ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w19 Август н. 2—7
  • «Ди гур дгъэкІуэдыркъым»!

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Ди гур дгъэкІуэдыркъым»!
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ПАУЛ И ЩАПХЪЭМ СЫТЫМ ДЫХУИГЪАСЭРЭ?
  • ГУГЪУЕХЬ ДИІЭХЭМ ЕМЫЛЪЫТАУЭ ИЕГОВЭ ДЫХУОЛАЖЬЭ
  • ГУГЪЭ ФИІЭР ФИ ГУМ ИВГЪЭЛЪ
  • Гъуэгуанэ къытпэщылъым икІэм нэс дывгъажэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Фхьын хуейр фхьы икІи зэран къыфхуэхъур зытевдз
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
w19 Август н. 2—7

31 СТАТЬЯР

«Ди гур дгъэкІуэдыркъым»!

«Аращи, ди гур дгъэкІуэдыркъым» (2 КОР. 4:16).

128-НЭ УЭРЭДЫР ИкІэм нэс Иеговэ хуэпэжу къанэ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм сыт ящІэн хуейр гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум тету икІэм нэс жэн щхьэкІэ?

ХЬИСЭ И ЛЪЭУЖЬ ирикІуэ дэтхэнэ зыри гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум тету жэуэ жыпІэ хъунущ. Хэти а гъуэгум куэд щІауэ тетщ, хэти зэрытеувэрэ куэд щІакъым, ауэ дэ псори икІэм дынэсыху дыжэн хуейщ. Паул Филиппи къалэм дэс Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІа псалъэхэм къару къытхалъхьэфынущ гъуэгуанэ къытпэщылъым икІэм нэс дыжэну. Филиппи къалэм щыІэ зэхуэсым щыщ языныкъуэхэм Иеговэ хуэлэжьэн зэрыщІадзэрэ илъэс зыбжанэ хъуат. Ахэр Иеговэ и гъуэгум тету фІыуэ жэт, ауэ Паул абыхэм ягу къигъэкІыжащ теубыдагъэ яІэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Ар хуейт абыхэм адэкІи езым щапхъэ трахыну икІи тыгъэр къалъысын щхьэкІэ къарууэ яІэр ирахьэлІэну (Флп. 3:14).

2. Паул Филиппи дэсхэм чэнджэщ и зэманым яритауэ сыт жыпІэ щІэхъунур?

2 Паул Филиппи дэсхэм чэнджэщ и зэманым яритауэ жыпІэ хъунут. А къалэм щыІэ зэхуэсыр къызэрыунэху лъандэрэ гугъуехьхэм пэщІэхуэт. Паулрэ Силэрэ 50-нэ гъэм ирихьэлІэу Македонием кІуэну Алыхьым унафэ къаритат, а унафэм тету ахэр Филиппи кІуащ. Ар гугъуехьхэм щІэдзапІэ хуэхъуащ (Апост. 16:9). Ахэр Лидие и цІэу зы цІыхубз гуэрым хуэзэри, а цІыхубзыр абыхэм жаІэм едэІуащ. «Тхьэм абы и гур хузэІуихащ» икІи абы пэжыр къищтащ (Апост. 16:14). Куэд дэмыкІыу Лидии абы и унэм щІэсхэми псым зыщІагъэуащ. Ауэ Иблисыр жейтэкъым. Паулрэ Силэрэ къаубыдри, къалэм и унафэщІхэм деж яшащ икІи цІыхухэр къызэщІагъэсту пцІы тралъхьащ. Ахэр яубэрэжьщ, лъэхъуэщым ирадзэри иужькІэ къалэм дэкІыну унафэ хуащІащ (Апост. 16:16—40). Ауэ абыхэм я Іэр ирахьэхакъым. ЗэхуэсыщІэ къэунэхуам щыщ къуэш, шыпхъухэр-щэ? Ахэри къикІуэтакъым. Шэч хэмылъу, Паулрэ Силэрэ я щапхъэм ахэр игъэбыдащ.

3. Сытыт Паул къыгурыІуэр? Сыт хуэдэ упщІэхэр зэпкърытхыну?

