ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • yc 5-нэ урокыр, н. 12—13
  • Самуел Алыхьым сыт щыгъуи пэжу хуэлажьэрт

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Самуел Алыхьым сыт щыгъуи пэжу хуэлажьэрт
  • Фи сабийхэр вгъасэ
  • Мыбы ещхь материал
  • ЩІалэ цІыкІум Алыхьым къулыкъу хуещІэ
    Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
  • Иеговэ Самуел йопсалъэ
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
  • Псори зыхузэфІэкІ, ауэ гулъытэрэ зэхэщІыкІрэ зыхэлъ Алыхь
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Самуел щапхъэ тех
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2022
Фи сабийхэр вгъасэ
yc 5-нэ урокыр, н. 12—13

5-НЭ УРОК

Самуел Алыхьым сыт щыгъуи пэжу хуэлажьэрт

Самуе́л зэрыцІыкІунитІэ лъандэрэ Иеговэ и шэтырым щылажьэрт икІи абы и гъунэгъуу псэут. ЦІыхухэр а шэтырым кІуэт Иеговэ ягъэлъэпІэну. ПщІэрэ абы Самуел зэрыкІуа щІыкІэр? ЯпэщІыкІэ абы и анэ А́ннэ зэдгъэцІыхунщ.

Куэд щІауэ Аннэ сабий хуейт, ауэ иІэтэкъым. Абы къыхэкІыу ар Иеговэ елъэІут сабий къритыну. Аннэ псалъэ итащ къуэ къилъхумэ, Алыхьым и шэтырым ар щылэжьэну иритыну. Иеговэ абы и лъэІум жэуап къритри, Аннэ къуэ къилъхуащ. Абы Самуел фІищащ. Аннэ, псалъэ итам тету, Самуел илъэсищ-плІы хъууэ Алыхьым и шэтырым щылэжьэну иритащ.

А зэманым Алыхьым и шэтырым дин пашэ нэхъыщхьэу И́лий щылажьэрт. Абы и къуитІри дин пашэу щытт. А шэтырыр Алыхьым и унэу щытащ, абы щхьэкІэ абы щылажьэхэм Іуэху Іей ялэжь хъунутэкъым. Ауэ, абы емылъытауэ, Илий и къуэхэм Іуэхугъуэ Іей куэд ящІэт. Самуел а псор илъагъут. Илий и къуэхэм хуэдэу Самуел Іуэхугъуэ Іей ищІэу щыта?~ Хьэуэ. Ар цІыхуфІу щытащ — и адэ-анэм зэрагъэсам хуэдэу.

Илий и къуэхэм теухуауэ сыт хуэдэ унафэт ищІын хуейр? Уэ дауэ уеплърэ?~ Алыхьым и унэм афІэкІа щимыгъэлэжьэну унафэ ищІын хуейт. Ауэ Илий апхуэдэу ищІакъым. Абы щхьэкІэ Иеговэ Илийрэ абы и къуэхэмрэ хуэгубжьащ. Алыхьым мурад ищІащ абыхэм тезыр ятрилъхьэну.

НыбжьыщІэ Самуел дин пашэ нэхъыщхьэ Илий йопсалъэ

Иеговэ и псалъэхэр Самуел Илий жриІэжащ

Зы жэщ гуэрым, Самуел жейуэ, «Самуел!» жиІэу зыгуэр къеджэу зэхихащ: Ар Илий деж жащ, ауэ абы «Сыноджакъым» къыжриІащ. Апхуэдэу Самуел Илий деж иджыри тІэу кІуащ. Апщыгъуэ Илий Самуел жриІащ иджыри зэ а макъыр къеджэу зэхихмэ, мыпхуэдэу жиІэну: «ЖыІэ, Иеговэ, сынодаІуэ». Апхуэдэ дыдэу Самуел ищІащ. Иеговэ Самуел унафэ хуищІащ: «Илий жеІэ и унагъуэм я Іуэху Іейхэм щхьэкІэ тезыр зэрытеслъхьэнур». Дауэ уеплърэ, тыншу пІэрэт Самуел дежкІэ а унафэр игъэзэщІэну?~ ДауикІ тынштэкъым. Самуел, зэрышынэм емылъытауэ, Иеговэ зэрыжиІам хуэдэу ищІащ. ИкІи Иеговэ и псалъэхэр псори къэхъуащ! Илий и къуитІыр яукІащ, езы Илийи лІащ.

Самуел дэ щапхъэфІ тхуохъу. Самуел сыт щыгъуи Алыхьым едаІуэу щытащ, адрейхэм апхуэдэу ямыщІэми. Уэ-щэ? Самуел хуэдэу уэри жыІэдаІуэу ущытыну? Апхуэдэу пщІэмэ, Иегови уи адэ-анэри бгъэгуфІэнущ.

БИБЛИЕМ ФЫКЪЫЩЕДЖЭ

  • 1 Самуила 2:22—26; 3:1—21

УПЩІЭХЭР:

  • Самуел и анэм сыт хуэдэ псалъэт итар?

  • Илий и къуэхэр дапхуэдэу зэрыщытар?

  • Иеговэ Самуел сыт хуэдэ унафэ хуищІар?

  • Самуел сыткІэ щапхъэфІ тхуэхъурэ?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын