ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • yc 7-нэ урокыр, н. 16—17
  • Уи закъуэу къыщыпщыхъу икІи ущышынэ къэхъурэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Уи закъуэу къыщыпщыхъу икІи ущышынэ къэхъурэ?
  • Фи сабийхэр вгъасэ
  • Мыбы ещхь материал
  • Иеговэ бегъымбар Иляс егъэгушхуэ
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
  • Гугъу ущехьым деж Иеговэ щыгугъ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Иеговэ — Алыхь пэжщ
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
Фи сабийхэр вгъасэ
yc 7-нэ урокыр, н. 16—17
ЩІалэ цІыкІур и закъуэщ икІи мэшынэ

7-НЭ УРОК

Уи закъуэу къыщыпщыхъу икІи ущышынэ къэхъурэ?

Сурэтым тет щІалэ цІыкІум еплъыт. Болъагъу, абы и закъуэу къэнауэ къызэрыщыхъур икІи зэрышынэр. Уэри апхуэдэу къыщыпщыхъу къэхъурэ?~ Апхуэдэ гупсысэхэр иныкъуэхэм деж дэтхэнэ зыми дигу къокІ. Шынэ икІи закъуэныгъэ зыхэзыщІэу щыта Иеговэ и ныбжьэгъу гуэрхэм теухуауэ Библием къыдегъащІэ. Абыхэм щыщ зыт Иля́с. ИІэ, абы теухуауэ нэхъыбэ къэдгъащІэ.

Езавел губжьауэ мэкІий

Езавел Иляс иукІыну хуейт

Хьисэ Мэссихь къалъхуным зэман куэд иІэу, Иляс Изра́илым щыпсэуащ. Аха́вкІэ зэджэ Израилым и пащтыхьыр Алыхь пэж Иеговэ хуэлажьэтэкъым. Ахаврэ абы и щхьэгъусэ Езаве́лрэ тхьэ нэпцІ Ваа́лыр ягъэлъапІэт. Абы щхьэкІэ Израилым щыщ куэд Ваалым хуэлажьэу щІадзащ. Езавел Іейуэ бзаджэт икІи Иеговэ хуэлажьэ псори иукІыну хуейт, Иляси хэту. ПщІэрэ Иляс ищІар?~

Ар губгъуэ нэщІым жэри бгъуэнщІагъым зыщигъэпщкІуащ. Дауэ уеплърэ, сыт абы апхуэдэу щІищІар?~ Ар шынати аращ. Ауэ ар шынэн хуейтэкъым. Сыт щхьэкІэ? Абы ищІэт Иеговэ къызэрыдэІэпыкъуфынур. Иеговэ и къарур Иляс япэми иригъэлъэгъуат. Зэ апхуэдэу Иеговэ абы и лъэІум жэуап къритри, уафэм мафІэ къригъэхат. Иджыи Иеговэ хузэфІэкІынут абы дэІэпыкъуну!

Иеговэ Иляс и лъэІум жэуап къритри, уафэм мафІэ къригъэхащ; Иляс бгъуэнщІагъым щІэсщ; Иеговэ и псалъэхэр щызэхихым Иляс гуфІащ

Дауэ Иеговэ Иляс зэрыдэІэпыкъуар?

Иляс бгъуэнщІагъым щІэсу, Иеговэ абы зыкъыхуигъазэри къеупщІащ: «Сыт мыбы щыпщІэр?» Иляс жиІащ: «Уи лэжьакІуэхэм щыщу сэ зыращ къэнар. ИкІи сэри саукІынкІэ сошынэ». Иляс игугъэт Иеговэ и лэжьакІуэхэр псори яукІауэ. Ауэ Иеговэ Иляс жриІащ: «Умышынэ! Уи закъуэкъым къэнар. Иджыри сэ схуэлажьэу цІыху 7 000 къэнащ. Сэ Іуэху гуэр уэзгъэщІэну сыхуейщ!» Дауэ уеплърэ, гуфІа Иляс ар щызэхихам?~

Иляс и щапхъэм сытым дыхуригъасэрэ?~ Умышынэ икІи уи закъуэу уимыгугъэ. Иеговэрэ уэрэ фІыуэ зылъагъу ныбжьэгъу узэриІэр уигу игъэлъ. Иеговэ къаруушхуэ зэриІэр икІи сыт щыгъуи къызэрыбдэІэпыкъуныр зыщомыгъэгъупщэ. Узэримызакъуэр пщІэну фІыщ, пэжкъэ?~

БИБЛИЕМ ФЫКЪЫЩЕДЖЭ

  • 1 Царей 19:3—18

  • Рим дэсхэм 11:2—4

  • Псалом 145:18

  • 1 Петр 5:9

УПЩІЭХЭР:

  • Иляс и зэманым цІыхухэм я нэхъыбэр Иеговэ хуэлажьэу щыта? Хэтыт ахэр зыхуэлажьэр?

  • Иляс бгъуэнщІагъым зыщІыщигъэпщкІуар сыт?

  • Сыт Иеговэ Иляс жриІар?

  • Иляс и щапхъэм сытым дыхуригъасэрэ?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын