5 УЭРЭДЫР
Алыхьым и Іуэху телъыджэхэр
1. Иеговэ, псори фІыуэ уощІэ,
Уи пащхьэм псори къыщызэІухащ.
Сыкъыщытэджи, си щхьэр щызгъэтІылъи,
Мураду си гум илъым ущыгъуазэщ уэ.
Плъэгъуащ уэ ныбэм сэ сыщилъым,
ГъэщІэгъуэныщэу сэ сызэхэплъхьащ.
Уи лъагъуныгъэри сэ зыхызощІэ,
Уи Іуэху телъыджэхэми уагъэлъапІэ уэ.
Къызэпт щІэныгъэм зэхэщІыкІ къысхелъхьэ,
Уи лъэкІыныгъэм сэ сегъэпІейтей.
Уи къару лъапІэм зы пэлъэщыфынкъым,
Сыт щыгъуи уэ уи псалъэр уогъэпэж.
КІыфІыгъэм сэ сыщІихъумами,
Уэ уи къарумкІэ сыкъэбгъуэтыжынщ.
Уи хьэл-щэн дахэхэм сэ щапхъэ тесхыу,
Си гъащІэ псомкІэ узгъэлъапІэу сыпсэунщ.
(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 66:3; 94:19; Иер. 17:10.)