ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • wp19 № 1 н. 10—12
  • Сыт Алыхьым дэ къытхуищІар?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Сыт Алыхьым дэ къытхуищІар?
  • ХъумакІуэ чэщанэм Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр егъэІу (ягуэш журналыр) 2019
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • АЛЫХЬЫМ ДУНЕЙ ДАХЭ КЪЫДИТАЩ
  • АЛЫХЬЫМ БИБЛИЕР КЪЫДИТАЩ
  • АЛЫХЬЫМ И КЪУЭР ДЭР ЩХЬЭКІЭ ИТАЩ
  • ГъащІэ мыухыж уиІэу щІылъэм ущыпсэуфынущ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2018
  • Щхьэщэхужыр — Алыхьым къыбгъэдэкІ тыгъэ лъапІэщ
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
ХъумакІуэ чэщанэм Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр егъэІу (ягуэш журналыр) 2019
wp19 № 1 н. 10—12
Іэдэмрэ Хьэуарэ Іэдэн жыг хадэм щыпсэут

Сыт Алыхьым дэ къытхуищІар?

ЦІыху гуэр къэпцІыхун ипэ, къапщІэ хъунущ, абы и гъащІэм сыт хуэдэ ехъулІэныгъэхэр иІами икІи сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэтами. Абы ещхьу дэри Алыхьыр къэтцІыхуну дыхуеймэ, дэ нэхъыбэ къэтщІэн хуейщ абы ищІахэм теухуауэ. Уэ гъэщІэгъуэн пщыхъуну къыщІэкІынщ дэ абы фІыгъуэ куэд къызэрыдитар, абыхэм ди гъащІэр нэхъ ІэфІ зэращІыр икІи къэкІуэну зэманым гуфІэгъуэ куэд къызэрытхуахьынур.

АЛЫХЬЫМ ДУНЕЙ ДАХЭ КЪЫДИТАЩ

Алыхь Иеговэ Дунеишхуэр къигъэщІащ икІи «езым и хьэл-щэну ямылъагъуфым [абы] къигъэщІахэмкІэ цІыхухэм нахуэу гу лъатэн ялъокІ» (Рим 1:20). Алыхьым теухуауэ Библием итщ: «И къарумкІэ абы щІылъэр къигъэщІащ, и ІущагъымкІэ щІыгулъ пшэрыр иухуащ, и акъылыфІагъымкІэ уафэр иубгъуащ» (Иеремия 10:12). Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэр щыхьэт тохъуэ дэ абы фІыуэ дыкъызэрилъагъум.

Иеговэ «Езым и теплъэ иІэу» дыкъызэригъэщІам и фІыгъэкІэ дэ ди гъащІэр нэхъ дахэ мэхъу (ЩІэдзапІэ 1:27). Абы къокІ Иеговэ и хьэл-щэнхэм хуэдэ дэри зэрыдгъэлъэгъуэфынур. Иеговэ и еплъыкІэр ди еплъыкІэу икІи абы лъапІэу илъытэр дэри лъапІэу тлъытэу дыщытыфынущ. Абы ди гъащІэм мыхьэнэ къыхелъхьэ икІи насыпыфІэ дещІ. Езы Иеговэ апхуэдэу дыкъигъэщІащ. А псом нэмыщІ Иеговэ ныбжьэгъу дыхуэхъуну Іэмал къыдитащ.

Иеговэ щІылъэр къызэригъэщІа щІыкІэм къыхощ абы къытхуиІэ лъагъуныгъэр. Апостол Паул жиІащ: «Тхьэм щыхьэтыншэ зищІакъым: Уафэм къикІыу уэшх къытхуригъэшхыу, и игъуэм гъавэр къытхуигъэкІыу, шхын дыхуимыгъэныкъуэу, дигъэгуфІэу, фІыгъуэшхуэхэр къытхуищІэ зэпытщ» (Апостолхэм 14:17). Дэ дыпсэун щхьэкІэ дызыхуэныкъуэм нэхърэ нэхъыбэ Иеговэ къыдитащ. Алыхьым псэущхьэхэмрэ къэкІыгъэхэмрэ зэмылІэужьыгъуэу къызэригъэщІам къыдгурегъаІуэ гъащІэм гуфІэгъуэ хэтхыу дыпсэуну ар зэрыхуейр. Ауэ Иеговэ къытхуищІэну зыхуея псом ар и Іыхьэ мащІэ дыдэщ.

Иеговэ щІылъэр къыщІигъэщІар цІыхухэм гъащІэ мыухыж яІэу абы щыпсэун щхьэкІэщ. Библием щыжыІащ: «ЩІылъэр цІыху лъэпкъым я къуэхэм яритащ» икІи ар Иеговэ «пщІэншэу къигъэщІакъым, цІыхухэр тез хъун щхьэкІэ къигъэщІащ» (Псалом 115:16; Исаия 45:18). Хэт щІылъэм щыпсэун хуеяр икІи сыт хуэдизрэ? Библием абы и жэуапыр итщ: «ЦІыху пэжхэм мы щІыр щІэину къахуэнэнущ икІи игъащІэкІэ абы щыпсэунущ» (Псалом 37:29).

Иеговэ япэ цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ къигъэщІри Іэдэн жыг хадэм иригъэтІысхьащ. Алыхьыр хуейт а тІур а хадэм кІэлъыплъыну икІи ар зэрахьэну (ЩІэдзапІэ 2:8, 15). Иеговэ Іэдэмрэ Хьэуарэ къалэн гъэщІэгъуэн яритащ: «Фылъхуэ-фыпІэ, фыбагъуэ, щІылъэм тез фыхъуи, ар къэвгъэІурыщІэ» (ЩІэдзапІэ 1:28). Іэдэмрэ Хьэуарэ гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэунут, ауэ ахэр Иеговэ пэщІэувэри, а Іэмалыр яфІэкІуэдащ. АдэкІэ къэтщІэнущ абыхэм ящІам щхьэкІэ Иеговэ щІылъэм хуиІэ мурадыр зэримыхъуэжар икІи Алыхьым цІыхухэм папщІэ иджыри ищІар.

АЛЫХЬЫМ БИБЛИЕР КЪЫДИТАЩ

Библиер Алыхьым и Псалъэщ. Сыт ар Иеговэ къыщІыдитар? Псом япэращи, езыр къэтцІыхун щхьэкІэщ (Притчи 2:1—5). ДауикІ, Иеговэ теухуауэ псори Библием иткъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а псор зы тхылъми ихуэнукъым (Экклезиаст 3:11). Ауэ Библием итым фІыуэ къыдгурегъаІуэ Алыхьыр хэт хъунуми. Иеговэ цІыхухэм зэрахущытым ар нэхъыфІу къыдегъэцІыху. Библием къыщыдощІэ сыт хуэдэ цІыхухэр абы игу ирихьми, сыт хуэдэхэр игу иримыхьми (Псалом 15:1—5). Дэ къыдгуроІуэ сыт хуэдэ диныр абы пэжу илъытэми, сыт хуэдэ хабзэхэр игъэувами икІи мылъкум сыт хуэдэ еплъыкІэ хуиІэми. А псом нэмыщІ дэ Иеговэ нэхъыфІыжу къыдоцІыху абы и Къуэ Хьисэ ищІамрэ жиІамрэ теухуауэ Библием дыкъыщеджэм деж (Иуан 14:9).

Иеговэ Библиер къыщІыдитам иджыри зы щхьэусыгъуэ иІэщ. Ар хуейщ ди гъащІэр дахэу, купщІэ хэлъу етхьэкІыну. Библием дэ къыщыдощІэ унагъуэхэр дауэ насыпыфІэ хъуфынуми, ди гъащІэмкІэ арэзыуэ дауэ дыщытыфынуми икІи ди гум илъ мамырыгъэр дауэ тхъума хъунуми. ГъащІэм мыпхуэдэ упщІэхэр къыщоув: «Апхуэдиз гузэвэгъуэ щІыщыІэр сыт?», «Сыт хуэдэ гъащІэ къытпэщылъыр?» Мы упщІэхэм я жэуапхэмрэ Алыхьым и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ ищІамрэ мы журналым уэ къыщыпщІэнущ.

Библиер къызэрыгуэкІ тхылъу зэрыщымытым икІи ар Алыхьым къызэрыбгъэдэкІым щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ куэд щыІэщ. А тхылъыр илъэс 1 600-м и кІуэцІкІэ цІыху 40 хуэдизым ятхами, ар зытепсэлъыхьыр зыщ (2 Тимофей 3:16). Пасэ зэманым ятха тхылъхэм елъытауэ, Библием зэхъуэкІыныгъэ хэмылъу ди зэманым къэсащ. Абы щыхьэт тохъуэ щэ бжыгъэкІэ щыІэ пасэрей Іэрытххэр. Куэдыр хуеящ Библиер зэзыдзэкІхэм зэран яхуэхъуну икІи а тхылъыр цІыхухэм деж нэмысыну. Ауэ, абы емылъытауэ, ди зэманым Библием нэхърэ бзэ нэхъыбэкІэ зэрадзэкІрэ, нэхъ куэду къыдагъэкІрэ зы тхылъи щыІэкъым. Библиер цІыху куэдым зэраІэр щыхьэт тохъуэ «ди Алыхьым и псалъэр игъащІэкІэ щыІэнущ» жыхуиІэ псалъэхэм (Исаия 40:8).

АЛЫХЬЫМ И КЪУЭР ДЭР ЩХЬЭКІЭ ИТАЩ

Алыхьым и мурадыр зэригъэзэщІэнумкІэ гугъапІэ быдэ къыдитащ. А гугъапІэри и Іэху телъыджэхэм ящыщ зыт. Ипэм зэрыжытІащи, Алыхьым и мурадщ цІыхухэм гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щигъэпсэуну. Ауэ Іэдэм Алыхьым зэрыпэщІэувам и ягъэкІэ езыми и щІэблэми гъащІэ мыухыжыр яфІэкІуэдащ. Библием щыжыІащ: «Гуэныхь лэжьыныр дунейм къытехьэну къызыпкърыкІар зы цІыхущ. Гуэныхьым щІыгъуу лІэныгъэри дунейм къытехьащ. Апхуэдэу, цІыху псоми гуэныхь зэращІам щхьэкІэ лІэныгъэр я Іыхьэ хъуащ» (Рим 5:12). Іэдэм ищІар зэран хуэхъуа Алыхьым и мурадым? Дауэ Иеговэ абы зэреплъар?

Иеговэ абы щыгъуэ ищІам и хьэл-щэн нэхъыщхьэхэр къыхэщащ. И захуагъэм къыхэкІкІэ, абы Іэдэмрэ Хьэуарэ тезыр ятрилъхьами, а тІум къатехъукІыну щІэблэм лъагъуныгъэ яригъэлъэгъуащ. А Іуэхугъуэм и хэкІыпІэр Іущагъ хэлъу Алыхьым къигъуэтащ икІи абы теухуауэ занщІэу жиІащ (ЩІэдзапІэ 3:15). Иеговэ и Къуэ Хьисэ Мэссихь и пщэ дилъхьащ цІыхухэр гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ къаІэщІихыну. Дауэ Хьисэ ар зэригъэзэщІар?

Хьисэ цІыхухэр ирегъаджэ

Іэдэм къытхуихьа гугъуехьхэм дыкъыІэщІихын щхьэкІэ Иеговэ и Къуэр щІылъэм къигъэкІуащ. Хьисэ щІылъэм къыщІэкІуар «цІыху куэдым щхьэкІэ и псэр щхьэщэхужу итын папщІэщ» икІи ахэр пэжым тету псэуну игъэсэн щхьэкІэщ (Маттэ 20:28; Иуан 14:6)a. Іэдэм хуэдэу Хьисэ зэрыгуэныхьыншэм къыхэкІкІэ, абы и гъащІэр щхьэщэхуж хъуфынут. Ауэ, Іэдэм елъытауэ, Хьисэ щІылъэм щыпсэуху Алыхьым хуэжыІэдаІуэу щытащ. Хьисэ къимылэжьауэ яукІати, Иеговэ ар уафэм щыпсэуну къигъэтэджыжащ. Іэдэм къыдимыта гъащІэ мыухыжыр Хьисэ къыдитащ. Библием зэрыжиІэмкІэ, «зы цІыху закъуэр Тхьэм зэремыдэІуам къыхэкІкІэ, цІыху куэд гуэныхьыщІэ хъуащ. Апхуэдэу, зы цІыху закъуэр Тхьэм зэредэІуам щхьэкІи, Тхьэм цІыху куэдми щыпкъагъэ яІэу илъытэнущ» (Рим 5:19). Хьисэ ита щхьэщэхужым и фІыгъэкІэ Алыхьым дыкъызэригъэгугъа гъащІэ мыухыжыр къытлъысыфынущ.

Іэдэм илэжьа гуэныхьым кърикІуа гугъуехьхэр Іуихын щхьэкІэ Иеговэ ищІам езы Иеговэ теухуауэ куэд къыдегъащІэ. Зэрытлъагъущи, Иеговэ къригъэжьа Іуэхур Іэмал имыІэу икІэм нигъэсынущ икІи абы зэран зыри хуэхъуфынукъым. Иеговэ жиІэ псалъэхэр сытым дежи къохъу (Исаия 55:11). А псом къыдгурегъаІуэ дэ Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур. 1 Иуан 4:9, 10 щыжыІащ: «Тхьэм фІыуэ дызэрилъагъур мыпхуэдэу къытхуигъэнэІуащ: ГъащІэ къыдитын щхьэкІэ, Тхьэм езым и Къуэ закъуэр дунейм къигъэкІуащ. ФІылъагъуныгъэ жыхуэсІэр Тхьэм дэ худиІэ фІылъагъуныгъэр аракъым, атІэ Тхьэм фІыуэ дэ дилъагъуу, ди гуэныхьхэр тхуэзыпшыныжын къурмэныпхъэ хъуну езым и Къуэр къызэригъэкІуар арщ».

Шэч хэлъкъым «Тхьэуэ зи Къуэм щымысхьу дэр щхьэкІэ къурмэныпхъэ зыщІам» адрей дыкъызэригъэгугъа и псалъэхэри зэригъэзэщІэжынум (Рим 8:32). Сыт Алыхьым дыкъызэригъэгугъэр? КъыкІэлъыкІуэ статьям ар къыщыпщІэнущ.

СЫТ АЛЫХЬЫМ ДЭ КЪЫТХУИЩІАР? Иеговэ цІыхухэр къигъэщІащ гъащІэ мыухыж яІэу ахэр щІылъэм щыпсэуну. Дэ Алыхьым Библиер къыдитащ езым теухуауэ къэтщІэн щхьэкІэ. Хьисэ гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ дыкъыІэщІихын щхьэкІэ, Иеговэ ар къытхуигъэкІуащ.

a Щхьэщэхужым теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэну ухуеймэ, Иеговэ и Щыхьэтхэм къыдагъэкІа «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъым, 27-нэ урокым еплъ. Ар www.jw.org сайтым къыщыбгъуэтынущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын