24 Статьяр
Фи гупсысэкІэр фхуэхъуэжынущ!
«Гупсысэ пхэнжхэри, цІыхухэм Тхьэр зэращІэным пэувыну зыкъэзыІэт пагэныгъэ псори догъэкІуэд» (2 КОР. 10:4, 5).
127-НЭ УЭРЭДЫР Сыт хуэдэ цІыхуу сыщытын хуей?
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм сыт Паул яхуитхауэ щытар?
ЯПЭ ЛІЭЩІЫГЪУЭМ псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм апостол Паул яхуитхауэ щытащ: «Мы лъэхъэнэм и хабзэхэм Іэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу» (Рим 12:2). Я гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэм изылъхьа, уафэм кІуэну гугъэ зиІэ къуэш, шыпхъухэм апхуэдэ псалъэхэр сыт Паул яхуитхын хуей щІэхъуар? (Рим 1:7).
2, 3. Иеговэ дыбгъэдишыну ШейтІаныр дауэ зэрыхэтыр икІи ди акъылым лъабжьэ быдэ щызыщІа гупсысэхэр дапхуэдэу зэрыдгъэкІуэдынур?
2 Хьисэ и лъэужь ирикІуэ языныкъуэхэм ШейтІаным и дунейм иІэ еплъыкІэр зэрызыхалъхьам Паул иригузавэт (Еф. 4:17—19). Дэри апхуэдэ къытщыщІыфынущ. Мы дунейм и тепщэу щыт ШейтІаным Иеговэ дыбгъэдишын щхьэкІэ Іэмал зэмылІэужьыгъуэ къегъэсэбэп. Псалъэм папщІэ, ди щхьэр фІыуэ зэрытлъагъужымрэ сыт щыгъуи псоми гулъытэ къытхуащІыну дызэрыхуеймрэ къигъэсэбэпыфынущ. Абы нэмыщІ езым и лъэныкъуэр дигъэубыдын щхьэкІэ абы гъэсэныгъэ къыдбгъэдалъхьар, щІэныгъэ диІэр икІи ди культурэр къигъэсэбэпыфынущ.
3 Ди акъылым лъабжьэ быдэ щызыщІа гупсысэхэр дгъэкІуэдыфыну пІэрэ? (2 Кор. 10:4). Паул итхам гу лъыфтэ: «Гупсысэ пхэнжхэри, цІыхухэм Тхьэр зэращІэным пэувыну зыкъэзыІэт пагэныгъэ псори догъэкІуэд, сыт хуэдэ гуращэри Мэссихь хуэІурыщІэну доубыд» (2 Кор. 10:4, 5). Пэжщ, Иеговэ къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэкІэ сыт хуэдэ гупсысэ нэпцІри тхуэгъэкІуэдынущ. Щхъухьым къыпхуихь зэраныр хущхъуэм зэригъэкІуэдым хуэдэу, ШейтІаным и дунейм къытхуихь зэраныр дгъэкІуэдыну Алыхьым и Псалъэр къыддэІэпыкъуфынущ.
«ТХЬЭМ ФИ ГУМ ИЛЪХЭР ЗЭРЫРЕХЪУЭКІ»
4. Куэдым сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр ящІа пэжыр къащІа иужь?
4 Алыхьым и Псалъэм ит пэжыр къафщІэу, Иеговэ фыхуэлэжьэну мурад фщІа иужь зэхъуэкІыныгъэ фщІахэр фигу къэвгъэкІыж. Дэ тщыщ куэдым я дуней тетыкІэр яхъуэжын хуей хъуащ (1 Кор. 6:9—11). Дэ Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ Іуэху мыхъумыщІэхэр къэдгъэнэну къызэрыддэІэпыкъуам щхьэкІэ.
5. Рим 12:2 зэритымкІэ, сыт хуэдэ ІуэхугъуитІ тщІэн хуейр?
5 Ауэ адэкІи ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хэтлъхьэн хуэмейуэ дегупсыс хъунукъым. Иеговэ и Щыхьэт дыхъуа иужь дэ афІэкІа гуэныхьышхуэхэр дымыщІэми, мыхъумыщІагъэм дыхуэзыгъэушын дэтхэнэ зы Іуэхуми зыпыІуддзын хуейщ. Сыт абыкІэ къыддэІэпыкъунур? Паул къыдгурегъаІуэ: «Мы лъэхъэнэм и хабзэхэм Іэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу. Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкІ, хьэл-щэныфІ фхэлъ хъун щхьэкІэ» (Рим 12:2). Аращи, ІуэхугъуитІ тщІэн хуейщ. Япэрауэ, «мы лъэхъэнэм и хабзэхэм Іэрылъхьэ» зыхуэдгъэхъун хуейкъым, нэгъуэщІу жыпІэмэ мы дунейм ди гупсысэкІэр ихъуэжыну хуит тщІы хъунукъым. ЕтІуанэрауэ, ди гум илъхэр Алыхьым зэрихъуэкІыну хуит тщІын хуейщ, нэгъуэщІу жыпІэмэ ди еплъыкІэхэр тхъуэжын хуейщ.
6. Маттэ 12:43—45 ит Хьисэ и псалъэхэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфынур?
6 «Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкІ» Паул щыжиІам щыгъуэ зи гугъу ищІар ди гум илъым, ди гупсысэкІэм, ди гурыщІэхэм икІи дызыхущІэкъум пыщІа зэхъуэкІыныгъэхэращ. («Зыфхъуэж, фэ зытевмыгъауэу» жыхуиІэ рамкэм феплъ.) Аращи, дэтхэнэ зыри дызэупщІыжын хуейщ: «Сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэ сэ сщІыр: пэж дыдэу си гумрэ си акъылымрэ илъыр схъуэжрэ, хьэмэрэ апхуэдэуи абы къару езмыхьэлІэрэ?» Мы упщІэм и жэуапым мыхьэнэшхуэ иІэщ. Маттэ 12:43—45 ит псалъэхэмкІэ Хьисэ къыдгуригъэІуащ тщІэн хуейр сытми. (Къеджэ.) Абы и псалъэхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ дерс хэтхыфынущ: гупсысэ Іейхэр дгъэкІуэдыныр мащІэщ, ахэр Алыхьыр зыгъэгуфІэ гупсысэхэмкІэ зэтхъуэкІын хуейщ.
«ФИ ГУМ ИЛЪРИ ФИ ГУПСЫСЭКІЭРИ ТХЬЭМ ЗЭРЕВГЪЭХЪУЭКІ»
7. Ди гум илъымрэ ди гупсысэкІэмрэ дауэ зэрытхъуэжынур?
7 Ди гум илъымрэ ди гупсысэкІэмрэ тхуэхъуэжыну пІэрэ? Алыхьым и Псалъэм щыжыІащ: «Фи гум илъри фи гупсысэкІэри Тхьэм зэревгъэхъуэкІын зэрыхуейр фагъэщІащ. Щыпкъагъэрэ гукъабзагъэрэ тэмэму фиІэнуи, езым фыхуэдэнуи, Тхьэм фыкъигъэхъужауэ, щэныщІэфІыр фащэу зэфшэкІын зэрыхуейри фагъэщІащ» (Еф. 4:23, 24). Апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэшхуэхуэр тхуэщІынущ, ар гугъуу щытми. ГурыщІэ Іейхэр зыхэднэнымрэ зыри Іей дымыщІэнымрэ и закъуэкъым дэ тщІэн хуейр. Ди гум илъри ди гупсысэкІэри Алыхьым зэредгъэхъуэкІын хуейщ. Абы щхьэкІэ ди дуней тетыкІэр, дызыхуейр икІи дызыхущІэкъур тхъуэжын хуейщ. Апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр тщІэн щхьэкІэ сыт щыгъуи къару етхьэлІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ.
8, 9. Ди зы къуэшым и щапхъэм дауэ къызэригъэлъагъуэр ди гупсысэкІэр тхъуэжыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр?
8 Япэм зэуэрейуэ щыта ди зы къуэшым и щапхъэр зэпкърытхынщ. Мызауэжу икІи емыфэжу хъуа иужь апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр зэрищІар ар здыщыпсэу къуажэм щыщ цІыхухэм хуабжьу ягъэщІэгъуащ икІи Иеговэ теухуауэ яІа еплъыкІэм зихъуэжащ. Ауэ псым зыщІигъэуа иужь, зы пщыхьэщхьэ гуэрым ди къуэшыр гъэунэхуапІэ ихуащ. Абы и унэм ефауэ зы цІыхухъу гуэр къыІухьэри къезэуэн и мураду къыщыхьащ. ЯпэщІыкІэ къуэшым зиІыгъащ. Ауэ а цІыхухъу ефам Иеговэ теухуауэ Іей жиІэу щыщІидзам ди къуэшыр къэгубжьащ. Ар унэм щІэкІри, цІыхухъур иубэрэжьащ. Сыт ди къуэшым зыщІыхуэмыІыгъар? Библие джыным и фІыгъэкІэ къэмыгубжьу зиІыгъыу зригъэса щхьэкІэ, абы гупсысэкІэ иІар ихъуэжатэкъым.
9 Ауэ ди къуэшым и Іэр ирихьэхакъым (Прит. 24:16, Гъэсэпэтхыдэхэр). Зэхуэсым и нэхъыжьхэр здигъэІэпыкъуурэ абы зихъуэжыфащ икІи иужькІэ езыри зэхуэсым и нэхъыжь хъуащ. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым япэм зэрыхуа Іуэхугъуэм хуэдэ дыдэ къуэшыр аргуэру пэщІэхуащ. Дыщызэхуэс Унэм деж ефауэ зы цІыхухъу къыІухьэри, зэхуэсым и нэхъыжь ди зы къуэш гуэр иубэрэжьыну иужь ихьат. Сыт иджы ди къуэшым ищІар? Ар щабэу, гуапэу а цІыхухъум епсалъэри тригъэужащ икІи и унэм нэс ишэжащ. Сыт ди къуэшыр япэм хуэдэу къыщІэмыгубжьар? Абы и гум илъри и гупсысэкІэри ихъуэжат. Иджы Иеговэ и фІыгъэкІэ ар цІыху мамыр икІи Іэдэб хъуащ.
10. Ди гупсысэкІэр тхъуэжын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
10 Апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр занщІэу пхуэщІынукъым. Дэ къарууэ диІэу хъуар етхьэлІэу илъэс бжыгъэкІэ дызэлэжьыжын хуеину къыщІэкІынщ (2 Пет. 1:5). Иеговэ куэд щІауэ дызэрыхуэлажьэм щхьэкІэ апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр езыр-езыру къэхъунукъым. Дэ тхузэфІэкІыу хъуар тщІэн хуейщ ди гупсысэкІэр тхъуэжын щхьэкІэ. АбыкІэ къыддэІэпыкъунум дытепсэлъыхьынщ.
ДИ ГУПСЫСЭКІЭР ДАУЭ ЗЭРЫТХЪУЭЖЫНУР?
11. Ди гупсысэкІэр тхъуэжыну дауэ тхьэлъэІур къызэрыддэІэпыкъур?
11 Япэрауэ, Алыхьым лъэІукІэ зыхуэдгъэзэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Псаломыр зытхам абыкІэ щапхъэфІ дигъэлъэгъуащ, абы жиІащ: «Гу къабзэ къызэт, си Алыхь, икІи къимыкІуэтын гу щІэуэ къысхэлъхьэ» (Пс. 51:10). Дэ къыдгурыІуэн хуейщ ди гупсысэкІэр зэрытхъуэжын хуейр икІи Иеговэ къыддэІэпыкъуну делъэІун хуейщ. Сыт шэч къытетхьэн щІыхуэмейр зытхъуэжыну Иеговэ къызэрыддэІэпыкъунум? Дигу къэдгъэкІыжынщ Иезекииль и зэманым псэуа жыІэмыдаІуэу щыт израил цІыхухэм щхьэкІэ Алыхьым жиІар: «Абыхэм зыгу естынущ икІи гу щІэуэ яхэслъхьэнущ. Мывэм къыхэщІыкІа гур я Іэпкълъэпкъым хэсхынурэ лыпцІэм къыхэщІыкІа гу естынущ [нэгъуэщІу жыпІэмэ, Алыхьым и псалъэхэр зэхэзыщІыкІ гу]» (Иез. 11:19). Иеговэ израил цІыхухэм ядэІэпыкъуну хуейт, абыхэм захъуэжын щхьэкІэ. Ар дэри къыддэІэпыкъуну хуейщ.
12, 13. 1) Псалом 119:59 зэритымкІэ, сыт дэ дызэгупсысын хуейр? 2) Сыт хуэдэ упщІэхэр зэттыж хъуну?
12 ЕтІуанэрауэ, дызэджамрэ тхъуэжын хуеймрэ дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Махуэ къэс Библием куууэ деджа иужь, зэман хухэтхын хуейщ сыт хуэдэ гупсысэхэмрэ гурыщІэхэмрэ тхъуэжын хуейми дегупсысыным. (Къеджэ Псалом 119:59b; Евр. 4:12; Екъуб 1:25.) Дэ зэхэдгъэкІын хуейщ мы дунейм къитхипщауэ гурыщІэ Іейхэмрэ хьэл мыхъумыщІэ гуэрхэмрэ диІэрэ димыІэрэ. Абы нэмыщІ къыдгурыІуэн хуейщ сытым дыдихьэхыфынуми икІи къарууэ диІэр етхьэлІэн хуейщ ар зэран зыхуэдмыгъэхъун щхьэкІэ.
13 Псалъэм папщІэ, узэупщІыж хъунущ: «Си гум фыгъуэныгъэмрэ пагагъэмрэ къимынауэ пІэрэ? (1 Пет. 2:1). СыкъызыхэкІам, щІэныгъэ сиІэм икІи мылъку збгъэдэлъым сримыпагэу пІэрэ? (Прит. 16:5, Гъэс.). Сэ сиІэм хуэдэ зимыІэ цІыхухэм нэхърэ нэхъыфІу зызмылъытэу пІэрэ? Лъэпкъ зэхэгъэж сымыщІу пІэрэ? (Екъуб 2:2—4). ШейтІаным и дунейм зыгуэрым сыдимыхьэхыу пІэрэ? (1 Ин. 2:15—17). Залымыгъэрэ зинэ щІэнрэ зыхэт зыгъэпсэхукІэхэр сигу иримыхьу пІэрэ? (Пс. 97:10; 101:3; Ам. 5:15)». Мы упщІэхэм я жэуапхэр къыддэІэпыкъунущ дызэлэжьын хуейр къыдгурыІуэну. Куууэ тхэпщауэ тхэлъ хьэл мыхъумыщІэхэр зэрызыхэднэмкІэ Иеговэ дгъэгуфІэнущ (Пс. 19:14).
14. Іущагъ хэлъу ныбжьэгъу къыхэпхыным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
14 Ещанэрауэ, Іущагъ хэлъу ныбжьэгъу къыхэпхын хуейщ. Дыхуей-дыхуэмейми, дызигъусэ цІыхухэм щапхъэ тыдох (Прит. 13:20, Гъэс.). ЛэжьапІэм е школым дызрихьэлІэ цІыхухэр, дауикІ, къыддэІэпыкъунукъым Иеговэ зыгъэгуфІэну гупсысэхэр зыхэтлъхьэну. Ауэ ди зэхуэсхэм ныбжьэгъуфІхэр къыщыдгъуэтыфынущ. Абы щыІэ ди къуэш, ди шыпхъухэм дыхуагъэуш «ди гум фІылъагъуныгъэ илъыну, фІы щІэнми дыхэтыну» (Евр. 10:24, 25).
«ФІЭЩХЪУНЫГЪЭ БЫДЭ» ЗИВГЪЭІЭ
15, 16. Дауэ ШейтІаным ди гупсысэкІэр ихъуэжыну зэрыхэтыр?
15 Зыщывмыгъэгъупщэ ШейтІаным ди гупсысэкІэр ихъуэжыну зэрыхэтыр. Абы ещІэ Алыхьым и Псалъэм ит пэжым ди гупсысэкІэр фІыкІэ зэрихъуэжыр. Абы къыхэкІкІэ ШейтІаным гупсысэ зэмылІэужьыгъуэхэр къегъэсэбэп ди еплъыкІэм зэран хуэхъуу Алыхьым и Псалъэм итым шэч къытетхьэу щІыдигъэдзэн щхьэкІэ.
16 ШейтІаным Іэдэн жыг хадэм Хьэуа иритауэ щыта упщІэр дэри къыдиту жыпІэ хъунущ. Ар Хьэуа мыпхуэдэу еупщІат: «Пэж дыдэу жиІа Тхьэм?..» (ЩІэдз. 3:1). Пэжым шэч къытетхьэу дызыщІыфын гупсысэ куэд ШейтІаным и ІэмыщІэм илъ дунейм щызэхэтхыфынущ. Псалъэм папщІэ, мыпхуэдэ упщІэхэр къыдатыфынущ: «Пэж дыдэу цІыхухъуитІ е цІыхубзитІ зэгъусэну Алыхьым имыдэу щыт? Пэж дыдэу илъэсыщІэмрэ цІыхур къыщалъхуа махуэмрэ вгъэлъэпІэну Алыхьыр хуэмейрэ ара? Пэж дыдэу фи Алыхьыр хуэмейуэ ара лъы зыхэфкІэну? ЦІыхухэр фІыщэу зылъагъу Алыхьыр пэж дыдэу хуэмейуэ ара зэхуэсым хагъэкІа фІыуэ плъагъу уи Іыхьлым е уи ныбжьэгъум уепсэлъэну?»
17. Пэжым шэч къытетхьэу дызыщІыфын упщІэхэр къыдатмэ, сыт тщІэ хъунур? Колоссэ 2:6, 7 зэритымкІэ, сыт дызыхущІэкъун хуейр?
17 Дэ фІэщхъуныгъэ быдэ диІэн хуейщ. Ди фІэщхъуныгъэм ехьэлІауэ упщІэ къыдатхэм я жэуапхэр къэдмыгъуэтмэ, пэжым шэч къытетхьэу дыхъуфынущ. Шэч къытетхьэу дыхъумэ, абы ди гупсысэкІэр зэІигъэхьэу ди фІэщхъуныгъэр зэтрикъутэфынущ. Апхуэдэу къэмыхъун щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур? Библием ди гупсысэкІэр Алыхьым зредгъэхъуэкІыну дыкъыхуреджэ, икІи абы и щхьэусыгъуэр жеІэ: «Апхуэдэу фщІымэ, Тхьэр зыхуейр къывгурыІуэнущ — фІыгъуэр зыхуэдэри, Тхьэм и гум ирихьри, фІыгъуэ нэгъэсар зыхуэдэри къывгурыІуэнущ» (Рим 12:2). Библиемрэ абы тегъэщІа тхыгъэхэмрэ махуэ къэс зэрыдджым къыхэкІкІэ, Алыхьым теухуауэ щІэныгъэ диІэхэр зэрыпэжыр къыдгурыІуэнущ. Абы нэмыщІ Иеговэ и хабзэхэм захуагъэ зэрыхэлъыр наІуэу тлъэгъунущ. Абы щыгъуэ лъабжьэ быдэ зиІэ жыгым хуэдэу, дэ фІэщхъуныгъэ быдэ диІэнущ икІи абы дытекІынукъым. (Къеджэ Колоссэ 2:6, 7.)
18. ШейтІаным и дунейм и гупсысэкІэр зэран къытхуэмыхъуну сыт къыддэІэпыкъунур?
18 Фи фІэщхъуныгъэр фэ езым быдэ фымыщІмэ, нэгъуэщІым зыми ар хуэщІынукъым. Аращи, фи гупсысэкІэм адэкІи зевгъэхъуэж. Зэпымыууэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуэвгъазэ икІи и къару лъапІэр къывитыну фелъэІу. Фыгупсысэу зевгъасэ, гурыщІэ фиІэхэмрэ хьэл фхэлъхэмрэ зэхэвгъэкІ. Іущагъ хэлъу ныбжьэгъухэр къыхэфх икІи фи гупсысэкІэр фІыкІэ фхъуэжыну къывдэІэпыкъунухэм нэхъыбэу фаригъусэ. Апхуэдэу фщІэмэ, ШейтІаным и дунейм и гупсысэкІэр зэран къыфхуэхъунукъым икІи «гупсысэ пхэнжхэри, цІыхухэм Тхьэр зэращІэным пэувыну зыкъэзыІэт пагэныгъэ псори» вгъэкІуэдынущ (2 Кор. 10:4, 5).
51-НЭ УЭРЭДЫР Ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ итлъхьащ!
a Дыхуей-дыхуэмейми, ди гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэхэр, культурэр икІи щІэныгъэ диІэр зыгуэркІэ зэран къытхуэхъуфынущ. Ди гумрэ ди акъылымрэ куууэ хэпщауэ еплъыкІэ Іейхэр илъынкІэ хъунущ. Мы статьям къыщытщІэнущ дапхуэдэу а еплъыкІэхэр дгъэкІуэдыфынуми.
b Псалом 119:59: «СызрикІуэ гъуэгухэм сегупсыст, сигу къэбгъэкІыжхэм я дежкІэ си лъэр сыунэтІыжын щхьэкІэ».