхэм гущІэгъу яхуищІт икІи ахэр игъэхъужт (МАТТЭ 8:16);

  • лІахэр къигъэтэджыжт (ИУАН 11:43, 44).

Сыт Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм иджыпсту къыуитыфынур?

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъабжьэ иджыпсту ущІэувэмэ, уэ насыпыфІэ ухъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и лъабжьэ щІэтхэм:

  • цІыху псоми зэрадэгъуэгурыкІуэным иужь итщ (ЕВРЕЙХЭМ 12:14);

  • я унагъуэхэр быдэщ икІи зэкъуэтщ, зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку лъагъуныгъэрэ пщІэрэ дэлъщ (ЕФЕС 5:22, 23, 33);

  • купщІэ зыхэлъ гъащІэ насыпыфІэ ирахьэкІ икІи Алыхьым хуэлэжьэным мыхьэнэшхуэ ират (МАТТЭ 5:3).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын