49 УЭРЭДЫР
Иеговэ и гур гъэгуфІэ
1. Иеговэ, псалъэ дэ уэттащ,
Ди гъащІэр пэжу етхьэкІынщ.
Іущагъыр ІуэхукІэ дгъэлъэгъуэнщ,
АбыкІэ уи гур дгъэгуфІэнщ.
2. Уи унэІутыр щІылъэм тетщ,
Псэемыблэжу щытхъу къыпхуехь.
Дэ и зэманым шхын къыдет,
Ди фІэщхъуныгъэр быдэ ещІ.
3. Иеговэ, уи къарур къыдэт,
Уи гъуэгум быдэу дытетынщ.
Уэ уи Іэмырыр дгъэзэщІэнщ,
Апхуэдэу уи гур дгъэгуфІэнщ.
(Абы нэмыщІ феплъ Мт. 24:45—47; Лк. 11:13; 22:42.)