ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • lff 1-нэ урокыр
  • Уи гъащІэр Библием дауэ нэхъыфІ зэрищІыфынур?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Уи гъащІэр Библием дауэ нэхъыфІ зэрищІыфынур?
  • ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ
  • КЪЭПЩЫТЭЖ
  • НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ
  • Уи гъащІэр Библием дауэ нэхъыфІ зэрищІыфынур?
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курсым и япэ урокищыр
  • Библием удихьэхыу дауэ узэреджэнур?
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Библие джыныр къомыгъэнэну сыт къыбдэІэпыкъунур?
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Библием гугъэ дахэ къыдет
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
Нэхъыбэ еплъын
ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
lff 1-нэ урокыр
1 урокыр. Библие зэгуэхар.

01 УРОКЫР

Уи гъащІэр Библием дауэ нэхъыфІ зэрищІыфынур?

ТхылъымпІэм традзэ тхыгъэ
ТхылъымпІэм традзэ тхыгъэ
ТхылъымпІэм традзэ тхыгъэ

ЦІыхухэм упщІэ куэд яІэщ гъащІэм, лІэныгъэм, гугъуехьхэм икІи ди къэкІуэным теухуауэ. А псом нэмыщІ ди унагъуэр зэрытпІыжынымрэ ар насыпыфІэ зэрытщІынымрэ догупсыс. Куэдым Библием къыщагъуэтащ упщІэ нэхъыщхьэхэм я жэуапхэмрэ гъащІэм сэбэп щыхъу чэнджэщхэмрэ. Уэ дауэ уеплърэ, Библиер цІыхухэм ядэІэпыкъуфыну?

1. Библием сыт хуэдэ упщІэхэм жэуап иритрэ?

Библием мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм жэуап ирет. Псалъэм папщІэ: сыт гъащІэм и мыхьэнэр? ЦІыхухэр гугъу щІехьыр сыт? ЦІыхум лІа нэужь сыт къыщыщІыр? Псори мамырыгъэм хущІэкъумэ, щхьэ зауэхэр щыІэ? ЩІым сыт къыщыщІынур? Мыпхуэдэ упщІэхэм дегупсысыну Библием дыхуегъэуш, икІи абыхэм я жэуапхэр цІыху куэдым езы Библием къыщагъуэтащ.

2. Дауэ Библиер къызэрыддэІэпыкъур?

Библием чэнджэщ щхьэпэ куэд къыщыбгъуэтынущ. Псалъэм папщІэ, абы итщ унагъуэр насыпыфІэ зэрыпщІыным, гугъуехьхэм узэрыпэлъэщыным икІи уи лэжьыгъэр уигу ирихьу зэрызебгъэсэным теухуауэ чэнджэщыфІхэр. Уэ къэплъэгъунущ «Тхьэм и псалъэ тха лъапІэ псори», нэгъуэщІу жыпІэмэ Библием итыр, зэрыщхьэпэр (2 Тимофей 3:16).

Мы тхыгъэр Библием и пІэм иувэкъым, атІэ езы Библиер бджыну ар къыбдэІэпыкъуу аращ. Абы къыхэкІкІэ, урок къэс къыщыхьа Библием щыщ едзыгъуэхэм укъеджэну икІи абыхэм итымрэ мы тхыгъэм къыщыпщІамрэ зэбгъэпщэну дынолъэІу.

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Библиер цІыху зэмылІэужьыгъуэхэм зэрадэІэпыкъуам, абы удихьэхыу узэреджэ хъунум икІи а тхылъыр къыбгурыІуэн щхьэкІэ дэІэпыкъуэгъу ущІыхуэныкъуэм теухуауэ къащІэ.

3. Библием уи гъащІэр гъуэгу пэжымкІэ еунэтІ

Библием нэху къыбгъэдэкІыу жыпІэ хъунущ. Ар къыддоІэпыкъу унафэ пэжхэр тщІыну икІи къытпэщылъым теухуауэ пэжыр къэтщІэну.

Псалом 119:105 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Мы псалъэхэр зытхар Библием дапхуэдэут зэрыхущытыр?

  • Уэ Библием дапхуэдэу узэрыхущытыр?

Гуэлым и Іуфэр мывалъэщ. Пшапэ зэхэуэгъуэм абы ирикІуэ цІыхухъум гъуэгур фонаркІэ къегъэнэху.

4. Ди упщІэхэм я жэуапхэр Библием итщ

Илъэс куэд хъуауэ зыгъэгузавэ упщІэхэм я жэуапхэр зы цІыхубз гуэрым Библием къыщигъуэтащ. ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэхэр зэпкърыфх.

ВИДЕО: «Уи гугъапІэр зэи зыфІомыгъэкІуэд!» (1:48)

  • Мы видеор зытепсэлъыхь цІыхубзым сыт хуэдэ упщІэхэр иІэт?

  • Библиер джын зэрыщІидзар дауэ абы къызэрыдэІэпыкъуар?

Библием дыхуегъэуш мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм дегупсысыну. Маттэ 7:7 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:

  • Сыт хуэдэ упщІэхэм я жэуапхэр Библием къыщыпщІэну ухуейт?

5. Библием удихьэхыу уеджэфынущ

ЦІыху куэдым Библием зэреджэм гуфІэгъуэрэ сэбэпынагъышхуэрэ къахуехь. ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэхэр зэпкърыфх.

ВИДЕО: «Библием уеджэныр» (2:05)

  • Зыгуэр уеджэным теухуауэ мы видеом хэт щІалэгъуалэм сыт жиІэр?

  • Тхылъ еджэну ягу иримыхьми, Библием еджэну щхьэ абыхэм яфІэфІ?

Библием гупсэхугъуэрэ гугъапІэрэ къыщыдогъуэт. Рим 15:4 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:

  • Библием къыуит гупсэхугъуэмрэ гугъапІэмрэ теухуауэ къэпщІэну ухуейт?

6. Библиер къыбгурыІуэн щхьэкІэ, зыгуэр къыбдэІэпыкъун хуейщ

Куэдым гу зэрылъатамкІэ, Библиер уи закъуэу зэрыбджым нэмыщІ, зыгуэрым и гъусэу бджымэ, абы сэбэпынагъышхуэ къыпхуихьынущ. Апостолхэм 8:26—31 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:

  • Библиер къыбгурыІуэну сыт къыбдэІэпыкъунур? (30, 31 едзыгъуэхэм еплъ)

Сурэтхэр: 1. Филипп Ефиопием щыщ къулыкъущІэм Тхыгъэ ЛъапІэм итыр къыгурегъаІуэ. 2. Иеговэ и Щыхьэтыр Библием итым теухуауэ цІыхубзымрэ абы и сабиитІымрэ йопсалъэ.

Ефиопием щыщ къулыкъущІэм Тхыгъэ ЛъапІэм итыр къыгурыІуэн щхьэкІэ зыгуэр къыдэІэпыкъун хуейт. Ноби куэдым Библиер зыгуэрым и гъусэу ядж

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Библиер зыджым и зэманыр пщІэншэу игъакІуэу аращ».

  • Сыт хуэдэ жэуапт ептынур? Сыт щхьэкІэ?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Библием уэ къыщыбгъуэтыфынущ чэнджэщ щхьэпэхэмрэ мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм я жэуапхэмрэ. Абы нэмыщІ Тхыгъэ ЛъапІэм гупсэхугъуэрэ гугъапІэрэ къыуитынущ.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Библиер ди гъащІэм дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъуфынур?

  • Сыт хуэдэ упщІэхэм я жэуапхэр Библием къыщыбгъуэтыфыну?

  • Сыт хуэдэ упщІэхэм я жэуапхэр Библием къыщыпщІэну ухуейт?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Библием ит чэнджэщхэр нобэ сэбэп зэрытхуэхъум теухуауэ къеджэ.

«Сыт хуэдэ зэманми хуэкІуэ чэнджэщхэр» («ХъумакІуэ чэщанэ» № 1 2018)

ЗэрыцІыкІу лъандэрэ зи щхьэм пщІэ хуэзымыщІыжу щыта цІыхухъум Библиер къызэрыдэІэпыкъуам теухуауэ видео еплъ.

«Апхуэдэу гъащІэщІэм щІидзащ» (2:53)

Библиер унагъуэхэм зэрыдэІэпыкъум теухуауэ къащІэ.

«Унагъуэр насыпыфІэ хъуну къыдэІэпыкъу чэнджэщ 12» («Фыкъызэщыу!» № 2 2018)

Дунейр зи ІэмыщІэ илъым теухуауэ Библием ит пэжыр къащІэ.

«Библиер щІэджын хуейр сыт?» (зэрыщыту) (3:14)

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын