8-НЭ ПСАЛЪАЩХЬЭ
Иеговэ хуейщ абы и лъэпкъым къабзагъэр ихъумэну
«Къабзагъэр зыхъумэхэм къабзэу убгъэдэтынущ» (ПСАЛОМ 18:26).
1—3. 1) Сыт анэм и къуэ цІыкІур къабзэу щытыным щІыкІэлъыплъыр? 2) Сыт Иеговэ щІыхуейр абы и лъэпкъым къабзагъэр ихъумэну?
УИ НЭГУ къыщІэгъэхьэт анэм и сабийр школым кІуэну игъэхьэзыру. Анэм сабийм къабзэу зимытхьэщІауэ икІи щыгъын къабзэ зыщимытІэгъауэ школым щІигъэкІкъым. Ар сабийм и узыншагъэм сэбэп хуохъу икІи нэгъуэщІхэм ирегъэлъагъу адэ-анэр сабийм фІыуэ зэрыкІэлъыплъыр.
2 Ди Адэ Иеговэ хуейщ дэ къабзэу дыщытыну (Псалом 18:26). Абы ещІэр къабзагъэр дэ сэбэп къызэрытхуэхъур. ИкІи дэ къабзэу дызэрыщытым Алыхьым щІыхь къыхуехь (Иезекииль 36:22; къеджэ 1 Петр 2:12).
3 Къабзэу ущытыным сыт къикІыр? ИкІи сыт къабзагъэр сэбэп къыщІытхуэхъур? Мы упщІэхэр зэпкърытхмэ, дэ зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр зэрытщІын хуейр къэтлъэгъункІэ хъунущ.
СЫТ ДЭ КЪАБЗЭУ ДЫЩІЫЩЫТЫН ХУЕЙР?
4, 5. 1) Сыт дэ къабзагъэр тхъумэн щІыхуейр? 2) Иеговэ къабзагъэм зэрыхущытыр дауэ и ІэдакъэщІэкІхэм къызэрагъэлъагъуэр?
4 Дэ къабзэу дызэрыщытын хуейр Иеговэ езым и щапхъэмкІэ дегъэлъагъу (Левит 11:44, 45). Аращи, къабзэу дыщытын щІыхуейм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр ар Алыхьым щапхъэ тетхыну дызэрыхуейращ (Ефес 5:1).
5 Иеговэ къабзагъэм зэрыхущытым теухуауэ и ІэдакъэщІэкІхэм куэдым дыхурагъэсэфынущ. Иеговэ жьымрэ псымрэ къабзэу щытын щхьэкІэ природнэ циклхэр къигъэщІащ (Иеремия 10:12). ЦІыхухэм яуцІэпІа щІылъэм зэрызигъэкъэбзэжым егупсысыт. Псалъэм папщІэ, Иеговэ бактериекІэ зэджэ микроорганизмхэр къигъэщІащ икІи ахэр апхуэдизкІэ цІыкІущи, микроскопкІэ фІэкІа плъэгъуфынукъым. Бактериехэм зэранышхуэ зыпылъ отходхэр зэраныгъэ гуэр зыпымылъ вещество ящІыф. Ар Іейуэ гъэщІэгъуэнщ! ЩІэныгъэлІхэм апхуэдэ бактериехэр къагъэсэбэп фІеигъэ гуэрхэр Іуахыжын щхьэкІэ (Рим 1:20).
6, 7. Мусэ и Хабзэм дапхуэдэут къызэригъэлъагъуэр Иеговэ и лэжьакІуэхэр къабзэу зэрыщытын хуейр?
6 Къабзагъэм сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэми Иеговэ Мусэ къигъэсэбэпу израил цІыхухэм ярита Хабзэм къыхощ. Псалъэм папщІэ, Иеговэ и лъэпкъыр къызэрыхуэлажьэм арэзы техъуэн щхьэкІэ ахэр къабзэлъабзэу щытын хуейт. Дин пашэшхуэр я нэхъ Пэш лъапІэм щыщІыхьэ махуэм абы тІэу зигъэпскІын хуейт (Левит 16:4, 23, 24). Адрей дин пашэхэми къурмэн къахьын ипэ я Іэхэмрэ я лъакъуэхэмрэ ятхьэщІын хуейт (Исход 30:17—21; 2 Летопись 4:6). Иныкъуэхэм деж къабзагъэм теухуа хабзэм зыгуэр ебакъуэмэ, а цІыхур яукІын хуейт (Левит 15:31; Числа 19:17—20).
7 Ди зэманым къабзагъэм теухуауэ сыт жыпІэ хъуныр? Иеговэ къытхуигъэувым теухуауэ Мусэ и Хабзэм куэд къыдегъащІэ (Малахия 3:6). Абы ІупщІу къигъэлъагъуэт Иеговэ хуэлажьэ цІыхухэр къабзэу щытын зэрыхуейр. Иеговэ и еплъыкІэм зихъуэжакъым. Ноби ар хуейщ и лэжьакІуэхэм къабзагъэр яхъумэну (Екъуб 1:27).
КЪАБЗЭУ УЩЫТЫНЫМ СЫТ КЪИКІЫР?
8. Сыт хуэдэ лъэныкъуэхэмкІэ дэ къабзэу дызэрыщытын хуейр?
8 Иеговэ зэреплъымкІэ, къабзэу ущытыным хыхьэр уи Іэпкълъэпкъыр, уи щыгъыныр, уи унэр къабзэу пхъумэным и закъуэкъым. Дэ ди гъащІэ псор къабзэу щытын хуейщ. Абы хохьэ Алыхьым дызэрыхуэлажьэр, ди дуней тетыкІэр, ди гупсысэхэр. Пэжщ, Иеговэ къабзэу дилъытэн щхьэкІэ ди гъащІэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи дэ къабзэу дыщытын хуейщ.
9, 10. Алыхьым къабзэу ухуэлэжьэным къикІыр сыт?
9 Алыхьым къабзэу дызэрыхуэлажьэр. Дэ дин нэпцІым зыкІи дыпыщІауэ дыщытын хуейкъым. Израил цІыхухэр Бабилэным гъэру щыщыІам, тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэ, хьэбыршыбырагъэ зезыхьэ цІыхухэм къаухъуреихьт. Бегъымбар Ешайа Алыхьым жригъэІауэ щытащ израил цІыхухэм гъэрыпІэм къикІыжу дин къабзэр зэрызэфІагъэувэжынур. Иеговэ абыхэм яжриІат: «ФыкъыдэкІ абы, мыкъабзэм фемыІусэ. ФакъыхэкІ абыхэм, къабзагъэр фхъумэ». Абыхэм дин къабзэр яуцІэпІын хуейтэкъым бабилэн цІыхухэм я дин нэпцІым зыхуригъаджэхэмкІэрэ я хабзэхэмкІэрэ (Исаия 52:11).
10 Нобэ Алыхьым пэжу хуэлажьэ цІыхухэми дин нэпцІым зыпыІуадз. (Къеджэ 1 Коринф 10:21.) Ди зэманым лъэпкъ куэдым я хабзэхэм, я фІэщ хъухэм дин нэпцІым зыхуригъаджэхэр лъабжьэ хуохъу. Псалъэм папщІэ, куэдым я фІэщ мэхъу цІыхур лІа иужь абы и зы Іыхьэ гуэр псэууэ къанэу икІи апхуэдэ фІэщхъуныгъэм хабзэ куэд тегъэщІащ (Экклезиаст 9:5, 6, 10). Алыхьым и лэжьакІуэхэр апхуэдэ хабзэхэм теткъым. Дэ ди благъэхэм къыттракъузэнкІэ хъунущ а хабзэхэм щыщ гуэрхэм дыхэтыну. Ауэ дэ Иеговэ къабзэу дыкъилъытэну дыхуейщи, абыхэм жаІэм дедэІуэнукъым (Апостолхэм 5:29).
11. Дуней тетыкІэ къабзэм къикІыр сыт?
11 Дуней тетыкІэ къабзэ. Иеговэ къабзэу дыкъилъытэн щхьэкІэ, дэ зинэ щІэным пыщІа дэтхэнэ зы Іуэхуми зыпыІуддзын хуейщ. (Къеджэ Ефес 5:5.) Иеговэ дэ БиблиемкІэ къыджеІэ: «Зинэ щІэным пэІэщІэ зыфщІ». Абы къыдгурегъаІуэ зинэ зыщІэхэм икІи абы хущІемыгъуэж дэтхэнэ зыми «Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкІэ Іыхьэ къазэрылъымысынур» (1 Коринф 6:9, 10, 18; Приложение 22-нэм еплъ).
12, 13. Ди гупсысэхэр къабзэу щІыщытын хуейр сыт?
12 Гупсысэ къабзэхэр. И нэхъыбэм цІыхур зэгупсысыращ ищІэр (Маттэ 5:28; 15:18, 19). Гупсысэ къабзэхэм ІуэхущІафэ къабзэхэм дыхуагъэушынущ. Ауэ дэ гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ зэман-зэманкІэрэ гупсысэ мытэмэмхэр ди щхьэм къохьэ. Апхуэдэ къыщыхъум деж занщІэу къару етхьэлІэн хуейщ ахэр ди акъылым идгъэкІын щхьэкІэ. Апхуэдэу дыщымытмэ, зэман гуэр дэкІауэ дэ гу лъыттэнущ ди гур къабзэу зэрыщымытыжым. Дэ дызэгупсысыр ди гъащІэм щытщІэну дыхуейуэ дыхъункІэ хъунущ. Абы и пІэкІэ дэ Іуэху къабзэхэм дегупсысын хуейщ. (Къеджэ Филиппи 4:8.) Абы щхьэкІэ дэ зинэ щІэным икІи залымыгъэм пыщІа нэгу зегъэужьыкІэхэм зыпыІудодз. Дэ фІыуэ дыхоплъэ дызэджэнур, дызэплъынур, дызытепсэлъыхьынур къыщыхэтхым деж (Псалом 19:8, 9).
13 Алыхьым и лъагъуныгъэм дыщІэту дыкъэнэн щхьэкІэ, дэ Алыхьым дызэрыхуэлажьэри, ди дуней тетыкІэри, ди гупсысэхэри къабзэу щытын хуейщ. Ауэ къабзэлъабзэу дыщытыными Иеговэ дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ.
КЪАБЗЭЛЪАБЗЭУ ДАУЭ ДЫЗЭРЫЩЫТЫФЫНУР?
14. Сыт къабзэлъабзэу дыщІыщытын хуейр?
14 Ди Іэпкълъэпкъымрэ ди хьэпшыпхэмрэ къабзэлъабзэу щыдгъэтмэ, дэри дыкъэзыухъуреихь цІыхухэми абы и сэбэп къикІынущ. Дэ ди узыншагъэр нэхъыфІ хъунущ икІи адрейхэм ди гъусэну я гуапэу щытынущ. Ауэ дэ къабзэлъабзэу дыщІыщытын хуейм иджыри мыхьэнэшхуэ зиІэ зы щхьэусыгъуэ иІэщ. Дэ ди къабзагъэм Иеговэ егъэлъапІэ. Егупсысыт: сабий гуэр сыт щыгъуи фІейуэ щыплъагъум деж уэ абы и адэ-анэр тэмэму кІэлъымыплъу уегупсысу щІыбодзэ. Абы ещхьу дэри къабзэлъабзэу дыщымытмэ, Иеговэ фІы хужаІэнукъым. Паул жиІат: «ЦІыхухэм дэ длэжь ІуэхумкІэ дамыгъэкъуэншэн щхьэкІэ, цІыху гуэрым и гъуэгум ар зыгъэлъэпэрэпэн мывэ тетлъхьэну дыхуейкъым. Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкІэ Тхьэм дызэрыхуэлажьэр лъэныкъуэ псомкІи догъэлъагъуэ» (2 Коринф 6:3, 4).
Дэ Иеговэ и цІэр зэрызетхьэм щхьэкІэ къабзэлъабзэу дыщытын икІи ди хьэпшыпхэри къабзэу зетхьэн хуейщ
15, 16. Сыт дэ тщІэ хъуныр, къабзэлъабзэу дыщытын щхьэкІэ?
15 Ди Іэпкълъэпкъымрэ ди щыгъынымрэ. Дэ къабзагъэм махуэ къэс дыкІэлъыплъын хуейщ. Псалъэм папщІэ, дэ зэрыхъукІэ махуэ къэс зыдогъэпскІ. Дэ ди Іэр сабынкІэ дотхьэщІ дыпщэфІэн, дышхэн ипэ, икІи псыунэм дыкІуа иужь хьэмэрэ фІей гуэр деІуса иужь. Уи Іэр птхьэщІыным мыхьэнэшхуэ имыІэу къыпщыхъуми, ар Іэмал имыІэу пщІэн хуейщ бактериехэр е уз гуэрхэр дымыгъэбэгъуэн щхьэкІэ. ИкІи абы уи гъащІэр къригъэлыфынущ. Псыунэ е канализацэ димыІэми, дэ ди фІейр здэтхьын къэдгъуэтыфынущ. Израил цІыхухэм канализацэ яІэтэкъыми, я фІейр я унэхэмрэ я псымрэ пэжыжьэу щІым щІатІэу щытащ (Второзаконие 23:12, 13).
16 Ди щыгъыныр егъэлеяуэ гъэщІэрэщІауэ, лъапІэу е иужьрей модэм тету Іэмал имыІэу щытын хуейкъым. Ауэ ар къабзэу икІи екІуу щытын хуейщ. (Къеджэ 1 Тимофей 2:9, 10.) Дэ дыхуейщ ди теплъэмкІэ сыт щыгъуи Иеговэ дгъэлъэпІэну (Титу 2:10).
17. Сыт дэ ди унэмрэ ди хьэпшыпхэмрэ къабзэу зетхьэну дыщІыхуейр?
17 Ди унэмрэ ди хьэпшыпхэмрэ. Дэ дэнэ дыщымыпсэуми, ди унэхэр къабзэу зыдохьэ. Абы нэмыщІ ди машинэми, мотоциклми, велосипедми е нэгъуэщІ транспортми дыкІэлъоплъ, псом хуэмыдэу ахэр зэІущІэм е хъыбарыфІыр дгъэІуну дыщыкІуэм деж къэдгъэсэбэпу щытмэ. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дэ цІыхухэм къабзагъэ здэщыІэну дунеищІэм теухуауэ яжыдоІэ (Лука 23:43; Апокалипсис 11:18). Ди унэмрэ ди хьэпшыпхэмрэ зэрыщытым къигъэлъэгъуэфынущ къабзагъэ здэщыІэну дунеищІэм дыщыпсэуну иджыпсту щыщІэдзауэ зэрызыхуэдгъэхьэзырыр.
18. Сыт ди зэІущІэхэр щекІуэкІ щІыпІэхэр къабзэу щІызетхьэр?
18 Ди зэІущІэхэр щекІуэкІ щІыпІэхэр. Ди дежкІэ къабзагъэм мыхьэнэшхуэ зэриІэр къегъэлъагъуэ ди зэІущІэхэр щекІуэкІ щІыпІэхэр къабзэу зэрызетхьэм, ар Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэу е зэхуэсышхуэхэр щекІуэкІ щІыпІэу щытми. Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэм цІыхухэр къыщыкІуэм и нэхъыбэм гу лъатэ ар къабзэу зэрыщытым. Абы Иеговэ егъэлъапІэ. Зэхуэсым дыщыщу дызэрыщытым щхьэкІэ Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэр дгъэкъэбзэфынущ икІи ремонтым дыхэтыфынущ (2 Летопись 34:10).
ХЬЭЛ ІЕЙ ТХУЭХЪУА ІУЭХУ МЫХЪУМЫЩІЭХЭР КЪЫДОГЪАНЭ
19. Сытым дэ зыпыІуддзын хуей?
19 Библием зыхэднэн хуей хьэл мыхъумыщІэхэр псори къримыбжэкІми, Иеговэ абыхэм теухуауэ иІэ еплъыкІэр къэзыгъэлъагъуэ принципхэр абы итщ. Ар хуейкъым дэ тутын дефэну, фадэкІэ едгъэлеину е наркотик зэтхьэлІэну. Дэ Иеговэ и ныбжьэгъуу дыщытмэ, апхуэдэ Іуэхугъуэхэм зыпыІуддзынущ. Сыт щхьэкІэ? Дэ Алыхьым тыгъэу къыдита гъащІэм пщІэ худощІри аращ. Апхуэдэ хьэл мыхъумыщІэхэм ди гъащІэр нэхъ кІэщІ, ди узыншагъэр нэхъ Іей ящІыфынущ икІи дыкъэзыухъуреихь цІыхухэми я узыншагъэм зэран дыхуэхъуфынущ. ЦІыху куэдым а хьэл мыхъумыщІэхэр зыханэну хущІокъу я узыншагъэр нэхъыфІ ящІын щхьэкІэ. Ауэ дэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ щхьэусыгъуэ диІэщ ахэр зыхэднэну — ар Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъуращ. НыбжькІэ щІалэ зы цІыхубзым жиІауэ щытащ: «Иеговэ и фІыщІэкІэ сэ си гъащІэр згъэкъэбзэжащ икІи хьэл Іей схуэхъуа Іуэху мыхъумыщІэ куэд зыхэзнэфащ. [...] Сэ си къарукІэ апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр зэи схуэщІынутэкъым». Хьэл Іей тхуэхъуа Іуэху мыхъумыщІэхэр зыхэднэну къыддэІэпыкъун Библием ит принципитху иджыпсту зэпкърытхынщ.
20, 21. Хьэл Іей тхуэхъуа сыт хуэдэ Іуэху мыхъумыщІэхэр зыхэднэну Иеговэ хуей?
20 «Тхьэм а ІуэхуфІхэмкІэ дыкъызэригъэгугъам щхьэкІэ дипкърэ дигурэ зыгъэуфІей псори зыхэдвгъэгъэкъэбзыкІи, Тхьэм и фІэлІыкІ ди гум илъу, дигу нэхъ къабзэ зэрыхъуным и ужь дивгъэт» (2 Коринф 7:1). Иеговэ хуейкъым дэ ди акъылымрэ ди Іэпкълъэпкъымрэ зэран хуэхъуфыну хьэл мыхъумыщІэхэр тхэлъыну.
21 «Дипкърэ дигурэ зыгъэуфІей псори» зыхэдгъэкъэбзыкІыну дыщІыхущІэкъум и щхьэусыгъуэр 2 Коринф 6:17, 18 итщ. Иеговэ къыджеІэ: «Мыкъабзэм фемыІусэ». ИужькІэ дыкъегъэгугъэ: «Сэ фэ фыздэнущ абы щыгъуэ. Сэ фэ Адэ сыфхуэхъунущ, фэри къуэрэ пхъурэ фыкъысхуэхъунущ». Иеговэ и пащхьэм къабзагъэр щытфІэзыгъэкІуэд Іуэхухэм зыпыІуддзмэ, дэ абы фІыуэ дыкъилъагъунущ, адэм и сабийхэр фІыуэ зэрилъагъум хуэдэу.
22—25. Библием ит сыт хуэдэ принципхэр къыддэІэпыкъуфыну Іуэху мыхъумыщІэхэм зыпыІуддзыну?
22 «Уэ уигу псомкІи, уи псэ псомкІи, уи зэхэщІыкІ псомкІи Зиусхьэну уи Тхьэр фІыуэ лъагъу» (Маттэ 22:37). Ар унафэхэм я нэхъыщхьэ дыдэу щытщ (Маттэ 22:38). Иеговэ дигу псомкІи фІыуэ тлъагъуну хуэфащэщ. НтІэ ди гъащІэр нэхъ кІэщІ зыщІын икІи ди акъылым зэран хуэхъун Іуэхугъуэхэр къыхэтхмэ, Алыхьыр дигу псомкІи фІыуэ тлъагъуу жытІэфыну? Хьэуэ, дэ абы тыгъэу къыдита гъащІэм пщІэ зэрыхуэтщІыр ди къарум къызэрихькІэ къэдгъэлъэгъуэну дыхущІокъу.
23 «[Иеговэщ] псэ зыІут псори щызыгъэІэри, жьы къезыгъапщэри, зыхуэныкъуэ псори езыгъэгъуэтри» (Апостолхэм 17:24, 25). Уи ныбжьэгъум тыгъэ лъапІэ къыуитатэмэ, ар уэ, дауикІ, хыфІэбдзэнутэкъым икІи пкъутэнутэкъым. ГъащІэр — ар Иеговэ къыдита тыгъэ лъапІэщ. Дэ а тыгъэм пщІэшхуэ худощІ икІи абы къыхэкІкІэ дэ Алыхьыр дгъэлъапІэу дыпсэуну дыхуейщ (Псалом 36:9).
24 «Уи щхьэр фІыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фІыуэ лъагъу» (Маттэ 22:39). Хьэл Іей тхуэхъу Іуэху мыхъумыщІэхэр зэран зыхуэхъур ди щхьэм и закъуэкъым. Дэ дыкъэзыухъуреихь цІыхухэми ахэр зэран яхуэхъуфынущ, икІи и нэхъыбэм дэ дыкъэзыухъурехьхэр фІыуэ тлъагъу цІыхухэращ. Псалъэм папщІэ, тутын ефэ цІыхум и гъусэу псэухэм я узыншагъэм Іейуэ зэран хуэхъунущ ахэр тутын ІугъуэкІэ зэрыбауэр. Дэ хьэл тхуэхъуа Іуэху мыхъумыщІэхэр къыщыдгъанэм деж дыкъэзыухъуреихь цІыхухэм идогъэлъагъу ахэр фІыуэ зэрытлъагъур (1 Иуан 4:20, 21).
25 «Уи цІыхухэм ягу къэгъэкІыж Іэтащхьэхэмрэ тепщэныгъэ зиІэхэмрэ яхуэІурыщІэн, едэІуэн, фІы щІэн дэтхэнэми хуэхьэзырын зэрыхуейр» (Тит 3:1). Къэрал куэдым я цІыхухэр хуит ящІкъым абыхэм наркотик яІэну икІи зрахьэлІэну. Иеговэ къэрал унафэщІхэм пщІэ хуэтщІыну къызэрыджиІэм щхьэкІэ, дэ апхуэдэ унафэхэми додаІуэ (Рим 13:1).
Къабзэу дызэрыщытым Иеговэ егъэлъапІэ
26. 1) Сыт дэ тщІэн хуейр, Иеговэ дызэрыхуэлажьэм арэзы техъуэн щхьэкІэ? 2) Сыт дэ къабзэу дыкъэнэн щхьэкІэ тхузэфІэкІыр тщІэну дыщІыхуейр?
26 Иеговэ и ныбжьэгъуу дыщытын щхьэкІэ, зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр тщІын хуейуэ зыдэтлъэгъужауэ къыщІэкІынущ. Абы щыгъуэ дэ зытІэжьэн хуейкъым. Хьэл мыхъумыщІэхэр зыхэднэну тыншкъым, ауэ дэ ар тхузэфІэкІынущ! Иеговэ дэ къыддэІэпыкъуну дыкъегъэгугъэ. Абы жеІэ: «ФІым ухуезыгъасэ икІи узрикІуэн хуей гъуэгур уэзыгъэлъагъу уи Алыхь Иеговэр сэращ» (Исаия 48:17). Ди къарум къызэрихькІэ къабзэу дыщытыну дыхущІэкъумэ, шэч къытедмыхьэми хъунущ Иеговэ абыкІэ зэрыдгъэлъапІэм.