ПРИЛОЖЕНИЕ
1. ИЕГОВЭ
Алыхьым и цІэр Иеговэщ. А цІэм къикІыр «абы къегъэхъу» жиІэу аращ. Иеговэ лъэкІыныгъэшхуэ зиІэ Алыхьщ икІи аращ псори къэзыгъэщІар. Абы дэтхэнэ и мурадри игъэзэщІэжыну хузэфІокІ.
Пасэрей журтыбзэмкІэ Алыхьым и цІэр хьэрфиплІу зэхэтщ. АдыгэбзэкІэ ЙХВХ е ИГВГ. ЖуртыбзэкІэ Библиер щатхым Алыхьым и цІэр 7 000 хуэдизрэ иратхащ. Къэрал зэмылІэужьыгъуэхэм Алыхьым и цІэр зэмыщхьу къапсэлъ; ар зэлъытар бзэращ.
2. БИБЛИЕР АЛЫХЬЫМ КЪЫБГЪЭДЭКІ ТХЫЛЪЩ
Библиер зытхар цІыхухэрами, ар къызыбгъэдэкІыр Алыхьыращ. Ар зэратхар ебгъэщхь хъунущ нэхъыщхьэм и дэІэпыкъуэгъум письмо итхыну унафэ зэрыхуищІым. А письмом итынур дэІэпыкъуэгъум и гупсысэхэракъым, атІэ нэхъыщхьэм ейхэращ. Ар дыдэри Библием щхьэкІэ жыпІэ хъунущ — абы итыр Алыхьым и гупсысэхэращ. А тхылъыр Иеговэ и къару лъапІэмкІэ иригъэтхащ. Алыхьым и лэжьакІуэм иригъэтхыну зыхуейр Іэмал зэмылІэужьыгъуэкІэ Іэригъэхьэт, псалъэм папщІэ, пщІыхькІэ. Илъэгъуа пщІыхьыр цІыхум итхыжт.
3. ПРИНЦИП
Принципхэр — Алыхьым и унафэхэм лъабжьэ хуэхъу пэжхэращ. Псалъэм папщІэ, «ныбжьэгъу Іейхэм цІыху щэныфІэр ягъэкІуэд» жыхуиІэ принципым мыпхуэдэ гупсысэ хэлъщ: ныбжьэгъу тщІыхэм щапхъэ тетхыу щІыдодзэ (1 Коринф 15:33). «ЦІыхум хьэсэм трисэр къытрихыжынущ» жыхуиІэ принципым мыпхуэдэ гупсысэ хэлъщ: цІыхум ищІа Іуэхугъуэм къыпэкІуэр Іэмал имыІэу игъуэтыжынущ (Галатие 6:7).
▸ 2-нэ псалъащхьэ, 12-нэ абзац
4. КЪЭХЪУН ХУЕЙ ПСАЛЪЭХЭУ БИБЛИЕМ ИТЫР
Алыхьым бегъымбархэр къигъэсэбэпурэ и мурадхэмрэ и унафэхэмрэ цІыхухэм къахузэІуихт икІи чэнджэщ, ущие абыхэм яритт. Абы нэмыщІ къэхъун хуей псалъэхэр яригъэтхт. Абыхэм щыщу куэдыр къэхъуакІэщ.
▸ 2-нэ псалъащхьэ, 13-нэ абзац
5. МЭССИХЬ ТЕУХУАУЭ КЪЭХЪУН ХУЕЙ ПСАЛЪЭХЭР
Мэссихь теухуауэ Библием ит псалъэхэр Хьисэ деж гъэзэщІа щыхъуащ. «Мэссихь теухуауэ къэхъун хуей псалъэхэр» жыхуиІэ рамкэм еплъ.
▸ 2-нэ псалъащхьэ, 17-нэ абзац, сноскэ
6. ИЕГОВЭ ЩІЫЛЪЭМ ХУИІЭ МУРАДЫР
Иеговэ щІылъэр къыщигъэщІым мурад хэха иІащ: щІыр жэнэт хъууэ, Алыхьыр фІыуэ зылъагъу цІыхухэр абы щыпсэун хуейт. Абы и мурадым зихъуэжакъым. Куэд мыщІэу Иеговэ Іей псор Іуихынурэ, цІыхухэм гъащІэ мыухыж яритынущ.
7. ШЕЙТІАН ИБЛИСЫР
ШейтІаныр япэу Иеговэ пэщІэува мелыІычщ. А цІэм «ныкъуэкъуэгъу» жиІэу аращ къикІыр. Абы иджыри ИблискІэ йоджэ. Иблис жиІэмэ «нэгъуэщІым пцІы тезылъхьэ» жиІэу аращ. Пэж дыдэу, абы Алыхьым пцІы трелъхьэ икІи цІыхухэр къегъапцІэ.
8. МЕЛЫІЫЧХЭР
ЩІылъэр къигъэщІыным иджыри куэд иІэу Иеговэ мелыІычхэр мелуан бжыгъэкІэ къигъэщІащ (Даниил 7:10). Ахэр уафэм щыпсэун хуейт. Абыхэм цІэ зырыз яІэщ икІи ахэр хьэлкІэ зэщхькъым. МелыІычхэм уафэм увыпІэ зэмылІэужьыгъуэхэр щаІыгъщ. Алыхьым хуэпэж мелыІычхэм Іэдэбагъ яхэлъщи, цІыхухэр езыхэм хуэлэжьэн хуейуэ ялъытэкъым. Абыхэм къалэн зэмыщхьхэр яІэщ, псалъэм папщІэ: Иеговэ зытес тахътэм и пащхьэм щолажьэ, хъыбарегъащІэу мэлажьэ, щІым щыпсэу Алыхьым и лэжьакІуэхэр къахъумэ икІи абыхэм я гъуэгур яунэтІ, Алыхьым зыгуэрым тезыр трилъхьэну ищІа унафэр ягъэзащІэ, хъыбарыфІ гъэІуным хэтщ (Псалом 34:7; Апокалипсис 14:6; 22:8, 9). Армагеддон зауэм Хьисэ и лъэныкъуэр яІыгъыу ахэр зэуэнущ (Апокалипсис 16:14, 16; 19:14, 15).
▸ 3-нэ псалъащхьэ, 5-нэ абзац; 10-нэ псалъащхьэ, япэ абзац
9. ГУЭНЫХЬЫР
Иеговэ и хабзэхэм темыхуэ дэтхэнэ зы гурыщІэми, гупсысэми, ІуэхущІафэми гуэныхькІэ йоджэ. Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм гуэныхьыр зэран хуохъу. Абы къыхэкІкІэ, Иеговэ гуэныхьу ибжыр къыдгурыІуэн щхьэкІэ, абы унафэхэмрэ принципхэмрэ къыдитащ. Абыхэм дытетмэ, дэ гуэныхь къэтхьынукъым. Иеговэ къигъэщІам ныкъусан зыри хэлътэкъым, ауэ Іэдэмрэ Хьэуарэ ящІэр къагурыІуэу Алыхьым и жыІэм щыщІэкІам щыгъуэ, ахэр гуэныхьщІакІуэ хъуащ. Гуэныхьым абыхэм жьыгъэрэ лІэныгъэрэ къахуихьащ. Іэдэм къытехъукІахэми гуэныхьыр я Іыхьэ хъуащ. Аращ нобэ цІыхухэр жьы щІэхъур икІи щІэлІэжыр.
▸ 3-нэ псалъащхьэ, 7-нэ абзац; 5-нэ псалъащхьэ, 3-нэ абзац
10. АРМАГЕДДОН
Иблисым и дунеймрэ Іей псомрэ Алыхьым щыІуихыну зауэ.
▸ 3-нэ псалъащхьэ, 13-нэ абзац; 8-нэ псалъащхьэ, 18-нэ абзац
11. АЛЫХЬЫМ И ПАЩТЫХЬЫГЪУЭР
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр — Иеговэ уафэм щытригъэува и правительствэщ. Абы и Пащтыхьыр Хьисэ Мэссихьщ. КъэкІуэну зэманым Пащтыхьыгъуэр къигъэсэбэпу Иеговэ Іей псор Іуихынущ. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр дуней псом и тепщэу щытынущ.
▸ 3-нэ псалъащхьэ, 14-нэ абзац
12. ХЬИСЭ МЭССИХЬ
Хьисэщ Алыхьым япэу къигъэщІар. Хьисэ и гъащІэр цІыхухэм щхьэкІэ итыну Иеговэ ар щІылъэм къигъэкІуащ. Хьисэ яукІащ, ауэ Иеговэ ар къигъэтэджыжащ. Иджыпсту Хьисэ Мэссихь уафэм щыІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьщ.
13. ТХЬЭМАХУЭ БЛЫЩІЫМ ТЕУХУАУЭ БЕГЪЫМБАРХЭМ ЖАІАР
Мэссихьыр щІылъэм къыщыкІуэну зэманыр Библием щыжыІат. Ар «тхьэмахуэ» 69-м и кІэм къэхъун хуей Іуэхугъуэт. А тхьэмахуэхэр ди эрэм ипэ 455-нэ гъэм щІидзэри ди эрэм 29-нэ гъэм иухащ.
Мэссихь ди эрэм 29-нэ гъэм къызэрыкІуэн хуеяр дэнэ дэ щытщІэр? Зи гугъу тщІа «тхьэмахуэ» 69-м ди эрэм ипэ 455-нэ гъэм щІидзащ. А гъэм Неемие Ерусалим къэкІуащ, а къалэр зэтригъэувэжын щхьэкІэ (Даниил 9:25; Неемия 2:1, 5—8). «Суткэ» псалъэр сыхьэт 24-м зэрепхам хуэдэу, «тхьэмахуэ» псалъэри махуиблым епхащ. «Зы махуэр зы илъэсщ» жеІэ Библием. Абы тепщІыхьмэ, «тхьэмахуэр» зэрыхъур махуиблкъым, атІэ илъэсиблщ (Числа 14:34; Иезекииль 4:6). Апхуэдэу щыхъукІэ, «тхьэмахуэ» 69-р илъэс 483 мэхъу (69 x 7). Ди эрэм ипэ 455-нэ гъэм щыщІэдзауэ илъэс 483 къэдбжмэ, ди эрэм 29-нэ гъэм дыкъыхуокІуэ. А гъэ дыдэм Хьисэ псым зыщІигъауэри Мэссихь хъуащ (Лука 3:1, 2, 21, 22).
Бегъымбарым иджыри и гугъу ищІащ «тхьэмахуэ» 69-м къыкІэлъыкІуэ «тхьэмахуэм». А «тхьэмахуэри» илъэсибл мэхъу. А «тхьэмахуэм» и кум Мэссихьыр яукІын хуейт икІи, пэж дыдэу, ди эрэм 33-нэ гъэм Хьисэ яукІащ. А «тхьэмахуэр» ди эрэм 36-нэ гъэм иухащ икІи а гъэм щыщІэдзауэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр журтхэм ямызакъуэу лъэпкъ псоми лъагъэІэсу щІадзащ (Даниил 9:24—27).
14. ТХЬЭНАПИЩЫР ПЭЖ?
Библием зэрыжиІэмкІэ, псори къэзыгъэщІар Алыхь Иеговэщ. Хьисэ Мэссихь абы и япэ ІэдакъэщІэкІыу аращ (Колоссэ 1:15, 16). Хьисэ Алыхькъым. Хьисэ зэи жиІакъым ар Алыхьым хуэдэу, атІэ мыращ абы жиІар: «Адэ лъапІэр сэр нэхърэ нэхъыщхьэщ» (Иуан 14:28; 1 Коринф 15:28). Ауэ языныкъуэ динхэм Алыхьыр тхьэнапищу жаІэ. Абыхэм я гугъэщ Алыхьыр щыуэ зэхэту: Адэр, Къуэр, къару лъапІэр. Ауэ Библием «тхьэнапищ» псалъэ иткъым. Тхьэнапищыр пцІыщ.
Къару лъапІэр — ар Алыхьым и Іэмырыр игъэзэщІэн щхьэкІэ къигъэсэбэп и къарущ. Къару лъапІэм ищІэ Іуэхугъуэхэм щыщ Библием итщ. Псалъэм папщІэ, япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Алыхьым и къару лъапІэр къалъысащ. Абы нэмыщІ Иеговэ жиІауэ щытащ: «Сэ си къару лъапІэм щыщ дэтхэнэ зыми естынущ» (Апостолхэм 2:1—4, 17, ДЩІ). Абы къегъэлъагъуэ къару лъапІэр зэрымы-Алыхьыр.
▸ 4-нэ псалъащхьэ, 12-нэ, абзац; 15-нэ псалъащхьэ, 17-нэ абзац
15. ЖОРЫР
Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм жорыр къыщІамыгъэсэбэпыр сыт?
Жорыр сыт щыгъуи къэзыгъэсэбэпу щытар дин нэпцІыращ. Пасэрей зэманыр къапщтэмэ, цІыхухэр природэм тхьэпэлъытэу щыхуэлажьэкІэ икІи мажусий хабзэ фІейхэр щагъэзащІэкІэ жорыр къагъэсэбэпу щытащ. Хьисэ лІа иужь япэ илъэс 300–м абы и лъэужь ирикІуэу зызыбжыжхэм жорыр къагъэсэбэпу щытакъым. ИужькІэ Римым и император Константин и зэманым жорыр чристэнхэм я дамыгъэ ящІащ. Апхуэдэу императорым щІищІар чристэн диным цІыхухэр къришэлІэн щхьэкІэщ. Ауэ жорыр Хьисэ зыкІи епхакъым. «Новая католическая энциклопедия» тхылъым итым тепщІыхьмэ, Хьисэ и гъэсэн пэжхэм жорыр зэи къагъэсэбэпакъым.
Хьисэ зыкІэраІулІар жоркъым. «Жор» жаІэу зэрадзэкІа алыдж псалъэм къикІыр «пкъо», «бжэгъу» е «жыг» жиІэу аращ. Зы тхылъ гуэрым зэрыжиІэмкІэ, АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм зыщІыпІи иткъым Хьисэ щаукІым бжэгъуитІ къагъэсэбэпауэ (The Companion Bible). Хьисэ зыраІулІар пкъощ.
Иеговэ хуейкъым дэ абы дыщыхуэлажьэм деж сурэт е дамыгъэ гуэр къэдгъэсэбэпыну (Исход 20:4, 5; 1 Коринф 10:14).
▸ 5-нэ псалъащхьэ, 12-нэ абзац
16. ЗИУСХЬЭНЫМ И ПЩЫХЬЭЩХЬЭШХЭР
Хьисэ и гъэсэнхэм унафэ яхуищІащ езыр щылІа махуэр ягъэлъэпІэну. А махуэр нисаным и 14-м тохуэ. Ар журтхэм я ІутІыж махуэшхуэт. А пшыхьым къекІуэлІахэм Хьисэ и пкъымрэ и лъымрэ къэзыгъэлъагъуэ щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зэІэпах. ЩІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІузылъхьэр Хьисэ и гъусэу уафэм тепщэныгъэ щызиІэнухэращ. ГъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэм щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІуалъхьэкъым, атІэ къызэрыкІуамкІэ Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къыщекІуэкІым пщІэ зэрыхуащІыр къагъэлъагъуэ.
▸ 5-нэ псалъащхьэ, 21-нэ абзац
17. ПСЭ
ДунеищІэкІэ еджэу зэрадзэкІа Библием «псэ» псалъэр къыщихьым деж зи гугъу ищІыр мыхэращ: 1) цІыхур, 2) псэущхьэр е 3) цІыхум е псэущхьэм и гъащІэр. Щапхъэхэр:
ЦІыхур. «Кхъухьым исар цІыху [псэ, ДЩІ] зыбжанэт — цІыхуийт зэрыхъур» (1 Петр 3:20). «Псэ» псалъэмкІэ къагъэлъэгъуар цІыхухэращ — Нухьрэ абы и щхьэгъусэмрэ, Нухь и къуищымрэ абыхэм я щхьэгъусэхэмрэ.
Псэущхьэр. «ЖиІащ Тхьэм: „Псым псэ зиІэ псэущхьэхэр хэз ирехъу, къралъэтыхь къуалэбзухэм, уэгум итрэ щІым къыщхьэщыту“. ЖиІащ адэкІэ Тхьэм: „Къытрырехъуэ щІылъэм псэущхьэхэр псэущхьэ лъэпкъыу, Іэщхэри, хьэпщхупщхэри, хьэкІэкхъуэкІэхэри езыхэм я лъэпкъыу“. Апхуэдэуи хъуащ» (ЩІэдзапІэ 1:20, 24).
ЦІыхум е псэущхьэм и гъащІэр. Иеговэ Мусэ жриІащ: «Уи псэм ещахэр псори лІахэщ» (Исход 4:19). Хьисэ щІылъэм щыщыІам жиІащ: «МэлыхъуэфІыр сэращ. МэлыхъуэфІым и псэр мэлхэм папщІэ ет» (Иуан 10:11).
Псалъэм папщІэ, цІыхум зыгуэр егъэлеяуэ фІыуэ илъагъумэ, «и псэр» абы хэлъщ жаІэ (Маттэ 22:37; Второзаконие 6:5). Абы нэмыщІ «псэ» псалъэр къагъэсэбэпынкІэ хъунущ цІыхур е псэущхьэр зыхуейм и гугъу щащІым деж. Библиер лІам «псэ лІакІэ» щеджэ щыІэщ (Числа 6:6; Притчи 23:2; Исаия 56:11; Аггей 2:13).
▸ 6-нэ псалъащхьэ, 5-нэ абзац; 15-нэ псалъащхьэ, 17-нэ абзац
18. ДУХ
ДунеищІэкІэ еджэу зэрадзэкІа Библием ит «дух» псалъэм мыхьэнэ куэд иІэщ. А псалъэм къикІыр нэрымылъагъу гуэрщ, псалъэм папщІэ цІыхур е псэущхьэр зэрыбауэр, е жьы къепщэр. Абы нэмыщІ а псалъэр мелыІычым е Алыхьым и къару лъапІэм хуэхьауэ щытыфынущ. Ауэ Библием зыщІыпІи щыжыІакъым духыр цІыхум щыщ Іыхьэ гуэру е ар лІам къыхэкІыу нэгъуэщІыпІэ щыпсэу хуэдэу (Исход 35:21; Псалом 104:29; Маттэ 12:43; Лука 11:13).
▸ 6-нэ псалъащхьэ, 5-нэ абзац; 15-нэ псалъащхьэ, 17-нэ абзац
19. ГЕЕННЭ
Ерусалим пэмыжыжьэу пхъэнкІий щагъэсу щыта щІыналъэм «гееннэкІэ» еджэт. Хьисэ Мэссихь щІылъэм щыпсэуа зэманми а щІыпІэм цІыху е псэущхьэ щагъэсу щытакъым. Зэрытлъагъущи, Библием къыщыхьа «гееннэ» псалъэм лІахэм хьэзаб щашэч жыхьэнмэ къигъэлъагъуэкъым. Аращи, зыгуэр гееннэм хадзэу Хьисэ щыжиІам щыгъуэ, абы зи гугъу ищІар лІар зэрыкІуэдыпаращ икІи ар зэи къызэрымытэджыжынуращ (Маттэ 5:22; 10:28, ДЩІ).
▸ 7-нэ псалъащхьэ, 20-нэ абзац
20. ТХЬЭЛЪЭІУМ ТЕУХУАУЭ ХЬИСЭ ЗЫХУРИГЪАДЖЭУ ЩЫТАР
Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыщыхуэдгъазэкІэ жытІэ хъуным теухуауэ Хьисэ куэдым дыхуригъэсащ. Псалъэм папщІэ:
«Уи цІэр цІыхухэм ирегъэлъапІэ»
Иеговэ и цІэр игъэкъэбзэжыну делъэІу хъунущ. Ар игъэкъэбзэжа нэужь, уафэм щыІэхэми, щІылъэм щыІэхэми Алыхьым и цІэм пщІэшхуэ хуащІу хъунущ.
«Уи тепщэныгъэшхуэр кърекІуэ»
Дэ Алыхьым долъэІу абы и Пащтыхьыгъуэм ШейтІаным и дуней бзаджэр Іуихыу, щІылъэм и тепщэ хъуну икІи ар жэнэт ищІыжыну.
«Уэ узыхуейр уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щІылъэми щрехъу»
Дэ Иеговэ долъэІу щІылъэмрэ цІыхухэмрэ хуиІэ мурадыр игъэзэщІэжыну икІи абы хуэжыІэдаІуэхэр жэнэтыщІым гъащІэ мыухыж яІэу щыпсэуну.
21. ЩХЬЭЩЭХУЖЫР
ЦІыхухэр гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ къаІэщІихын щхьэкІэ, Иеговэ щхьэщэхужыр итащ. Іэдэм фІэкІуэда гъащІэ дагъуэншэр къэщэхужа хъун щхьэкІэ щІата уасэм щхьэщэхужкІэ йоджэ. Щхьэщэхужым цІыхумрэ Алыхьымрэ зэригъэкІужауэ жыпІэ хъунущ. ЦІыхухэм я гуэныхьыр пшыныжа хъун щхьэкІэ, Иеговэ Хьисэ щІылъэм къигъэкІуащ. Хьисэ и лІэныгъэм цІыхухэм Іэмал яритащ ахэр дагъуэншэ хъужу, гъащІэ мыухыж яІэу псэуну.
▸ 8-нэ псалъащхьэ, 21-нэ абзац; 9-нэ псалъащхьэ, 13-нэ абзац
22. 1914-НЭ ГЪЭМ ЦІЫХУБЭ ПСОМ ДЕЖКІЭ МЫХЬЭНЭШХУЭ ИІЭЩ
Даниил тхылъым, 4-нэ псалъащхьэм зэритымкІэ, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр 1914-нэ гъэм теувэн хуейт.
Къэхъун хуей псалъэр. Пащтыхь Навуходоносор къэхъун хуей Іуэхугъуэхэр къригъэщІэн щхьэкІэ, Иеговэ абы пщІыхьэпІэу жыгышхуэ иригъэлъэгъуащ. Жыгыр паупщІа нэужь, ар «зэманиблкІэ» къэмыкІын щхьэкІэ, абы и дакъэм уэрдыхъу фІалъхьащ. Ауэ иужькІэ а жыгыр аргуэру къэкІыжын хуейт (Даниил 4:1, 10—16).
Ди дежкІэ сыт а пщІыхьэпІэм къикІыр? Жыгым къигъэлъагъуэр Алыхьым и тепщэныгъэращ. Алыхьыр израил лъэпкъым и тепщэу зэрыщытыр езым Ерусалим щытригъэува пащтыхьхэмкІэ къигъэлъагъуэт (1 Летопись 29:23). Ауэ а пащтыхьхэр Иеговэ хуэпэжтэкъыми, я тепщэныгъэм кІэ къыхуэкІуащ. Ди эрэм ипэ 607-нэ гъэм Ерусалим къалэр зэтракъутащ. Абдежым «зэманиблым» щІидзащ (2 Царей 25:1, 8—10; Иезекииль 21:25—27). «Я тетыгъуэ лъэхъэнэр иухыху, Ерусалим лъэгукІэ хаутэнущ хамэ лъэпкъхэм»,— Хьисэ щыжиІэм, зи гугъу ищІар а «зэманиблыращ» (Лука 21:24). Абы къегъэлъагъуэ Хьисэ щІылъэм щыпсэуа зэманым «зэманиблыр» иджыри зэримыухатэр. Иеговэ жиІат «зэманибл» дэкІа нэужь, езым къыхиха пащтыхь аргуэру зэрытригъэувэнур. А пащтыхьыр Хьисэт. Абы и тепщэныгъэм Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм къахуихьыну фІыгъуэхэм кІэ иІэнукъым (Лука 1:30—33).
«Зэманиблым» и кІыхьагъыр. «Зэманиблыр» илъэс 2 520 мэхъу. Ди эрэм ипэ 607-нэ гъэм щыщІэдзауэ илъэс 2 520 къэдбжмэ, 1914-нэ гъэм дыкъыхуокІуэ. А гъэм Иеговэ Хьисэ Мэссихь Пащтыхь ищІащ.
2 520 бжыгъэр дэнэ къыздитхар? Апокалипсис тхылъым къызэригъэлъагъуэмкІэ, зэманищрэ ныкъуэр махуэ 1 260 мэхъу (Апокалипсис 12:6, 14). Аращи, «зэманиблыр» махуэ 2 520 мэхъу. Библием «зы махуэр зы илъэсщ» зэрыжиІэр дигу къэдгъэкІыжмэ, махуэ 2 520–р илъэс 2 520 мэхъу (Числа 14:34; Иезекииль 4:6).
▸ 8-нэ псалъащхьэ, 23-нэ абзац
23. МЕЛЫІЫЧ НЭХЪЫЩХЬЭ МИХАИЛ
МелыІыч нэхъыщхьэу Библием зи гугъу ищІыр зыщ. Абы и цІэр Михаилщ (Даниил 12:1; Иудэ 9).
Апокалипсис 12:7 щыжыІащ: «Михаилрэ абы и мелыІычхэмрэ благъуэжьым езэуащ, благъуэжьри абы и мелыІычхэри абыхэм къапэуващ». Алыхьым хуэпэж мелыІычхэр зы дзэм хуэдэу зэкъуэтщ икІи, мы едзыгъуэм къызэригъэлъагъуэмкІэ, Михаил абыхэм я нэхъыщхьэщ. Абы нэмыщІ Апокалипсис тхылъым жеІэ Хьисэ Алыхьым и дзэм и пашэу. Абы къегъэлъагъуэ Михаилыр зэры-Хьисэр. Михаил цІэр Хьисэ и цІэхэм ящыщ зыуэ аращ (Апокалипсис 19:14—16).
24. ИУЖЬРЕЙ МАХУЭХЭР
Ар ШейтІаным и дунейр щыкІуэдыжынум ипэ къихуэ зэманщ. А зэманым мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэхэр дунейм къызэрыщыхъунур Библием щыжыІат. Тхыгъэ ЛъапІэр а зэманым «мы дунейм и кІэухкІэ» икІи «ЦІыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къыщыкІуэжыну» зэманкІэ йоджэ (Маттэ 24:3, 27, 37). «Иужьрей махуэхэр» 1914-нэ гъэм щІидзащ. А гъэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр уафэм щытеуващ. Пащтыхьыгъуэм Иблисым и дунейр Армагеддон зауэм хигъэкІуэда нэужь, «иужьрей махуэхэр» иухынущ (2 Тимофей 3:1; 2 Петр 3:3).
25. ЛІАХЭР КЪЭТЭДЖЫЖЫНУЩ
Библием и гугъу ещІ лІахэм къахэтэджыкІыжа цІыхуибгъум. Ахэр къэзыгъэтэджыжар Иляс, Елисей, Хьисэ Мэссихь, Петр, Паул сымэщ, ауэ абыхэм къару къезытар Алыхьыращ. Иеговэ дыкъегъэгугъэ «щыпкъагъэ зиІи зимыІи» щІылъэм къыщигъэтэджыжыну (Апостолхэм 24:15). Библием иджыри щыжыІащ языныкъуэхэр Хьисэ и гъусэу уафэм щыпсэуну къызэрытэджыжынур (Иуан 5:28, 29; 11:25; Филиппи 3:11; Апокалипсис 20:5, 6).
▸ 9-нэ псалъащхьэ, 13-нэ абзац
26. ІЭЗЭГЪУАЗЭ ІУЭХУХЭР
Іэзэгъуазэ Іуэхухэр къызыбгъэдэкІыр жин бзаджэхэращ. Хэти езым жин бзаджэхэм зыпещІэ, хэти абыхэм запищІэн щхьэкІэ Іэзэм, медиумым е экстрасенсым деж макІуэ. Іэзэгъуазэ Іуэхухэм хэтхэм я фІэщ мэхъу лІам и псэр хэкІыу икІи а псэр е зэран, е сэбэп къытхуэхъуфын хуэдэу. Ауэ ар пцІыщ. Жин бзаджэхэм зыпыпщІэ хъунукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм цІыхухэр Алыхьым емыдэІуэну хуагъэуш. Іэзэгъуазэм иджыри хохьэ астрологиер, джэш е куэзыр егъэдзыныр, гъэплъэныр, хьэпэщыпхэ щІыныр, тебжэныр, нэщэнэхэм зыгуэр къихыныр, нэгъуэщІхэри. Абы нэмыщІ лІар щІэлъхьэным пыщІа хабзэ куэдри Іэзэгъуазэм пыщІащ. Псалъэм папщІэ, цІыху лІам щхьэкІэ Іэщ укІыныр, зыгуэр къыхуехьэкІыныр, махуэ бжыгъэ, мазэ бжыгъэ е илъэс бжыгъэ хуэщІыныр. Гороскопхэм, языныкъуэ тхылъхэм, журналхэм, фильмхэм, уэрэдхэм къыпщагъэхъу Іэзэгъуазэ Іуэхухэр шынагъуэ зыхэмылъ, удэзыхьэх Іуэху гуэр хуэдэу. Жин бзаджэхэм зыпащІэн щхьэкІэ языныкъуэхэм наркотик зрахьэлІэ (Галатие 5:20; Апокалипсис 21:8).
▸ 10-нэ псалъащхьэ, 10-нэ абзац; 16-нэ псалъащхьэ, 4-нэ абзац
27. ИЕГОВЭ И ТЕПЩЭНЫГЪЭШХУЭР
Иеговэ лъэкІыныгъэшхуэ зиІэ Алыхьщ икІи абы Дунеишхуэр къигъэщІащ (Апокалипсис 15:3). Алыхьым псори и ІэмыщІэ щилъкІэ, псоми и тепщэу щытыну абы хуитыныгъэ иІэщ (Псалом 24:1; Исаия 40:21—23; Апокалипсис 4:11). Абы и ІэдакъэщІэкІ псоми ягъэзэщІэн хуей хабзэхэр игъэуващ. Алыхьым нэгъуэщІхэми тепщэныгъэ иритыфынущ. Иеговэ фІыуэ тлъагъумэ икІи и жыІэм дыщІэтмэ, абы и тепщэныгъэшхуэм и лъэныкъуэр зэрытІыгъыр къыдогъэлъагъуэ (1 Летопись 29:11).
▸ 11-нэ псалъащхьэ, 10-нэ абзац
28. САБИЙР ЕГЪЭКЪУТЭЖЫН
Сабийр езыгъэкъутэжым ищІэр къыгурыІуэу и сабийм и гъащІэр къытрихыу аращ. Ауэ цІыхубзым удын игъуэту и сабийр фІэкІуэдмэ, е сабийр езыр-езыру къутэжа хъумэ, ар сабийр егъэкъутэжыным хыхьэкъым. Сабийр ныбэм щрищІам деж щыщІэдзауэ ар цІыхущ, атІэ анэм и Іэпкълъэпкъым щыщ Іыхьэу аракъым.
▸ 13-нэ псалъащхьэ, 5-нэ абзац
29. ЛЪЫР ЗЫХЭГЪЭЛЪЭДЭН
Лъыр ІыхьиплІ нэхъыщхьэу зэхэлъщ: плазмэ, эритроцит, лейкоцит, тромбоцит. ЦІыхум хагъэлъэдэнкІэ хъунущ лъы е абы и Іыхьэ нэхъыщхьэхэм щыщ гуэр. Ар езым и лъыу е нэгъуэщІ цІыхум ейуэ щытыфынущ.
▸ 13-нэ псалъащхьэ, 13-нэ абзац
30. ЩИЕ
Библием зэрыжиІэмкІэ, ущие ептынымрэ тезыр теплъхьэнымрэ зыкъым. Ущием хохьэ егъэджэныр, гъэсэныр, егииныр. Иеговэ зыгуэрым ущие щритым деж, пхъашэу е гущІэгъуншэу зэи щыткъым (Притчи 4:1, 2). Ущие етыным теухуауэ Иеговэ адэ-анэхэм щапхъэфІ ярегъэлъагъу. Алыхьым къыбгъэдэкІ ущием сэбэпынагъ фІэкІа къихькъым, аращ апхуэдэ ущиер дэ фІыуэ щІэтлъагъур (Притчи 12:1, Гъэсэпэтхыдэхэр). Иеговэ и лъэпкъыр фІыуэ елъагъу икІи егъасэ. Псалъэм папщІэ, дэ Алыхьыр къыддоІэпыкъу ди еплъыкІэ пхэнжхэр тхъуэжыну, езым и еплъыкІэр къэтщтэну икІи абы дытету дыпсэуну. Дауэ адэ-анэхэм я сабийхэм ущие зэрыратыфынур? Япэрауэ, сабийхэм къагурыгъэІуэн хуейщ жыІэдаІуэу ущытыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр. Абы нэмыщІ адэ-анэхэм я сабийхэм Иеговэрэ абы и Псалъэмрэ фІыуэ ялъагъуу икІи абы ит принципхэр къагурыІуэу ягъэсэн хуейщ.
▸ 14-нэ псалъащхьэ, 13-нэ абзац
31. ЖИН БЗАДЖЭХЭР
Жин бзаджэхэр къаруушхуэ зыбгъэдэлъ нэрымылъагъу мелыІычхэщ. Ахэр бзаджэщ. Ахэр Алыхьым и жыІэм щІэкІри, абы и бий хъуащ (ЩІэдзапІэ 6:2; Иудэ 6). Иблисыр Иеговэ щыпэщІэувам щыгъуэ, жин бзаджэхэр абы и лъэныкъуэ хъуащ (Второзаконие 32:17; Лука 8:30; Апостолхэм 16:16; Екъуб 2:19).