4 разделым ухэзыгъэгъуазэ
Мы разделым дэ щызэдгъэцІыхунущ Исуф, Іэиуб, Мусэ сымэрэ, израил лъэпкъымрэ. Абыхэм псоми ШейтІаныр зэран яхуэхъуну хэтащ: хэти лей къытехьащ, хэти лъэхъуэщым ирадзащ, хэти пщылІу ящащ, хэти фІыуэ илъагъу и унагъуэм щыщ зэшэзэпІэу лІэныгъэм ІэщІихащ. Ауэ Иеговэ къыхуэпэж цІыхухэр зэи къигъанэкъым. Сабийм и гъусэу уэ мы тхылъым уеджэмэ, фэ зэгъусэу фегупсыс хъунущ Алыхьым хуэлажьэ цІыхухэр гугъуехь щыпэщІэхуам деж я фІэщхъуныгъэр яфІэмыкІуэдыну сыт къадэІэпыкъуами.
Иеговэ Мысырым трилъхьа тезырипщІымкІэ къыгъэлъэгъуащ ар Мысырым я тхьэхэм нэхърэ зэрынэхълъэщыр. Сабийм гу лъегъатэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр япэм хуэдэу ноби къызэрихъумэм.