3 Паул и Іэр иримыхьэхыну унафэ быдэ ищІат (2 Кор. 4:16). Ауэ абы къыгурыІуэт: икІэм нэс жэн щхьэкІэ тыгъэ къыпэщылъыр зыщигъэгъупщэ хъунутэкъым. Паул и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? Ди зэманым псэу къуэш, шыпхъухэм я щапхъэм дауэ къызэригъэлъагъуэр гугъуехь ущыпэщІэхуэхэм деж теубыдагъэ пхъумэну зэрыпхузэфІэкІынур? ИкІи къэкІуэну зэманым теухуауэ гугъэ диІэм дауэ къару къызэрытхилъхьэр зэи ди Іэр едмыхьэхыну?

ПАУЛ И ЩАПХЪЭМ СЫТЫМ ДЫХУИГЪАСЭРЭ?

4. Паул и Іуэхур зыІутым емылъытауэ, Иеговэ жыджэру хуэлэжьэн щхьэкІэ сытыт ищІэр?

4 Филиппи къалэм дэс Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Паул письмо щахуитхам щыгъуэ, дапхуэдэут абы и Іуэхур зэрыщытыр? Паул яубыдауэ унэм къыщІэкІыну хуимыту щІэст. Абы хъыбарыфІыр игъэІуну Іэмал куэд иІэтэкъым. Ауэ абы хузэфІэкІыр ищІэт: и деж къакІуэхэм хъыбарыфІымкІэ дэгуашэт. Абы нэмыщІ жыжьэ щыІэ зэхуэсхэми письмо яхуитхт. Ноби унэм къыщІэмыкІыф Алыхьым и лэжьакІуэ куэд щыІэщ. Ауэ абыхэми я деж къакІуэхэм Иеговэ теухуауэ жраІэн щхьэкІэ Іэмал яІэхэр къагъэсэбэп. Абы нэмыщІ абыхэм письмо ятхри зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм ират унэм щІэсу ямыгъуэт цІыхухэм хуахьын щхьэкІэ.

5. Филиппи 3:12—14 зэритымкІэ, сыт Паул къыдэІэпыкъуар тыгъэ къылъысынур зыфІимыгъэкІуэдыну?

5 Паул Алыхьым тыгъэ къритынур къылъысын щхьэкІэ, япэм ехъулІэныгъэ иІахэмрэ щыуагъэ ищІахэмрэ зэран зыхуигъэхъутэкъым. Абы къыдгуригъэІуащ: «[уи] япэкІэ ит Іуэхухэм» улъэІэсын щхьэкІэ, нэгъуэщІу жыпІэмэ, ехъулІэныгъэ уиІэу икІэм нэс ужэн щхьэкІэ «блэкІа Іуэхухэр» зыщыбгъэгъупщэн хуейщ. (Къеджэ Филиппи 3:12—14.) Сытыт Паул зэран къыхуэхъуфынур? Япэрауэ, иудаизмым щыхэтам щыгъуэ ехъулІэныгъэ иІахэр. Ауэ Паул ар пхъэнкІийуэ илъытащ (Флп. 3:3—8). ЕтІуанэрауэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр япэм кърихуэкІыу зэрыщытам щхьэкІэ зэрызигъэкъуаншэр. Ауэ апхуэдэ гурыщІэхэр абы зытригъакІуэтэкъым. Ещанэрауэ, Иеговэ куэд хуищІауэ, иджы зигъэпсэхун хуейуэ ар егупсысыфынут, ауэ апхуэдэ гупсысэхэр абы игу къигъэкІтэкъым. Паул хъыбарыфІ гъэІунымкІэ ехъулІэныгъэ куэд иІащ, гугъуехь зыпэщІэхуахэм емылъытауэ: ар лъэхъуэщым ирагъэтІысхьащ, башкІэ еуащ, цІыхухэм яукІыну хуейуэ мывэкІэ еуащ, зэрытІысхьа кхъухьхэм ящыщу щыр псым щІилъэфащ, шхын щимыгъуэтаи, зыщитІэгъэн щимыІаи къэхъуащ (2 Кор. 11:23—27). Паул ехъулІэныгъэ куэд иІами, гугъуехь куэд ишэчами, абы ищІэт гъуэгуанэ къыпэщылъым икІэм нэс жэн зэрыхуейр. Дэри абы щапхъэ тетхын хуейщ.

6. «БлэкІа Іуэхухэу» щытынкІэ хъунур сыт?

6 «БлэкІа Іуэхухэр» тщыгъупщэну Паул и щапхъэр дауэ сэбэп къызэрытхуэхъунур? Япэм гуэныхь тщІахэм щхьэкІэ зыдгъэкъуэншэжмэ, Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм теухуауэ куууэ зэпкърытх хъунущ. Абы теухуауэ деджэмэ, дызэджам дегупсысмэ, абы нэмыщІ Алыхьым лъэІукІэ зыхуэдгъазэмэ, Иеговэ цІыхухэм я гуэныхьхэр къазэрыхуигъэгъур къыдгурыІуэнущ. ИкІи Иеговэ къытхуигъэгъуа гуэныхьхэм щхьэкІэ зыдмыгъэкъуаншэу дыхъуфынущ. Паул и щапхъэм иджыри сытым дыхуигъасэрэ? Зыгуэрым ахъшэфІ къызэрыкІ лэжьыгъэ къигъэнауэ къыщІэкІынщ, Иеговэ нэхъыбэу хуэлэжьэн щхьэкІэ. Апхуэдэу щытмэ, «блэкІа Іуэхухэр» зыщыдгъэгъупщэу, къэдгъэнам дыхущІемыгъуэжыну тхуэзэфІэкІыну? (Чис. 11:4—6; Эккл. 7:10). Уеблэмэ, «блэкІа Іуэхухэу» щытынкІэ хъунущ Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІауэ япэм диІа ехъулІэныгъэхэр е гъэунэхуапІэ дызыпэщІэхуахэр. ДауикІ, Иеговэ къызэрыддэІэпыкъуахэр дигу къыщыдгъэкІыжым деж, абы нэхъ гъунэгъу дыхуохъу. Ауэ дэ зэи дегупсыс хъунукъым Иеговэ щхьэкІэ куэд тщІауэ, иджы зыдгъэпсэхун хуейуэ (1 Кор. 15:58).

Некоторые бегуны во время забега, который проводится в городе, останавливаются, чтобы посмотреть на витрины магазинов и воспользоваться мобильным телефоном, и только первый бегун сосредоточен на цели

ГъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум ущытетым деж, зыри зэран зыхуэбгъэхъу хъунукъым. (7-нэ абзацым феплъ.)

7. 1 Коринф 9:24—27 зэритымкІэ, сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр икІэм нэс дыжэн щхьэкІэ? Щапхъэ къэфхь.

7 Паул фІыуэ къыгурыІуэт Хьисэ жиІа псалъэхэм къикІыр: «Куэбжэ зэвымкІэ фызэрыдыхьэным Іэмал зэриІэкІэ и ужь фит» (Лк. 13:23, 24). Паул ищІэт Хьисэ хуэдэу, къарууэ иІэр ирихьэлІэн зэрыхуейр икІэм нэс жэн щхьэкІэ. Аращ Паул Алыхьым и гъуэгум тет цІыхухэр къызэдэжэхэм щІригъэщхьар. (Къеджэ 1 Коринф 9:24—27.) ЦІыху жэм зыщигъэгъупщэкъым мурад иІэр — икІэм нэс жэну икІи зыри зэран зыхуимыгъэхъуну. Зэдэжэныгъэр къалэм щекІуэкІмэ, абы хэтхэр тригъэплъэкъукІынкІэ хъунущ тыкуэнхэм къыщыблэ нэхухэм е нэгъуэщІ Іуэхухэм. Уи нэгу къыпхущІэгъэхьэну ахэр къэувыІауэ тыкуэным щащэ хьэпшыпхэм еплъу? Хьэуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр текІуэну хуейщ! ГъащІэ мыухыжыр къытлъысын щхьэкІэ икІэм нэс дыжэну дэри зыри зэран зыхуэдгъэхъу хъунукъым. Дэ мурад диІэр зыщыдмыгъэгъупщэмэ икІи Паул хуэдэу къарууэ диІэр етхьэлІэмэ, тыгъэр къытлъысынущ.

ГУГЪУЕХЬ ДИІЭХЭМ ЕМЫЛЪЫТАУЭ ИЕГОВЭ ДЫХУОЛАЖЬЭ

8. ДыщыжэкІэ сыт хуэм дызыщІынкІэ хъунур?

8 ДыщыжэкІэ хуэм дызыщІынкІэ хъуну Іуэхугъуищым дытепсэлъыхьынщ: узыщыгугъахэр къэмыхъуамэ, уи узыншагъэр нэхъ Іей хъумэ, куэд щІауэ гугъуехь гуэр уиІэмэ. Апхуэдэ Іуэхугъуэхэм пэлъэщахэм я щапхъэхэм дэ дерс хэтхыфынущ (Флп. 3:17).

9. Гугъэ диІэхэр къэмыхъуауэ щытмэ, ар дауэ зэран къызэрытхуэхъуфынур?

9 Узыщыгугъахэр къэмыхъуамэ. ДауикІ, дэ Иеговэ дыкъызэригъэгугъэхэр къыщыхъуну зэманым хуабжьу дыпоплъэ. Иудэм къыщекІуэкІ Іейр игъэкІуэдыну Аввакум Иеговэ щелъэІуам, Алыхьым ар хуигъэушащ шыІэныгъэ хэлъу ежьэну (Авв. 2:3). Ауэ гугъэ диІэхэр зэман куэдкІэ къэмыхъумэ, гуфІэгъуэр тфІэкІуэду, ди Іэр етхьэхынкІэ хъунущ (Прит. 13:12, Гъэсэпэтхыдэхэр). XX лІэщІыгъуэм апхуэдэ къэхъуащ. Абы щыгъуэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэ куэдым я гугъэт 1914-нэ гъэм я тыгъэр къаІэрыхьэну. Ауэ зэрагугъам хуэдэу хъуакъым. Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм сыт къадэІэпыкъуар я Іэр ирамыхьэхыну?

Ройал и Перл Спатц

Спатц Ройалрэ Перлрэ илъэс куэдкІэ Иеговэ пэжу хуэлэжьащ, 1914-нэ гъэм я гугъар къызэрымыхъуам емылъытауэ. (10-нэ абзацым феплъ.)

10. ЗэщхьэгъуситІым я гугъар къызэрымыхъуар дауэ къащыхъуа?

10 Апхуэдэ гугъуехь зиІа Алыхьым и лэжьакІуитІым и гугъу тщІынщ. 1908-нэ гъэм, ди къуэш Ро́йал Спатц илъэс 20 щыхъум псым зыщІигъэуащ. Абы шэч къытрихьэтэкъым уафэм кІуэну гугъэ иІэр куэд мыщІэу къызэрыхъунум. Уеблэмэ, 1911-нэ гъэм зэпсалъэ и хъыджэбз Перл къызэришэнур щыжриІэм мыпхуэдэу жиІащ: «Уэ бощІэр 1914-нэ гъэм къэхъунур. Дызэрышэну дыхуеймэ, дыпІэщІэн хуейщ!» 1914-нэ гъэм уафэм кІуэну зыщыгугъа тыгъэр къазэрыІэрымыхьар дапхуэдэу къазэрыщыхъуар? Абыхэм я Іэр ирахьэхакъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм я дежкІэ нэхъапэр тыгъэратэкъым, атІэ Алыхьым и мурадыр гъэзэщІэнырат. Ахэр зытет гъуэгур теубыдагъэ яхэлъу икІэм нэс къажыну мурад ящІат. Ройалрэ Перлрэ илъэс куэдкІэ Иеговэ жыджэру хуэлэжьащ икІи уафэм дэкІуеижыху абы хуэпэжу къэнащ. Фэ, дауикІ, къыфхуэмыгъэсу фыпэплъэу къыщІэкІынщ Алыхьым и цІэ ягъэулъияр игъэкъэбзэжу, и тепщэныгъэм нэхърэ нэхъыфІ зэрыщымыІэр наІуэ щищІыну зэманым, абы нэмыщІ дыкъызэригъэгугъахэр щыдигъэлъэгъуну зэманым. Шэч къытевмыхьэ: ар Іэмал имыІэу къэхъунущ, Иеговэ щытриухуа зэманым. А зэманыр къэсыху Алыхьым жыджэру дыхуэвгъэлажьэ икІи дызыщыгугъахэр къэмыхъуамэ, диІэр едвмыгъэхьэх, гъащІэ мыухыжыр къытлъысын щхьэкІэ хуэм зыдмыщІу, икІэм нэс дывгъажэ.

Артур Секорд

И ныбжьыр хэкІуэта иужьи, Артур Секорд (сурэтым сэмэгурабгъумкІэ) Иеговэ нэхъыфІ дыдэр иритыну хуейт. (11-нэ абзацым феплъ.)

11, 12. ГъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум дытету сыт дэ адэкІи дыщІэжэфынур, ди узыншагъэр мыхьэнэншэми? Щапхъэ къэфхь.

11 Уи узыншагъэр нэхъ Іей хъумэ. Зэдэжэныгъэм хэт цІыхур и кІэм нэсын щхьэкІэ узыншагъэ быдэ иІэн хуейщ. Ауэ гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум тету жэ цІыхухэм Іэмал имыІэу узыншагъэ быдэ яІэн хуейкъым. Къарууншэ цІыхуми Иеговэ фІэщхъуныгъэ быдэ хуиІэу, абы и лэжьыгъэм жыджэру хэтыфынущ (2 Кор. 4:16). Псалъэм папщІэ, ди къуэш А́ртур Се́кордb и щапхъэр зэпкърытхынщ. Ар илъэс 88 хъут, илъэс 55-кІэ Вефилым щылэжьат икІи къарууншэ дыдэ хъуат. Зэгуэрым Вефилым щылажьэ медсестрар къуэшым и гъуэлъыпІэм деж къыбгъэдыхьэри къыжриІат: «Сыту куэд Иеговэ щхьэкІэ пщІа уэ! Пэжкъэ, ди дэлъху Секорд?» Ауэ Артур япэм ищІа ІуэхугъуэхэмкІэ и гур игъэфІу щыстэкъым. Ар медсестрам еплъщ, хуэгуфІэри жриІащ: «Ар пэжщ. Ауэ дэ ехъулІэныгъэ диІахэракъым псом нэхърэ нэхъапэу щытын хуейр, атІэ Иеговэ хуэпэжу дыкъызэрыхуэнэныращ».

12 Фэ Иеговэ илъэс куэд щІауэ фыхуэлажьэу къыщІэкІынщ, ауэ иджы фи узыншагъэр мыхьэнэншэ зэрыхъуам къыхэкІкІэ куэд фхузэфІэкІыжу къыщІэкІынкъым. Апхуэдэу щытмэ, фи Іэр евмыхьэх! Шэч къытевмыхьэ: япэм Иеговэ хуэфщІауэ хъуар абы лъапІэу елъытэ (Евр. 6:10). Зыщывмыгъэгъупщэ: Иеговэ дызэрыхуэпэжыр къэзыгъэлъагъуэр абы дызэрыхуэлажьэ зэман бжыгъэракъым, атІэ гуфІэгъуэмрэ гугъэ диІэмрэ зэрызыфІэдмыгъэкІуэдыращ икІи ди Іуэхум теухуауэ тхузэфІэкІыр зэрытщІэращ (Кол. 3:23). Иеговэ дэ дыкъыгуроІуэ икІи тхузэфІэмыкІын къытхуигъэувкъым (Мк. 12:43, 44).

Анатолий и Лидия Мельник

Мельник Анатолийрэ Лидиерэ гугъуехь зыпэщІэхуахэм емылъытауэ Алыхьым хуэпэжу къонэ. (13-нэ абзацым феплъ.)

13. Сыт Анатолийрэ Лидиерэ я нэгу щІэкІар икІи куэд щІауэ гугъуехь гуэрхэр дызэриІэм емылъытауэ, теубыдагъэ диІэну дауэ абыхэм я щапхъэр къызэрыддэІэпыкъур?

13 Куэд щІауэ гугъуехь гуэр уиІэмэ. Иеговэ и Щыхьэт языныкъуэхэм илъэс куэдкІэ гугъуехь яшэч икІи ахэр я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ къыщрахуэкІ къохъу. Ди къуэш Ме́льник Анато́лий и щапхъэм деплъынщc. Ар илъэс 12 фІэкІ мыхъуу и адэр яубыдри ягъэтІысащ икІи иужькІэ Сыбырым ссылкэ ягъэкІуащ, щыпсэуа Молдовэ километр 7 000-м щІигъукІэ пэжыжьэу. Илъэс дэкІри езы Анатолий, абы нэмыщІ и анэмрэ и анэм и адэ-анэмрэ Сыбыр ягъэкІуащ. Зэман гуэр дэкІри нэгъуэщІ къуажэм щыІэ зэхуэсхэм кІуэну абыхэм Іэмал яІэ хъуащ. Ауэ абы щхьэкІэ ахэр щІымахуэ щІыІэ уаем уэсым кІуэцІрыкІыу километр 30-кІэ (сыхьэтихым щІигъукІэ) лъэсу кІуэн хуейт. ИужькІэ ди къуэш Мельник и щхьэгъусэ Лидиерэ илъэс фІэкІ мыхъу и пхъу цІыкІумрэ къыбгъэдашри лъэхъуэщым ягъэкІуащ икІи илъэсищкІэ ирагъэсащ. Гугъуехь зыпэщІэхуахэм емылъытауэ Анатолийрэ и унагъуэмрэ Иеговэ пэжу хуэлэжьэн щагъэтакъым. Иджыпсту Анатолий илъэс 82 мэхъу икІи ар Средняя Азием филиалым и комитетым щолажьэ. Аращи, Анатолийрэ Лидиерэ щапхъэ тедвгъэх икІи япэм диІа теубыдагъэм хуэдэ иджыпстуи диІэу, ди къарум къызэрихькІэ Иеговэ тхузэфІэкІыр хуэдвгъащІэ (Гал. 6:9).

ГУГЪЭ ФИІЭР ФИ ГУМ ИВГЪЭЛЪ

14. Паул тыгъэр къылъысын щхьэкІэ сытыт ищІэр?

14 Паул шэч къытрихьэтэкъым и кІэм нэс жэуэ тыгъэр къызэрылъысынум. Абы уафэм кІуэну гугъэ иІэт. Ауэ абы къыгурыІуэт а тыгъэр къыІэрыхьэн щхьэкІэ къару ирихьэлІэн зэрыхуейр (Флп. 3:14). Филиппи дэс къуэш, шыпхъухэм зыхущІэкъун хуей тыгъэр ящымыгъупщэжын щхьэкІэ Паул щапхъэфІ къахуихьат.

15. Паул Филиппи дэсхэм сыт хуэдэ щапхъэ къахуихьар икІи а щапхъэм дапхуэдэут ахэр зэрыхуигъэушыр тыгъэ къапэщылъым хущІэкъуну?

15 Паул Филиппи дэсхэм ягу къигъэкІыжат: «Дэ ди хэкур уафэрщ» (Флп. 3:20). Ар зыщамыгъэгъупщэным сытыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр? А зэманым рим цІыхуу ущытыныр лъапІэу ялъытэтd. Ауэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр Алыхьым къыхиха цІыхуу щытт икІи апхуэдэу зэрыщытым абыхэм, дауикІ, Іэмал нэхъыбэ къахузэІуихт рим цІыхуу ущытыным нэхърэ. Абы къыхэкІкІэ Паул Филиппи дэсхэр хуигъэушащ: «Мэссихь теухуа хъыбарыфІым хуэфащэу фыпсэу» (Флп. 1:27). Мы едзыгъуэм къыщыхьа «фыпсэу» псалъэр «Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и цІыхухэм хуэдэу фыщыт» жыпІэу зэбдзэкІ хъунущ. Нобэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм щапхъэфІ дагъэлъагъу тыгъэ къытпэщылъым дызэрыхущІэкъун хуейм теухуауэ.

16. Филиппи 4:6, 7 зэритымкІэ, уафэм дыкІуэну гугъэ диІэми щІылъэм дыщыпсэуну гугъэ диІэми сыт тщІэн хуейр?

16 Дэ уафэм дыкІуэну гугъэ диІэми щІылъэм дыщыпсэуну гугъэ диІэми тыгъэ къытпэщылъыр къытІэрыхьэным адэкІи дыхущІэкъун хуейщ. Къэдгъэнам зэи дыхущІегъуэжынкъым икІи Иеговэ дыхуэлэжьэну зыри зэран зыхуэдгъэхъункъым (Флп. 3:16). Иеговэ дыкъызэригъэгугъахэр къэхъуным куэд щІауэ фежьэу къыщІэкІынщ. Фи щІалэгъуэр блэкІауэ, къару куэди фимыІэжу щыт хъунщ е илъэс куэд щІауэ гугъуехьхэмрэ къызэрыфпэщІэувэмрэ фшэч хъунщ. Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм фимыхуами «зыми фремыгъэгузавэ». Ауэ «Тхьэм фелъэІуурэ... фызыхуэныкъуэр евгъащІи», абы фи нэгу къыфхущІэмыгъэхьэну гузэгъэгъуэ къывитынущ. (Къеджэ Филиппи 4:6, 7.)

17. Сыт къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынур?

17 Зэдэжэныгъэм хэт цІыхур и кІэм щынэсым деж къарууэ иІэр ирехьэлІэ. Абы хуэдэу дэри ди мурадыр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым — гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум и кІэм дынэсыну. Ди Іуэхур зыІутым елъытауэ икІи ди къарум къызэрихькІэ тхузэфІэкІыр тщІэуэ Иеговэ дыхуэлэжьэнщ икІи къытпэщылъ зэман дахэр зыщыдгъэгъупщэнкъым. Сыт тщІэн хуейр дыздэжэн хуей лъэныкъуэмкІэ дыжэн щхьэкІэ икІи ди къарур дымыухын щхьэкІэ? КъыкІэлъыкІуэ статьяр къыддэІэпыкъунущ «псом нэхърэ нэхъапэр сытми» зэхэдгъэкІыну (Флп. 1:9, 10, ДЩІ).

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Дауэ Паул и щапхъэм дызэрыхуигъэушыр Иеговэ адэкІи дыхуэлэжьэну икІи тыгъэ къытпэщылъыр зыщыдмыгъэгъупщэну?

  • ГъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум дытемыкІыу дауэ адэкІи дызэрыжэнур ди узыншагъэр нэхъ Іей хъумэ, куэд щІауэ гугъуехь гуэр диІэмэ икІи дызыщыгугъахэр къэмыхъуамэ?

  • Паул хузэфІэкІыр ищІэу гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум темыкІыу адэкІэ жэну сытыт хуэзыгъэушыр?

54-НЭ УЭРЭДЫР «Мис гъуэгур»

a Иеговэ дапхуэдиз щІауэ дыхуэмылажьэми дэ гъащІэ мыухыжыр къытлъысын щхьэкІэ икІэм нэс къарууэ диІэр етхьэлІэнущ. Дэ нэхъыфІыжу Хьисэ и лъэужь дызэрырикІуэным дыхущІэкъун хуейщ. Апостол Паул къуэшхэр къыхуриджэт зэи я Іэр ирамыхьэхыну. Абы Филиппи дэсхэм яхуитха письмом къару къытхелъхьэ адэкІи гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум дытету дыжэну. Мы статьям дэ къыщытщІэнущ Паул Алыхьым къыбгъэдэкІыу итха псалъэхэр дапхуэдэу къэдгъэсэбэпынуми.

b 1965-нэ гъэм, мэкъуауэгъуэм и 15 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ди къуэш Секорд и гъащІэм теухуауэ итщ (англ.).

c 2004-нэ гъэм, жэпуэгъуэм и 22 къыдэкІа «Фыкъызэщыу!» журналым ди къуэш Мельник и гъащІэм теухуауэ итщ.

d Филиппи къалэр Римым и колониеу щытт икІи рим цІыхухэм хуитыныгъэ яІахэм щыщу языныкъуэ хуитыныгъэхэр Филиппи щыпсэухэм яІэт. Аращ Паул къихьа щапхъэр а къалэм дэс Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм къащІыгурыІуар.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын