39 УЭРЭДЫР
Иеговэ и дежкІэ уи цІэр къабзэу щрет
1. Іущагъыр тхэлъу ди гъащІэр идохьэкІ,
Дыхуейщ Иеговэ дэ тщІыну арэзы.
ФІэлІыкІ худиІэу дэ унафэ пэжхэр дощІ,
Ар Иеговэ и гуапэ мэхъу.
2. ЛъэкІ къимыгъанэу дунейм дыхуегъэуш
ПщІэ лей къэтлъыхъуэу зыхуедгъэщІыну щІыхь.
ЕплъыкІэ нэпцІым дэ бэлыхьым дыхидзэнщ,
Мы дунеижьым кІэ къыхуэкІуэнщ.
3. Иеговэ тщІымэ сыт щыгъуи арэзы,
И гъащІэ тхылъым дэ ди цІэр иритхэнщ.
ДыхуэІурыщІэу Тхьэм пэжыгъэм дытетынщ,
ЦІэ къабзэ зетхьэу дыхуэлэжьэнщ.
(Абы нэмыщІ феплъ ЩІэдз. 11:4; Прит. 22:1; Мал. 3:16; Апок. 20:15.)