ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Декабрь н. 9—14
  • Нэчыхьым пщІэ хуэфщІ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Нэчыхьым пщІэ хуэфщІ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ПІАЛЪЭ ГУЭРКІЭ НЭЧЫХЬЫМ ХЫХЬА ЗЭХЪУЭКІЫНЫГЪЭХЭР
  • НЭЧЫХЬЫР ЩІЭПКЪУТЭЖ ХЪУНЫМ ЗЫ ЩХЬЭУСЫГЪУЭЩ ИІЭР
  • ЗЭЩХЬЭГЪУСЭХЭР ГУГЪУЕХЬХЭМ ЩЫПЭЩІЭХУЭМ ДЕЖ
  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • ХьэгъуэлІыгъуэ нэужьым
    Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Декабрь н. 9—14

Нэчыхьым пщІэ хуэфщІ

«Тхьэм гъусэ зэхуищІа цІыхуитІыр цІыхум зэбгъэдигъэкІыж хъунукъым» (Мк. 10:9).

УЭРЭДХЭР: 131, 132

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Иеговэрэ Хьисэрэ нэчыхьым дауэ зэрыхущытыр?

  • Нэчыхьыр щІэпкъутэж хъуным сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ закъуэ иІэр икІи сыт языныкъуэхэм я нэчыхьыр ямыкъутэжыну унафэ щІащІыр?

  • И щхьэгъусэр имыгъусэу щхьэхуэу псэуну егупсысхэм Библием ит сыт хуэдэ чэнджэщ зыщагъэгъупщэн хуэмейр?

1, 2. Еврейхэм 13:4 ит псалъэхэм сытым дыхуагъэушрэ?

ДЭ ПСОМИ Иеговэ щІыхь хуэтщІыну дыхуейщ. Абы пщІэ хуэтщІыну хуэфащэщ икІи езыми пщІэ къытхуищІыжыну дыкъегъэгугъэ (1 Сам. 2:30; Прит. 3:9, Гъэсэпэтхыдэхэр; Апок. 4:11). Абы нэмыщІ ар хуейщ нэгъуэщІ цІыхухэм пщІэ яхуэтщІыну, псалъэм папщІэ къэрал унафэщІхэм (Рим 12:10; 13:7). Ауэ пщІэ зыхуэтщІын хуей нэгъуэщІ гуэри щыІэщ — ар нэчыхьыращ. Абы мыхьэнэшхуэ иІэщ.

2 Апостол Паул итхат: «Нэчыхьыр цІыху псоми ирегъэлъапІэ, лІымрэ фызымрэ я пІэр къабзэу щрет» (Евр. 13:4). Мы едзыгъуэм ит Паул и чэнджэщым къегъэлъагъуэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэ дэтхэнэми нэчыхьыр лъапІэу илъытэн зэрыхуейр. ФызэупщІыж: «Сэри апхуэдэу нэчыхьым сыхущыт?» Мы упщІэм мыхьэнэшхуэ иІэщ, псом хуэмыдэу щхьэгъусэ зиІэхэм дежкІэ.

3. Нэчыхьым теухуауэ Хьисэ сыт хуэдэ унафэ итар? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

3 Нэчыхьым пщІэ хуэтщІмэ, дэ Хьисэ щапхъэ тыдох. Фарисейхэр Хьисэ къыбгъэдыхьэри зэщхьэгъусэхэр зэбгъэдэкІыж хъунрэ мыхъунрэ къеупщІат. Абдежым япэ унагъуэр зыухуа Алыхьым и псалъэхэр Хьисэ къихьащ: «ЛІыр и адэ-анэм яхэкІынурэ, и фызым щІыгъуу тІури зыпкъ хъунущ». ИкІи щІигъужащ: «Тхьэм гъусэ зэхуищІа цІыхуитІыр цІыхум зэбгъэдигъэкІыж хъунукъым». (Къеджэ Марк 10:2—12; ЩІэдз. 2:24).

4. Нэчыхьым теухуауэ Иеговэ сыт хуэдэ мурад иІа?

4 Хьисэ и псалъэхэмкІэ къигъэлъэгъуащ нэчыхьыр Алыхьым зэриухуар икІи зэщхьэгъусэхэр зэбгъэдэкІыж зэрымыхъунур. Алыхьым Іэдэмрэ Хьэуарэ яжриІакъым я нэчыхьыр якъутэж хъуну. Иеговэ и мурадымкІэ ахэр игъащІэ псокІэ зэдэпсэун хуейт.

ПІАЛЪЭ ГУЭРКІЭ НЭЧЫХЬЫМ ХЫХЬА ЗЭХЪУЭКІЫНЫГЪЭХЭР

5. ЦІыхухэр лІэуэ зэрыхъуам щхьэкІэ нэчыхьым сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьа?

5 Ауэ Іэдэм ищІа гуэныхьым цІыхухэм я гъащІэр ихъуэжащ. Арати, цІыхухэр лІэуэ зэрыхъуам щхьэкІэ нэчыхьым зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьащ. Апостол Паул къызэрыдгуригъэІуамкІэ, Алыхьым и лэжьакІуэм и щхьэгъусэр лІауэ щытмэ, я нэчыхьыр мэкъутэ икІи нэгъуэщІ щхьэгъусэ зригъэгъуэтыжыну ар хуит мэхъу (Рим 7:1—3).

Мусэ и хабзэм къыдгурегъаІуэ Алыхьым нэчыхьыр лъапІэу зэрилъытэр

6. Алыхьыр нэчыхьым зэрыхущытым теухуауэ Мусэ и хабзэм сыт къыдгуригъаІуэр?

6 Алыхьым израил лъэпкъым ирита Хабзэм нэчыхьым теухуауэ унафэхэр итт. Псалъэм папщІэ, а зэманым цІыхухъум зы щхьэгъусэ нэхърэ нэхъыбэ иІэ хъуну Алыхьым яхуидат. Ауэ Алыхьым и лъэпкъым Хабзэр иримыт щІыкІи, цІыхухэм апхуэдэу ящІу щытащ. ИкІи а Хабзэм цІыхубзхэмрэ сабийхэмрэ къихъумэт. Псалъэм папщІэ, израил лъэпкъым щыщ цІыхухъум щхьэгъусэу пщылІ цІыхубз иІэу, етІуанэ къишэу щытми, япэ щхьэгъусэм хуэгъэзауэ лІым адэкІи и къалэнхэр игъэзэщІэн хуейт. Алыхьым цІыхухъум хуигъэувт а цІыхубзыр къихъумэну икІи зыхуэныкъуэу хъуар иритыну (Исх. 21:9, 10). Дэ нобэ Мусэ и хабзэм дытетын хуэмейми, абы къыдгурегъаІуэ Алыхьым нэчыхьыр лъапІэу зэрилъытэр. Абы дызэрегупсысыр къыддоІэпыкъу дэри апхуэдэу нэчыхьым дыхущытыну.

7, 8. 1) Нэчыхь къутэжыным теухуауэ сыт Второзаконие 24:1 итыр? 2) Зэщхьэгъусэхэр зэрызэбгъэдэкІыжым Иеговэ дауэ зэрыхущытыр?

7 Нэчыхь къутэжыным теухуауэ сытыт Хабзэм итыр? Нэчыхьым Иеговэ зэрыхущытым зимыхъуэжами, Хабзэм цІыхухъум хуидэт и щхьэгъусэр иригъэкІыжыну, абы «къемызэгъ гуэрхэр ищІэу дилъагъумэ». (Къеджэ Второзаконие 24:1a.) «Къемызэгъ гуэру» цІыхубзым ищІэнкІэ хъуным теухуауэ Хабзэм зыри щыжыІатэкъым. Ауэ абы зи гугъу ищІыр Іуэху цІыкІуфэкІу гуэртэкъым — ар унагъуэм и напэр тезых къуаншагъэшхуэу щытын хуейт (Втор. 23:14). Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Хьисэ щІылъэм щытета зэманым щыгъуэ журт куэдым я щхьэгъусэхэр «сыт хуэдэ щхьэусыгъуэкІи» ирагъэкІыж хъуну къалъытэт (Мт. 19:3). Дэ, дауикІ, дыхуейкъым нэчыхьым апхуэдэ еплъыкІэ худиІэну.

8 Зэщхьэгъусэхэр зэрызэбгъэдэкІыжым Алыхьыр зэрыхущытыр бегъымбар Малахие итхащ. Абы и зэманым цІыхухъухэм я щІалэгъуэм къаша я щхьэгъусэр ирагъэкІыжын я хьэлт. Ахэр хуейуэ къыщІэкІынт нэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщ ныбжькІэ нэхъ щІалэ цІыхубзхэр къашэну. А Іуэхум теухуауэ Иеговэ жиІар Малахие итхащ: «Нэчыхь къутэжыныр слъагъу хъукъым» (Мал. 2:14—16). А гупсысэр хуокІуэ Иеговэ япэ дыдэ унагъуэр щиухуам щыгъуэ жиІа псалъэхэм: «ЛІыр... и фызым щІыгъуу, тІури зыпкъ хъунущ» (ЩІэдз. 2:24). Хьисэ и Адэм и еплъыкІэм хуэдэ иІэт. Абы жиІащ: «Тхьэм гъусэ зэхуищІа цІыхуитІыр цІыхум зэбгъэдигъэкІыж хъунукъым» (Мт. 19:6).

И лъэпкъыр къызэрепцІыжар Алыхьым дауэ къызэрыщыхъуар?

Иудэмрэ Израилымрэ Иеговэ епцІыжат. Абыхэм тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэ лъэпкъхэм зэгурыІуэныгъэ иращІылІэри, а лъэпкъхэм я тхьэхэм хуэлажьэу щІадзат. Абыхэм я щытыкІэр «мывэхэмрэ жыгхэмрэ» зинэ дащІэм ебгъэщхь хъунут, абы щхьэкІэ Алыхьым ахэр игъэкъуэншащ (Иер. 2:13, 20; 3:1—3, 9; евгъапщэ Иезекииль 16:28; Екъуб 4:4). Иудэмрэ Израилымрэ дэс цІыхухэм захъуэжыну хуэмейуэ, «къэхьпагъэ зезыхьэ фызым» хуэдэу зэрыщытым щхьэкІэ, Алыхьым мурад ищІащ ахэр ІэщІыб ищІыну. Абы жиІащ: «Ар щыслъэгъуам, къызэпцІыжа Израилыр сыутІыпщыжри, зэризгъэкІыжам щыхьэт техъуэ тхылъ естащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы зинэ ищІэт» (Иер. 3:6—8).

НЭЧЫХЬЫР ЩІЭПКЪУТЭЖ ХЪУНЫМ ЗЫ ЩХЬЭУСЫГЪУЭЩ ИІЭР

9. Марк 10:11, 12 ит Хьисэ и псалъэхэм сыт къикІыр?

9 Зыгуэрым мыпхуэдэ упщІэ иІэнкІэ хъунущ: «Иеговэ и лэжьакІуэм нэчыхьыр икъутэжу, нэгъуэщІ щхьэгъусэ зригъэгъуэтыну щхьэусыгъуэ иІэ?» Хьисэ жиІащ: «Зи фыз изыгъэкІыжу нэгъуэщІ фыз къэзышэж дэтхэнэми япэрей фызымкІэ зинэ ищІауэ мэхъу. Фызри и лІым бгъэдэкІыжу нэгъуэщІ лІым дэкІуэжмэ, абыи зинэ ищІауэ мэхъу» (Мк. 10:11, 12; Лк. 16:18). ГурыІуэгъуэщ, Хьисэ нэчыхьым пщІэ зэрыхуищІу щытар икІи адрейхэми апхуэдэу ящІэну зэрыхуеяр. ЦІыхухъум къыхуэпэж и щхьэгъусэр зы щхьэусыгъуэ гуэркІэ иригъэкІыжу нэгъуэщІ къишэжмэ, иригъэкІыжам епцІыжауэ жыпІэ хъунут. Апхуэдэ дыдэу жыпІэ хъунущ цІыхубзыр къыхуэпэж и щхьэгъусэм бгъэдэкІыжмэ. Ар апхуэдэу щІыщытыр зэщхьэгъусэхэр зэрызэбгъэдэкІыжым нэчыхьыр икъутэжкъым — Алыхьым и дежкІэ ахэр адэкІи «тІури зыпкъыу» щытщ. Абы нэмыщІ Хьисэ зэрыжиІамкІэ цІыхухъум къыхуэпэж и щхьэгъусэр иригъэкІыжмэ, зинэ ищІэну хуигъэушу жыпІэ хъунущ. Дапхуэдэу? А зэманым ирагъэкІыжа цІыхубзыр зэрыпсэун имыІэжу къэмынэн щхьэкІэ нэгъуэщІ цІыхухъум дэкІуэжын хуей хъут. Абы щыгъуэ ар и япэ щхьэгъусэм епцІыжауэ жыпІэ хъунут.

Нэчыхьыр щІэпкъутэж хъуным иІэ щхьэусыгъуэ закъуэр

Хьисэ тІэу жиІащ нэчыхьыр пкъутэжу нэгъуэщІ щхьэгъусэ зэбгъэгъуэтыжыным зы щхьэусыгъуэ закъуэ фІэкІ зэримыІэр — ар порне́йа жыхуиІэращ. Сыт а алыдж псалъэм къикІыр? Библием зэрыжиІэмкІэ, порне́йа псалъэм къикІыр — къэрал унафэм тету ятха нэчыхь зимыІэ цІыхухэр зэрызэгъусэращ. Абы иджыри хохьэ: и щхьэгъусэм епцІыжыныр, къэхьпагъэр, е оральнэ, анальнэ секскІэ зэджэ Іуэхугъуэхэр, нэгъуэщІым и укІытапІэм еІусэныр. (2006 гъэм, бадзэуэгъуэм и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэм феплъ.)

10. Иеговэ и лэжьакІуэм нэчыхьыр икъутэжу, нэгъуэщІ щхьэгъусэ зригъэгъуэтыну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ иІэр?

10 Ауэ Хьисэ жиІащ нэчыхьыр щІэпкъутэж хъуным зы щхьэусыгъуэ иІэу. Ар къыбгурагъаІуэ абы и псалъэхэм: «И фыз зинэ имыщІауэ [алыдж. порне́йа] ар изыгъэкІыжу нэгъуэщІ фыз къэзышэж дэтхэнэми зинэ ищІауэ мэхъу» (Мт. 19:9). Хьисэ Іуащхьэм тету псалъэ щыжиІам щыгъуэ ар дыдэм и гугъу ищІащ (Мт. 5:31, 32). ТІум щыгъуэми Хьисэ «зинэ щІэныр» къыхигъэщащ. Зинэ щІэным куэд хеубыдэ: и щхьэгъусэм епцІыжыныр, къэхьпагъэр, нэчыхь зимыІэ цІыхухэр зэгъусэныр, цІыхухъуитІ е цІыхубзитІ зэгъусэныр е цІыхумрэ псэущхьэмрэ зэгъусэныр. Псалъэм папщІэ, щхьэгъусэ зиІэ цІыхухъум зинэ ищІауэ щытмэ, цІыхубзым унафэ ищІыну хуитщ абы бгъэдэкІыжынрэ бгъэдэмыкІыжынрэ. Я нэчыхьыр якъутэжмэ, Алыхьым ахэр зэщхьэгъусэу афІэкІа къилъытэжынукъым.

11. Иеговэ и лэжьакІуэм и щхьэгъусэм зинэ ищІами, абы бгъэдэмыкІыжыну сыт унафэ щІищІынкІэ хъунур?

11 Гу лъыфтэ: Хьисэ жиІакъым уи щхьэгъусэм зинэ ищІамэ (порне́йа), абы Іэмал имыІэу убгъэдэкІыжын хуейуэ. Псалъэм папщІэ, цІыхубзым и щхьэгъусэм бгъэдэмыкІыжмэ нэхъыфІу илъытэнкІэ хъунущ. Сыт щхьэкІэ? Къэхъуам емылъытауэ, абы и лІыр фІыуэ илъагъуу къыщІэкІынщ, абы къыхэкІкІэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкІэр зэтригъэувэжыну мурад ищІынкІэ хъунущ. Абы нэмыщІ цІыхубзым къыгурыІуэу къыщІэкІынщ и щхьэгъусэм бгъэдэкІыжрэ нэгъуэщІым дэмыкІуэжмэ, гугъуехь гуэрхэм зэрыпэщІэхуэнур. Псалъэм папщІэ, и щхьэр езым ипІыжыфыну пІэрэ? Зыгуэрым иригъусэну и Іэпкълъэпкъым и хъуэпсэныгъэхэм ебэныфыну? Закъуэныгъэ зыхимыщІэну пІэрэ? ЗэрызэбгъэдэкІыжар сабийхэм зэран хуэхъуну? Ахэр Библием ит пэжхэм хуригъэджэну нэхъ гугъу хъуну? (1 Кор. 7:14). Пэжщ, зэщхьэгъусэхэр зэрызэбгъэдэкІыжым гугъуехь куэд кърикІуэфынущ.

12, 13. 1) Хьошеа и унагъуэм сыт къыщыхъуар? 2) Хьошеа Гомерь сыт унэм къыщІишэжар икІи зэщхьэгъусэхэм абы сыт хуэдэ дерс хахыфыну?

12 Алыхьыр нэчыхьым зэреплъыр къыдгурыІуэн щхьэкІэ Хьоше́а (Осие) бегъымбарым и щапхъэр зэпкърытхынщ. Иеговэ абы унафэ хуищІащ: «Зинэ зыщІэу щытыну цІыхубз щхьэгъусэу къашэ». Абы нэмыщІ жриІащ: «ЗинэкІэ къалъхуа бынхэр уиІэнущ». Хьошеа Гомерь къишэри, абы «къуэ къыхуилъхуащ» (Ос. 1:2, 3). ИужькІэ абы нэчыхьыншэу къуэрэ, пхъурэ къилъхуащ. Ауэ Гомерь мызэ-мытІэу и щхьэгъусэм зэрепцІыжам емылъытауэ, Хьошеа ар иригъэкІыжакъым. ИкІэм-икІэжым Гомерь и щхьэгъусэ бегъымбарыр къигъанэри, пщылІыпІэ ихуащ. Ауэ Хьошеа ар къищэхужащ (Ос. 3:1, 2). Хьошеа и щапхъэмкІэ Иеговэ дигъэлъэгъуащ израил лъэпкъыр куэдрэ абы епцІыжами, мызэ-мытІэу къазэрыхуигъэгъуар. Сытым дэ абы дыхуигъасэрэ?

13 Иеговэ и лэжьакІуэм и щхьэгъусэр къепцІыжамэ, абы унафэ ищІын хуейщ. Зы лъэныкъуэкІэ, Хьисэ жиІам тепщІыхьмэ, абы щхьэусыгъуэ иІэщ нэчыхьыр икъутэжу, нэгъуэщІ унагъуэ иухуэну. НэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ, и щхьэгъусэм къыхуигъэгъунуи хуитщ. Абы зыри Іей хэлъкъым. Хьошеа Гомерь унэм къишэжри, афІэкІа зинэ имыщІэну жриІащ. Зы зэман гуэркІэ Хьошеа абы иригъусакъым, ауэ иужькІэ иригъусэн щІидзэжащ. Абы хуэдэу Иеговэ хьэзырт и лъэпкъым ищІар къыхуигъэгъуну икІи я зэхуаку дэлъа зэхущытыкІэр иухуэжыну (Ос. 1:11; 3:3—5). Зэщхьэгъусэхэм абы сыт хуэдэ дерс хахыфыну? Иеговэ и лэжьакІуэм къепцІыжа и щхьэгъусэм иригъусэн щІидзэжмэ, абы зэрыхуигъэгъуар къегъэлъагъуэ (1 Кор. 7:3, 5). Абы иужькІэ абы щхьэусыгъуэ иІэжкъым нэчыхьыр икъутэжыну. Иджы зэщхьэгъусэхэр зэдэІэпыкъужурэ нэчыхьым пщІэ хуащІу икІи абыкІэ Алыхьым щапхъэ трахыу зрагъэсэн хуейщ.

ЗЭЩХЬЭГЪУСЭХЭР ГУГЪУЕХЬХЭМ ЩЫПЭЩІЭХУЭМ ДЕЖ

14. 1 Коринф 7:10, 11 зэритымкІэ, сыт унагъуэм къыщыхъункІэ хъунур?

14 Иеговэрэ Хьисэрэ хуэдэу, Алыхьым и лэжьакІуэхэм нэчыхьым пщІэ хуащІын хуейщ. Ауэ гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ ар языныкъуэхэм дежкІэ гугъущ (Рим 7:18—23). Абы къыхэкІкІэ дэ дгъэщІэгъуэн хуейкъым япэ лІэщІыгъуэм псэуа языныкъуэ Алыхьым и лэжьакІуэ зэщхьэгъусэхэм гугъуехьхэр яІэу зэрыщытар. Паул итхат: «Фызыр и лІым бгъэдэкІыж хъунукъым». Ауэ иныкъуэм деж апхуэдэ къэхъут. (Къеджэ 1 Коринф 7:10, 11.)b

Зэщхьэгъусэхэм сыт ящІэ хъунур я нэчыхьыр мыкъутэжын щхьэкІэ? (15-нэ абзацым феплъ.)

15, 16. 1) Зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку гугъуехь гуэрхэр къыдыхьауэ щытмэ, сыт абыхэм ящІэн хуейр икІи сыт щхьэкІэ? 2) Иеговэ и Щыхьэтым и щхьэгъусэр Алыхьым хуэмылажьэмэ икІи я унагъуэм гугъуехь гуэр илъу щытмэ, Библием ит сыт хуэдэ чэнджэщым ар тетын хуей?

15 ЦІыхубзым и щхьэгъусэр къигъанэу щхьэхуэу псэуну унафэ щІищІынкІэ хъунур Паул жиІакъым. Ауэ абы и щхьэусыгъуэр и лІыр къызэрепцІыжаратэкъым, армыхъумэ абы нэчыхьыр икъутэжу нэгъуэщІым дэкІуэжыну хуит хъунут. Паул итхат, зи щхьэгъусэр къэзыгъанэ цІыхубзыр зыми дэкІуэж зэрымыхъунур е и щхьэгъусэм екІужын зэрыхуейр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым и дежкІэ ахэр иджыри зэщхьэгъусэу щытщ. Паул и псалъэхэм къызэрыхэщымкІэ, зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку гугъуехь гуэрхэр къыдыхьауэ щытми, зинэ ямыщІауэ зыр зым хуэпэжмэ, ахэр зэкІужын хуейщ. Абыхэм зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыхуагъазэ хъунущ, ахэр къадэІэпыкъун щхьэкІэ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыми и лъэныкъуэ ямыубыду, Библием тегъэщІа чэнджэщхэр абыхэм иратыфынущ.

16 Ауэ Иеговэ и Щыхьэтым и щхьэгъусэр Алыхьым хуэмылажьэмэ-щэ? Я унагъуэм гугъуехь гуэр илъу щытмэ, Иеговэ и лэжьакІуэр щхьэхуэу псэуну хуит? Ипэм зэрыжытІащи, Библием зэритымкІэ зэщхьэгъусэхэр щызэбгъэдэкІыж хъунур зым зинэ ищІауэ щытмэщ, ауэ ахэр щхьэхуэу псэу щІэхъунум и щхьэусыгъуэхэр иткъым. Паул итхащ: «Фыз гуэрым фІэщхъуныгъэ зимыІэ лІы иІэмэ, лІыри абы дэпсэуну хуеймэ, фызым и лІыр зыбгъэдигъэкІыж хъунукъым» (1 Кор. 7:12, 13). А чэнджэщым ноби дытетын хуейщ.

17, 18. Алыхьым и лэжьакІуэ языныкъуэхэм, я Іуэхур дапхуэдэу гугъуу щымытами, я щхьэгъусэр къамыгъэнэну сыт унафэ щІащІыр?

17 Ауэ «фІэщхъуныгъэ зимыІэ лІым» и щхьэгъусэм дэпсэуну зэрыхуэмейр и щытыкІэмкІэ къыщигъэлъагъуэ къохъу. Псалъэм папщІэ, и щхьэгъусэр хуабжьу иукІынкІэ хъунущ икІи фызым илъытэнкІэ хъунущ ар и узыншагъэм зэран хуэхъуу икІи и гъащІэр фІэкІуэдынкІэ шынагъэ щыІэу. Абы нэмыщІ къэхъункІэ хъунущ цІыхухъум и унагъуэр зыхуей хуигъэзэн имыдэу е Иеговэрэ фызымрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм зэран хуэхъуу. Апхуэдэм деж Иеговэ и лэжьакІуэ цІыхубзым унафэ ищІынкІэ хъунущ и щхьэгъусэм имыгъусэу щхьэхуэу псэуну, и лІым абы дэпсэуну хуэмейуэ жимыІауэ щытми. Ауэ апхуэдэ Іуэхугъуэ ихуа иужь, языныкъуэ шыпхъухэм мурад ящІ я щхьэгъусэм и гъусэу къанэу, я зэхущытыкІэр зэтрагъэувэжыну. Сыт щхьэкІэ?

18 ЛІымрэ фызымрэ щхьэхуэу псэуну мурад ящІми, ахэр зэщхьэгъусэу къэнэнущ икІи ипэкІэ дызытепсэлъыхьа гугъуехьхэм хуэдэ тІури пэщІэхуэнущ. Зэщхьэгъусэхэр зэгъусэу къэнэн щІыхуейм иджыри и зы щхьэусыгъуэр апостол Паул жиІащ: «Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ фІэщхъуныгъэ зимыІэ лІыр фызым и хьэтыркІэ Тхьэм ейщ. Апхуэдэуи, фІэщхъуныгъэ зимыІэ фызри лІым и хьэтыркІэ Тхьэм ейщ. Армыхъумэ фэ фи бынхэр мыкъабзэу хъунт, ауэ иджы ахэри Тхьэм ейщ» (1 Кор. 7:14). Алыхьым и лэжьакІуэ куэдым, я Іуэхур дапхуэдэу гугъуу щымытами, Иеговэ хуэмылажьэ я щхьэгъусэр къамыгъэнэну унафэ ящІащ. Ахэр гугъу ехьами, иужькІэ я щхьэгъусэр Иеговэ и Щыхьэт зэрыхъуам щыгуфІыкІыжащ. (Къеджэ 1 Коринф 7:16; 1 Пет. 3:1, 2.)

19. Сыт зэхуэсхэм унагъуэ насыпыфІэ куэд щІыхэтыр?

19 Хьисэ къыдгуригъэІуащ нэчыхьыр щІэпкъутэж хъунум сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ иІэми. Абы нэмыщІ апостол Паул щхьэхуэу псэуным теухуауэ чэнджэщ къыдитащ. Хьиси Паули хуейт Алыхьым и лэжьакІуэхэм нэчыхьым пщІэ хуащІыну. Нобэ дуней псом ди зэхуэсхэм унагъуэ насыпыфІэ куэд хэтщ. ЦІыхухъухэм я щхьэгъусэхэр фІыуэ ялъагъу, цІыхубзхэми ялІхэм пщІэ хуащІ. Фэри фи зэхуэсым апхуэдэ унагъуэхэр хэт хъунщ. Абыхэм я щапхъэмкІэ къагъэлъагъуэ нэчыхьым пщІэ хуэпщІу узэрыпсэуфынур. Дэ догуфІэ мелуан бжыгъэ хъу зэщхьэгъусэхэм Иеговэ жиІа псалъэхэр зэрыпэжыр я гъащІэмкІэ къызэрагъэлъагъуэм щхьэкІэ: «ЛІыр и адэ-анэхэм яхэкІынурэ, и фызым гъусэ хуэхъунурэ, а тІур зыпкъ хъунущ» (Еф. 5:31, 33).

a Второзаконие 24:1: «ЦІыхухъум цІыхубз къищтэрэ, ар къишэу щытмэ икІи къемызэгъ гуэру зэрызищІам щхьэкІэ абы а цІыхубзыр игу иримыхьмэ, зэрыригъэкІыжым щыхьэт техъуэ тхылъ итхыу, абы и Іэм ІэщІилъхьэу, и унэм щІигъэкІыжын хуейщ».

b Мы едзыгъуэхэм адыгэбзэкІэ «бгъэдэкІыжын» жаІэу зэрадзэкІа алыдж псалъэм «къэгъэнэн», «щхьэхуэу псэун» къокІ.

ЯЗЫНЫКЪУЭ ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР

  • «Зыпкъ хъунущ»: Иеговэ мы псалъэхэр къигъэсэбэпащ цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ я зэхуаку дэлъыну зэхущытыкІэр къигъэлъэгъуэн щхьэкІэ. ЦІыхухэм я зэхущытыкІэхэм щыщу зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр псом нэхърэ нэхъ зэпэгъунэгъущ. Иеговэ и мурадымкІэ ахэр игъащІэ псокІэ зэдэпсэун хуейт.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын