13-НЭ УРОКЫР
Динхэм сыт къащыщІынур?
1. Алыхьым дин псори къищтэрэ?
Дэтхэнэ зы динми Алыхьыр арэзы зыщІыну хуей цІыхухэр хэтщ. Алыхьым апхуэдэ цІыхухэм гу зэрылъитэр икІи ядэІэпыкъуну зэрыхуейр пщІэну гуапэщ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, диным и цІэкІэ лей куэд зэрахьащ (2 Коринф 4:3, 4; 11:13—15). Ноби хъыбарыщІэхэм къызэрагъэлъагъуэмкІэ, терроризмымкІэ, геноцидымкІэ, зауэхэмкІэ, сабийхэм гущІэгъуншэу хущытынымкІэ икІи абыхэм лей ехынымкІэ диныр щІэх-щІэхыурэ ягъэкъуаншэ. Зигу къабзэ икІи Алыхьыр зи фІэщ хъу цІыхухэр апхуэдэ хъыбархэм Іейуэ ягъэгузавэ! (Къеджэ Маттэ 24:3—5, 11, 12.)
Дин пэжым Алыхьыр егъэлъапІэ, дин нэпцІым Алыхьым и цІэр егъэулъий. Дин нэпцІым цІыхухэр Библием имытым хурегъаджэ, псалъэм папщІэ, Алыхьым теухуауэ икІи цІыхум лІа нэужь къыщыщІым теухуауэ пцІым хурегъаджэ. Ауэ Иеговэ хуейщ езым теухуа пэжыр цІыхухэм ящІэну (Иезекииль 18:4). (Къеджэ Рим 6:23; 1 Тимофей 2:3—5.)
2. Динхэм сыт къащыщІынур?
Дин нэпцІхэм Алыхьыр къазэрыхуэмыгъэпцІэныр зэрытщІэм ди гум гупсэхугъуэ кърелъхьэ. Алыхьыр фІыуэ ялъагъуу жаІэу, ауэ ШейтІаным и дунейр фІыуэ зылъагъухэм я фэрыщІагъыр абы елъагъу (Екъуб 4:4). Алыхьым и Псалъэр дин нэпцІхэм «Бабилэн къалэшхуэкІэ» йоджэ. Бабилэныр ар Нухь и зэманым щыІа Псыдзэшхуэм иужь дин нэпцІыр къыщыунэхуа къалэращ. Куэд мыщІэу Алыхьым цІыхухэр къэзыгъапцІэ, гугъу езыгъэхь дин нэпцІ псоми хьэкум ятрищІыхьынущ. Алыхьым ахэр напІэзыпІэм игъэкІуэдыжынущ. (Къеджэ Апокалипсис 17:1, 2, 5, 16, 17; 18:8.)
Иджыри зы хъыбарыфІ щыІэщ. Иеговэ дин нэпцІхэм хэт зигу къабзэ цІыхухэр щыгъупщакъым. Апхуэдэ цІыхухэр езым и деж кърешалІэри, пэжым хурегъаджэ. (Къеджэ Иуан 6:45.)
3. Алыхьыр арэзы зыщІыну хуей цІыхухэм сыт ящІэн хуейр?
Дин пэжым цІыхухэр зэкъуэт ещІ
Пэжыр зыщІэну хуей цІыхухэр Иеговэ лъапІэу елъытэ. Апхуэдэ цІыхухэр абы хуегъэуш дин нэпцІыр къагъэнэну. Алыхьыр фІыуэ зылъагъухэм абы и гуапэ ящІын щхьэкІэ, захъуэжыну хьэзырщ. (Къеджэ Апокалипсис 18:4.)
Япэ лІэщІыгъуэм псэуа зигу къабзэ цІыхухэм Хьисэ и апостолхэм хъыбарыфІыр ягъэІуу щызэхахам ар яфІэфІу къащтащ. Абыхэм Алыхьым и жыІэм щІэту псэууэ зэрызрагъэсам и фІыщІэкІэ гугъэ яІэ хъуащ, я гъащІэми мыхьэнэ къыхилъхьащ. Дэ абыхэм щапхъэфІ къытхуагъэнащ занщІэу хъыбарыфІыр къащтэу я гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэрыралъхьамкІэ. (Къеджэ 1 Фессалоникэ 1:8, 9; 2:13.)
Дин нэпцІыр къэзыгъэнэну хуейхэр Иеговэ и унагъуэм щыщ хъуну кърегъэблагъэ. Уэри апхуэдэ лъэбакъуэ пчымэ, абы и ныбжьэгъу ухъуфынущ икІи абы и лэжьакІуэ пэжхэм щыщу ныбжьэгъу куэд къэбгъуэтыфынущ. КъэкІуэну зэманми гъащІэ мыухыж уиІэу упсэуфынущ. (Къеджэ Маттэ 19:29; 2 Коринф 6:17, 18.)
4. Алыхьым цІыхухэм щхьэхуитыныгъэ дапхуэдэу къазэрыхуихьынур?
Мыгувэу Алыхьым дин нэпцІыр игъэкІуэдыжынущ икІи абы цІыхухэм щхьэхуитыныгъэ къахуихьыжынущ. Дин нэпцІым афІэкІа цІыхухэр зэи къигъэпцІэжыфынукъым икІи цІыхухэр гуп-гупурэ игуэшыжыфынукъым. Абы щыгъуэ псори зы унагъуэм хуэдэу зэкъуэту Алыхь пэж Иеговэ хуэлэжьэнущ. (Къеджэ Апокалипсис 18:20, 21; 21:3, 4.)