ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • bhs пс. 8, н. 94—106
  • Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зищІысыр сыт?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зищІысыр сыт?
  • Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • АЛЫХЬЫМ И ПАЩТЫХЬЫГЪУЭР ЗИЩІЫСЫР СЫТ?
  • СЫТ АЛЫХЬЫМ И ПАЩТЫХЬЫГЪУЭМ ИЩІЭНУР?
  • ДАПЩЭЩ ХЬИСЭ МЭССИХЬ ПАЩТЫХЬ ЩЫХЪУАР?
  • Сыт Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зищІысыр?
    Сыт къытхуигъэувыр Алыхьым?
  • Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зищІысыр сыт?
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зищІысыр сыт?
    Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбарыфІыр
  • Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн щІидзащ
    Мыухыж гъащІэм ухуэзышэ щІэныгъэ
Нэхъыбэ еплъын
Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
bhs пс. 8, н. 94—106

8 ПСАЛЪАЩХЬЭР

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зищІысыр сыт?

1, 2. Хьисэ зэрыжиІамкІэ, сыт хуэдэ Іуэхугъуищ ди тхьэлъэІухэм хэдгъэхьэн хуейр?

АЛЫХЬЫМ тхьэлъэІукІэ зэрызыхуэгъэзэн хуей щІыкІэм теухуауэ Хьисэ Мэссихь и гъэсэнхэм щапхъэфІ къахуигъэнащ.

2 Хьисэ жиІащ: «Тхьэм мыпхуэдэу фелъэІу: „Уэ ди Адэ лъапІэу уафэм щыІэ! Уи цІэр цІыхухэм ирегъэлъапІэ. Уи Тепщэныгъэшхуэр кърекІуэ. Уэ узыхуейр уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щІылъэми щрехъу“». (Къеджэ Маттэ 6:9—13.) Мы Іуэхугъуищыр ди тхьэлъэІухэм хэдгъэхьэн хуейуэ сыт Хьисэ щІыжиІар? (20-нэ Приложением еплъ.)

3. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ сыт дэ къэтщІэн хуейр?

3 Алыхьым и цІэм теухуауэ икІи абы щІылъэмрэ цІыхухэмрэ сыт хуэдэ мурад иІэу къигъэщІами уэ мы тхылъым къыщыпщІащ. Иджы мы псалъащхьэм дыщытепсэлъыхьынущ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зищІысым икІи абы къытхуихьынум. «Уи Тепщэныгъэшхуэр кърекІуэ»,— жиІат Хьисэ. Сыт абы къикІыр икІи Пащтыхьыгъуэм дауэ Алыхьым и цІэр зэригъэлъэпІэнур?

АЛЫХЬЫМ И ПАЩТЫХЬЫГЪУЭР ЗИЩІЫСЫР СЫТ?

4. Библием къигъэсэбэп «Тепщэныгъэшхуэ» псалъэм сыт къигъэлъагъуэр икІи хэт Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьыр?

4 Библием къигъэсэбэп «Тепщэныгъэшхуэ» псалъэм къигъэлъагъуэр Иеговэ уафэм щытригъэува и Пащтыхьыгъуэращ. Абы и Пащтыхьу Алыхьым тригъэувар Хьисэщ. Библием зэрыжиІэмкІэ, Хьисэ «зиусхьэнхэм я Зиусхьэнщ, пащтыхьхэми я Пащтыхьщ» (Апокалипсис 17:14). Мы дунейм тепщэныгъэ зиІэ псоми я зэфІэкІхэмрэ я къарумрэ нэхърэ куэдкІэ нэхъыбэ зэфІэкІрэ къарурэ Хьисэ бгъэдэлъщ. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ цІыхухэм фІы куэд яхуищІэфынущ.

5. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр дэнэ здэщыІэр? Сытым и тепщэу ар щытыну?

5 Хьисэ къэпсэужа нэужь махуэ плІыщІ дэкІри уафэм дэкІуеижащ. Иеговэ ар Пащтыхь ищІын ипэ зэман гуэр дэкІащ (Апостолхэм 2:33). Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр уафэм щыІэми, ар щІылъэм и тепщэу щытынущ (Апокалипсис 11:15). Аращ Библиер абы «уафэм щыІэ» ПащтыхьыгъуэкІэ щІеджэр (2 Тимофей 4:18).

6, 7. Хьисэ хуэдэ тепщэ сыт мы дунейм щІытемытыр?

6 Библием зэрыжиІэмкІэ, Хьисэ зэи лІэжынукъым (Рим 6:9). ЦІыху пащтыхьхэр гува-щІэхами дунейм йохыж, ауэ Хьисэ и гъащІэм зэи кІэ иІэнукъым. Хьисэ къытхуищІэну фІыгъуэхэми зэи кІэ иІэнукъым.

7 Хьисэ захуагъэрэ гущІэгъурэ зыхэлъ Пащтыхьщ. Библием а гупсысэр мыпхуэдэу къыщыхощ: «Абы Иеговэ и къарур, Іущагъымрэ зэхэщІыкІымрэ я къарур, чэнджэщымрэ лъэкІыныгъэмрэ я къарур, щІэныгъэмрэ Алыхь фІэлІыкІымрэ я къарур щхьэщытынущ икІи Иеговэ фІэлІыкІ хуиІэным абы гуфІэгъуэ хихынущ. Абы и нэм илъагъу закъуэмкІэ хьэкум ищІынукъым икІи и тхьэкІумэм зэхих закъуэмкІэ зыми егиинукъым. Абы тхьэмыщкІэхэм пэжу хьэкум ятрищІыхьынущ икІи захуагъэ хэлъу цІыху Іэдэбхэм яфІ къилъыхъуэу егиинущ» (Исаия 11:2—4). Ухуейт уэ Хьисэ уи Пащтыхьу щытыну?

8. Хьисэ и закъуэу тепщэу зэрыщымытынур дэнэ дэ щытщІэр?

8 Языныкъуэ цІыхухэр Хьисэ и гъусэу пащтыхьу щытыну Алыхьым къыхихащ. Паул Тимофей хуитха псалъэхэри абы щыхьэт тохъуэ: «ТеубыдагъэкІэ гугъуехь тшэчмэ, абы дригъусэу тепщэныгъэ диІэнущ» (2 Тимофей 2:12). Хьисэ и гъусэнухэр цІыху дапщэ хъурэ?

9. Хьисэ и гъусэу пащтыхьу щытынухэр цІыху дапщэ хъурэ? Дапщэщ Иеговэ а гупым хыхьэнухэр къыхихыу щыщІидзар?

9 Мы тхылъым, 7-нэ псалъащхьэм уэ къыщыпщІащ пащтыхь 144 000-р Хьисэ и дэІэпыкъуэгъуу зэрыщытынур. Хэт хъуну ахэр? Апостол Иуан зэритхыжамкІэ, абыхэм «[Хьисэ] и цІэмрэ абы и Адэм и цІэмрэ я натІэм тетщ» икІи «щынэр [нэгъуэщІу жыпІэмэ Хьисэ] дэнэ кІуэми, абы кІэлъокІуэ». (Къеджэ Апокалипсис 14:1, 4.) Аращи, Хьисэ и гъусэу тепщэу щытыну 144 000-р Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм щыщщ. Ахэр щылІэм деж уафэм къыщотэджыж (Апокалипсис 5:10). Апостолхэр щыпсэуа зэманым щыщІэдзауэ Иеговэ а гупым хыхьэнухэр къыхех.

10. Хьисэ Мэссихьрэ 144 000-мрэ ди тепщэу зэрыщытынум дауэ Иеговэ и лъагъуныгъэр къызэрыхэщыр?

10 Хьисэ и дэІэпыкъуэгъухэр цІыхухэм зэрыщыщым Иеговэ и лъагъуныгъэр къыхощ. Хьисэ ПащтыхьыфІщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар зэман гуэркІэ цІыхуу щытащ икІи хьэзаб шэчыныр игъэунэхуащ. Апостол Паул жиІащ Хьисэ «лъэкІыныгъэ зэрыдимыІэр къызыгурыІуэн зылъэмыкІ» дин пашэу зэрыщымытыр икІи «ШейтІаным гуэныхь дигъэщІэну зэрыхэтым хуэдэу, ди дин пашэшхуэми сыт и лъэныкъуэкІи гуэныхь иригъэщІэну» зэрыхэтар (Еврейхэм 4:15; 5:8). 144 000-ми гуэныхь пхэлъынымрэ усымэджэнымрэ зищІысыр ягъэунэхуащ. Аращ дэ шэч къыщІытедмыхьэр Хьисэрэ абы и гъусэнухэмрэ ди гурыщІэхэмрэ ди гугъуехьхэмрэ къазэрыгурыІуэнум.

СЫТ АЛЫХЬЫМ И ПАЩТЫХЬЫГЪУЭМ ИЩІЭНУР?

11. Алыхьыр зыхуейр уафэм зэрыщыхъуным теухуауэ я тхьэлъэІухэм хагъэхьэну щхьэ Хьисэ и гъэсэнхэр иригъаджэрэт?

11 Алыхьыр зыхуейр уафэм щыхъун хуейщ. Абы теухуауэ Иеговэ елъэІуну Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІэт . Мы тхылъым, 3-нэ псалъащхьэм къызэрыщытщІащи, ШейтІанымрэ абы и жин бзаджэхэмрэ Иеговэ щыпэщІэувам щыгъуэ, Алыхьым ахэр хуит ищІащ зэман гуэркІэ уафэм къыщынэну. Абы къегъэлъагъуэ а зэманым уафэм щыІэ псоми Алыхьыр зыхуейр ягъэзащІэу зэрыщымытар. Иблисымрэ жин бзаджэхэмрэ теухуауэ 10-нэ псалъащхьэм нэхъыбэ къыщыпщІэнущ.

12. Апокалипсис 12:10 мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ ІуэхугъуитІым и гугъу ищІрэ?

12 Библием зэрыжиІэмкІэ, Хьисэ Пащтыхь зэрыхъуу занщІэу ШейтІаным зауэ ирищІылІащ. (Къеджэ Апокалипсис 12:7—10.) 10-нэ едзыгъуэр мыхьэнэшхуэ зиІэ ІуэхугъуитІым топсэлъыхь. Япэрауэ, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр еухуэ икІи Хьисэ абы и Пащтыхь мэхъу. ЕтІуанэрауэ, ШейтІаныр щІылъэм кърадзых. А ІуэхугъуитІыр къэхъуакІэщ.

13. Уафэм сытым зыщихъуэжа, ШейтІаныр абы кърадзыха нэужь?

13 Библием итщ: «Фэ, уафэхэри, фэ, уафэхэм щыпсэухэри, фыгуфІэ!» (Апокалипсис 12:12). ШейтІанымрэ абы и жин бзаджэхэмрэ уафэм къызэрырадзыхам Иеговэ хуэпэж мелыІычхэр хуабжьу игъэгуфІащ! Иджы Алыхьыр зыхуейр уафэм щыІэ псоми ягъэзащІэ икІи ахэр мамыру, зэкъуэту мэпсэу.

Дунейм къыщекІуэкІыр: гузэвэгъуэшхуэхэр, зауэхэр, щІэпхъаджагъэр, дыкъэзыухъуреихь дунейр зэрауцІэпІыр

Иблисымрэ жин бзаджэхэмрэ уафэм къызэрырадзыхрэ щІылъэм гузэвэгъуэр тез хъуащ. Ауэ куэд мыщІэу ди гугъуехьхэм кІэ къахуэкІуэнущ

14. ШейтІаныр уафэм къызэрырадзыхам сыт щІылъэм къыхуихьар?

14 Ауэ щІылъэм Іуэхур нэгъуэщІущ зэрыщытыр. ЦІыхухэр хьэзабымрэ гузэвэгъуэмрэ хэкІкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ШейтІаным «и гум губжьышхуэ илъщ» икІи абы ещІэ «зэману езым къыхуэнэжыр зэрымащІэр» (Апокалипсис 12:12). Уафэм кърадзыха ШейтІаныр къэгубжьащ икІи абы ещІэ куэд мыщІэу кІэ къызэрыхуэкІуэнур. Гуауэр, узыр, гугъуехьыр щІылъэм нэхъыбэ щыхъун щхьэкІэ абы хузэфІэкІ къигъанэкъым.

15. Алыхьым щІылъэм сыт хуэдэ мурад хуиІэр?

15 Алыхьым щІылъэм хуиІэ мурадым зихъуэжакъым. Ар хуейщ щІыр жэнэт хъууэ, цІыху дагъуэншэхэр абы щыпсэуну (Псалом 37:29). Дауэ Пащтыхьыгъуэм Алыхьым и мурадыр зэригъэзэщІэнур?

16, 17. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ Даниил 2:44 сыт щыжыІар?

16 Бегъымбар Даниил итхыжа тхылъым итщ: «А пащтыхьхэм я зэманым уафэм щыІэ Алыхьым зэи мыкъутэжыну пащтыхьыгъуэ игъэувынущ. А пащтыхьыгъуэр нэгъуэщІ лъэпкъхэм иратыжынукъым. Абы зэтрикъутэнущ икІи зэтригъэщэхэнущ пащтыхьыгъуэ псори, ауэ езыр игъащІэкІэ щытынущ» (Даниил 2:44). Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ сыт мы едзыгъуэм къыдигъащІэр?

17 Япэр: Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм «а пащтыхьхэм я зэманым» тепщэн щІидзэнущ. Абы къегъэлъагъуэ цІыху къэралыгъуэхэр иджыри щІылъэм щыІэу Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн зэрыщІидзэнур. ЕтІуанэр: Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр игъащІэкІэ щытынущ икІи абы и пІэм нэгъуэщІ зыри иувэнукъым. Ещанэр: Алыхьым и Пащтыхьыгъуэмрэ дунейм тет къэралыгъуэхэмрэ я зэхуаку зауэ къыщыхъеинущ. Пащтыхьыгъуэр текІуэнурэ дуней псом и тепщэ хъунущ. А пащтыхьыгъуэм хуэдэ зэи щыІакъым икІи щыІэнукъым.

18. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэмрэ дуней псом и пащтыхьхэмрэ я зэхуаку къыдыхьэну зауэм сыт зэреджэр?

18 Дауэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр щІылъэм и тепщэ зэрыхъунур? Библием зэрыжиІэмкІэ, жин бзаджэхэм «лъэкІыныгъэшхуэ псори зиІэ Тхьэм и махуэшхуэм щыгъуэ зэуэну, дуней псом я пащтыхьхэм я деж кІуэурэ, ахэр зэхуашэс». Дуней псом и пащтыхьхэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм пэщІэувэнущ, ауэ текІуэнур Алыхьым и Пащтыхьыгъуэращ. А зауэм и цІэр Армагеддонщ. (Апокалипсис 16:14, 16; 10-нэ Приложением еплъ).

19, 20. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм апхуэдизу дыщІыхуэныкъуэр сыт?

19 Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм апхуэдизу дыщІыхуэныкъуэр сыт? Абы щхьэусыгъуищ иІэщ. Япэрауэ, гуэныхьым къыхэкІкІэ цІыхуу хъуар мэсымаджэ икІи гува-щІэхами мэлІэж. Ауэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм гъащІэ мыухыж къытхуихьынущ. Иуан 3:16 щыжыІащ: «Тхьэм дунейм и цІыхухэр апхуэдизкІэ фІыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэмкІэ фІэщхъуныгъэ зиІэ дэтхэнэри мыкІуэду къелын икІи мыкІуэдыжын гъащІэ иІэ хъун щхьэкІэ».

20 ЕтІуанэрауэ, дыщыпсэу дунейм цІыху бзаджэхэр кІуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу. ПцІымрэ хабзэншагъэмрэ дунейр зэщІищтащ. ЦІыху къарукІэ Іейм упэлъэщынукъым, Алыхь закъуэращ абы текІуэнур. Армагеддон зауэм цІыху бзаджэхэм кІэ къащыхуэкІуэнущ. (Къеджэ Псалом 37:10.) Ещанэрауэ, тепщэныгъэ зиІэ цІыху куэдым лей зэрахьэ икІи Іулъхьэ къащтэ. Абыхэм цІыхухэм я гугъуехьхэм кІэ иратыфынукъым. ЦІыхухэр Алыхьым едэІуэну абыхэм хуагъэушкъым. Библием щыжыІащ: «ЦІыхум адрей цІыхум зэран хуэхъуу унафэ хуещІ» (Экклезиаст 8:9).

21. Дауэ Пащтыхьыгъуэм Алыхьым щІылъэм хуиІэ мурадыр зэригъэзэщІэнур?

21 Армагеддон нэужьым Алыхьым щІылъэм хуиІэ мурадыр Пащтыхьыгъуэм игъэзэщІэнущ. Иблисымрэ жин бзаджэхэмрэ щыІэжынукъым (Апокалипсис 20:1—3). ЦІыхухэр афІэкІа сымэджэнукъым икІи лІэжынукъым. Щхьэщэхужым и фІыгъэкІэ Алыхьым хуэжыІэдаІуэ цІыхухэр жэнэтыщІым гъащІэ мыухыж яІэу щыпсэунущ (Апокалипсис 22:1—3). Псом нэхъапэращи, Пащтыхьыгъуэм Алыхьым и цІэр игъэлъэпІэнущ. Дапхуэдэу? Пащтыхьыгъуэм и лъабжьэ щІэтыну цІыхуу хъуам Иеговэ и цІэр ягъэлъэпІэнущ. (21-нэ Приложением еплъ.)

ДАПЩЭЩ ХЬИСЭ МЭССИХЬ ПАЩТЫХЬ ЩЫХЪУАР?

22. ЩІылъэм щыщыІэми, уафэм дэкІуеижа нэужь занщІэуи Хьисэ Пащтыхь зэрымыхъуар дэнэ дэ щытщІэр?

22 «Уи Тепщэныгъэшхуэр кърекІуэ»,— жаІэу Алыхьым елъэІуну Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр игъасэт. Мы псалъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкІэ, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр а зэманым иджыри теуватэкъым икІи Хьисэ абы и Пащтыхьу щыттэкъым. НтІэ, Хьисэ уафэм зэрыдэкІуеижу занщІэу Пащтыхь хъуауэ пІэрэ? Хьэуэ, ар зэман гуэркІэ и увыпІэм пэплъэн хуейт. Дэнэ дэ ар щытщІэр? Апхуэдэу зэрыщытынур Псалом 110:1 щыжыІауэ щытащ: «Уи бийхэр уи лъэгу щІэзгъэувэху, си ижьырабгъумкІэ къызбгъэдэс». Паулрэ Петррэ зэрыжаІащи, мы псалъэхэр лІахэм къахэтэджыкІыжа Хьисэ и деж гъэзэщІа щыхъуащ (Апостолхэм 2:32—35; Еврейхэм 10:12, 13). Хьисэ уафэм дэкІуеижа нэужь иджыри зэман гуэркІэ пэплъащ Иеговэ ар Пащтыхьу тригъэувэным. Дапхуэдизрэт ар зэрыпэплъэн хуейр?

Алыхьым щІылъэм хуиІэ мурадыр Пащтыхьыгъуэм игъэзэщІэнущ

23. 1) Дапщэщ Хьисэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхь щыхъуар? 2) КъыкІэлъыкІуэ псалъащхьэм сыт къыщытщІэнур?

23 1914-нэ гъэм Хьисэ Пащтыхь хъуащ (Псалом 110:2). ГъэщІэгъуэныращи, а гъэр къэмыс щІыкІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэ цІыху гупым къыгурыІуэт 1914-нэ гъэм мыхьэнэшхуэ зэриІэр. А гъэм щыщІэдзауэ дунейм къыщыхъуа Іуэхугъуэхэм къагъэлъэгъуащ а гупыр зэрыщымыуар. 1914-нэ гъэм Хьисэ Пащтыхь зэрыхъуу япэ дыдэу сыт ищІар? Абы Иблисыр уафэм къридзыхащ. Иджы ШейтІаным «зэману... къыхуэнэжыр» мащІэщ (Апокалипсис 12:12). КъыкІэлъыкІуэ псалъащхьэм къыщытщІэнущ пэж дыдэу дэ мы дунейм и иужьрей махуэхэм дызэрыщыпсэур. Абы нэмыщІ Алыхьым щІылъэм хуиІэ мурадыр куэд мыщІэу Пащтыхьыгъуэм зэригъэзэщІэнум щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр зэпкърытхынущ. (22-нэ Приложением еплъ.)

МЫ ПСАЛЪАЩХЬЭМ ЗИ ГУГЪУ ИЩІЫР

1. АЛЫХЬЫМ И ПАЩТЫХЬЫГЪУЭР УАФЭМ ЩЫІЭЩ

«Уи Тепщэныгъэшхуэр кърекІуэ. Уэ узыхуейр уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щІылъэми щрехъу» (Маттэ 6:9—13).

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зищІысыр сыт?

  • Апокалипсис 11:15

    Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр уафэм щыІэми, ар щІылъэм и тепщэу щытынущ.

  • Апокалипсис 17:14

    Хьисэ Мэссихь Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьщ.

  • Апокалипсис 14:1, 4, ДЩІ

    Пащтыхь 144 000-р Хьисэ и дэІэпыкъуэгъуу щытынущ.

  • Еврейхэм 4:15; 5:8

    Хьисэрэ абы и гъусэнухэмрэ ди гурыщІэхэмрэ ди гугъуехьхэмрэ къагуроІуэ.

2. ХЬИСЭ МЭССИХЬ ХУЭДЭ ТЕПЩЭ ЩЫІЭКЪЫМ

«Абы тхьэмыщкІэхэм пэжу хьэкум ятрищІыхьынущ» (Исаия 11:4).

Хьисэ хуэдэ тепщэ сыт мы дунейм щІытемытыр?

  • Рим 6:9

    ЦІыху пащтыхьхэр гува-щІэхами дунейм йохыж, ауэ Хьисэ и гъащІэм зэи кІэ иІэнукъым. Хьисэ къытхуищІэну фІыгъуэхэри зэи иухынукъым.

  • Исаия 11:2—4

    Мы дунейм тепщэныгъэ зиІэ псоми я зэфІэкІхэмрэ я къарумрэ нэхърэ куэдкІэ нэхъыбэ зэфІэкІрэ къарурэ Хьисэ бгъэдэлъщ. Абы захуагъэрэ гущІэгъурэ хэлъщ.

3. АЛЫХЬЫМ И МУРАДЫР ПАЩТЫХЬЫГЪУЭМ ИГЪЭЗЭЩІЭНУЩ

«Уафэм щыІэ Алыхьым зэи мыкъутэжыну пащтыхьыгъуэ игъэувынущ» (Даниил 2:44).

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм сыт ищІар? Сыт абы дяпэкІэ ищІэнур?

  • Апокалипсис 12:7—12

    1914-нэ гъэм Хьисэ Пащтыхь зэрыхъуу Иблисыр уафэм къридзыхащ. Абы иужькІэ щІылъэм гуауэр, узыр, гугъуехьыр нэхъыбэ щыхъуащ.

  • Экклезиаст 8:9; Апокалипсис 16:16

    Армагеддон зауэм лей зезыхьэхэмрэ цІыху бзаджэхэмрэ кІэ къащыхуэкІуэнущ.

  • Псалом 37:10

    ЦІыху Іейхэр кІуэдыжынущ.

  • Апокалипсис 22:1—3

    Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъабжьэ щІэтхэр зэи сымэджэнукъым икІи лІэжынукъым. Псоми Иеговэ и цІэр ягъэлъэпІэнущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын