14 СТАТЬЯР
Иеговэ нэгъэсауэ ухуэлажьэу пІэрэ?
«ХъыбарыфІыр цІыхухэм яхуэзыІуатэм и Іуэхур лэжь, Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Іуэхур нэсу гъэзащІэ» (2 ТИМ. 4:5).
57-НЭ УЭРЭДЫР ХъыбарыфІыр лъэпкъ псоми ялъыдогъэІэс
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
ЛІахэм къахэтэджыкІыжа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм унафэ яхуищІащ: «ФыкІуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ». (Япэ абзацым феплъ.)
1. Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэр псори сыт зыхуейр? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
ХЬИСЭ МЭССИХЬ и лъэужь ирикІуэхэм унафэ яхуищІат: «ФыкІуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ» (Мт. 28:19). Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэр псори хуейщ а унафэр «нэсу» ягъэзэщІэну (2 Тим. 4:5). Ди дежкІэ а лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ иІэщ икІи ар ди гъащІэм псом япэ идгъэщын хуейщ. Ауэ абы тедгъэкІуэдэну дызыхуей зэманым хуэдиз тхутемыгъэкІуэдэнкІэ хъунущ.
2. Сыт хуэдэ гугъуехьхэм дыпэщІэхуэрэ?
2 Дэ ди къаруи ди зэмани зытекІуадэ Іуэхугъуэ куэд щыІэщ. Хэти и унагъуэр ипІын щхьэкІэ зэман куэд лэжьыгъэм тригъэкІуэдэн хуей мэхъу. Хэти нэгъуэщІ унагъуэ Іуэхухэр игъэзэщІэн хуей мэхъу, узым е депрессием йобэн, и ныбжьыр зэрыхэкІуэтам кърикІуэ гугъуехьхэр ешэч. А псом емылъытауэ хъыбарыфІ гъэІуным нэгъэсауэ дыхэтыну сыт къыддэІэпыкъунур?
3. Маттэ 13:23 ит Хьисэ и псалъэхэм сыт къыдгурагъаІуэр?
3 Гугъуехь дызыпэщІэхуэхэм къыхэкІкІэ хъыбарыфІ гъэІуным дызыхуейм хуэдиз зэман тхутемыгъэкІуадэмэ, ди Іэр етхьэхынкъым. Хьисэ ищІэт Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбар гъэІуным псоми зэхуэдэ зэманрэ къарурэ зэрытедмыгъэкІуэдэфынур. (Къеджэ Маттэ 13:23.) Дэ тхузэфІэкІыр щытщІэм деж, Иеговэ дызэрыхуэлажьэр лъапІэу елъытэ (Евр. 6:10—12). Ауэ дэ дегупсысынкІэ хъунущ хъыбарыфІ гъэІуным зэман нэхъыбэ тхутегъэкІуэдэну. Мы статьям дэ дыщытепсэлъыхьынущ хъыбарыфІ гъэІуныр ди гъащІэм псом япэ зэридгъэщыным, мылъку зэгъэпэщыным дыхущІэмыкъуу дызэрыпсэуным, нэхъыфІыжу хъыбарыфІыр зэрыдгъэІуным икІи пэжым цІыхухэр зэрыхуедгъэджэным. Ауэ япэщІыкІэ дегупсысынщ Алыхьым нэгъэсауэ хуэлэжьэным сыт къикІми.
4. ХъыбарыфІ гъэІуным нэгъэсауэ хэтыным сыт къикІыр?
4 ХъыбарыфІ гъэІуным нэгъэсауэ дыхэтын щхьэкІэ тхузэфІэкІыр тщІэн хуейщ, хъыбарыфІыр дгъэІун щхьэкІэ икІи цІыхухэр пэжым хуедгъэджэн щхьэкІэ. ХъыбарыфІ гъэІуным зэман тедгъэкІуадэр Иеговэ лъапІэу елъытэ. Ауэ абы нэмыщІ а лэжьыгъэм дыхэтыну щхьэусыгъуэ хуэхъум Иеговэ деж мыхьэнэшхуэ иІэщ. Дэ ди гум къыбгъэдэкІыу хъыбарыфІ гъэІуным дыхэтщb, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэрэ цІыхухэмрэ фІыуэ долъагъу (Мк. 12:30, 31; Кол. 3:23). Ди гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ хуэлэжьэным сыт-тІэ къикІыр? Абы къикІыр Алыхьым къыдита лэжьыгъэр дгъэзэщІэн щхьэкІэ къарууэ диІэр етхьэлІэн зэрыхуейращ. Ар дэ лъапІэу тлъытэмэ, Іэмал дызэриІэу хъыбарыфІымкІэ нэгъуэщІхэм дадэгуэшэнущ.
5, 6. Зэман куэд зимыІэм и дежкІэ хъыбарыфІ гъэІуныр псом нэхърэ нэхъапэу зэрыщытыфынур къэзыгъэлъагъуэ щапхъэ къэфхь.
5 Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт жэщи махуи гитарэ еуэну зыфІэфІ щІалэ. Ар зы кафе гуэрым мэув цІыхухэм зыщагъэпсэху махуэм гитарэ еуэну. Ауэ а кафем ахъшэ къратыр мащІэщи, блыщхьэ махуэм щыщІэдзауэ мэремым нэсыху ар тыкуэным кассиру щолажьэ. Зэман нэхъыбэр тыкуэным щигъакІуэми, щІалэр сыт щыгъуи музыкэм йогупсыс икІи абы теухуауэ щІэныгъэ иІэр хигъэхъуэну хуейщ, музыкант Іэзэ хъун щхьэкІэ. Аращи, зэман иІэ зэрыхъуу, дакъикъэ зытІущ фІэкІа имыІэми, абы гитарэр къещтэ.
6 Абы хуэдэу фэри хъыбарыфІ гъэІуным зэман куэд тевгъэкІуэдэну фи Іуэхур хуэмыкІуэу къыщІэкІынщ. Ауэ ар — псом нэхърэ нэхъ фигу ирихь лэжьыгъэщ. Фэ хъыбарыфІыр зэрывгъэІур нэхъыфІ зэрыфщІыным иужь фитщ, цІыхухэм я гум фынэсын щхьэкІэ. Ауэ фэ къалэн куэд фиІэмэ, мыпхуэдэ упщІэ зэфтыжу къыщІэкІынщ: «ХъыбарыфІ гъэІуныр дапхуэдэу псом япэ зэризгъэщынур?»
ХЪЫБАРЫФІ ГЪЭІУНЫР ДАПХУЭДЭУ ПСОМ ЯПЭ ЗЭРИБГЪЭЩЫНУР?
7, 8. Дапхуэдэут Хьисэ хъыбарыфІ гъэІуным зэрыхущытыр икІи дауэ дэ абы щапхъэ зэрытетх хъунур?
7 ХъыбарыфІ гъэІуным узэрыхущытын хуейм теухуауэ Хьисэ щапхъэфІ дыдэ къытхуигъэнащ. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбар гъэІуныр абы и гъащІэм псом япэ иригъэщт (Ин. 4:34, 35). Хьисэ километрищэ куэд къикІухьащ цІыху нэхъыбэм хъыбарыфІыр зэхахын щхьэкІэ. ЦІыхухэм епсэлъэну Іэмал иІэхэр абы блигъэкІтэкъым. А лэжьыгъэрат Хьисэ дежкІэ псом нэхъыщхьэу щытыр.
8 Дэ Хьисэ щапхъэ тыдох Іэмал дыщиІэм деж, блэдмыгъэкІыу цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ дадэгуашэмэ. А лэжьыгъэм дыхэтын щхьэкІэ дэ зыгуэр зыхуэдгъэныкъуэну дыхьэзырщ (Мк. 6:31—34; 1 Пет. 2:21). Языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэр подсобнэ пионеру, пионеру е специальнэ пионеру мэлажьэ. НэгъуэщІхэр хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэхэм Іэпхъуащ е нэгъуэщІыбзэ зрагъэщІащ. Абыхэм нэмыщІ я къарум къызэрихькІэ хъыбарыфІ гъэІуным хэт Алыхьым и лэжьакІуэхэм лэжьыгъэшхуэ ягъэзащІэ. Иеговэ и Іуэхум пыщІа сыт хуэдэ лэжьыгъэм дыхэмытми сыт хуэдэ къалэн дымыгъэзащІэми Иеговэ тхузэфІэмыкІын къытхуигъэувкъым. Ар езыр Алыхь насыпыфІэу щытщи, дэри хъыбарыфІыр щыдгъэІум деж гуфІэгъуэ зыхэтщІэну хуейщ (Втор. 30:11; 1 Тим. 1:11).
9. 1) Паул хъыбарыфІ гъэІуныр лэжьыгъэм япэ иригъэщу щытауэ сыт жыпІэ щІэхъунур? 2) Апостолхэм 28:16, 30, 31 зэритымкІэ, дауэ Паул хъыбарыфІ гъэІуным зэрыхущытар?
9 Алыхьым хуэлэжьэныр ди гъащІэм псом япэ идгъэщын хуейщ. АбыкІэ апостол Паул щапхъэфІ къытхуигъэнащ. Абы миссионер лэжьыгъэр етІуанэу игъэзащІэу Коринф къалэм щыпсэуам щыгъуэ, ахъшэ зыри иІэжтэкъыми шэтырхэр ищІын хуей хъуащ. Ауэ а лэжьыгъэр абы и гъащІэм зэи псом япэ иригъэщакъым. Ар щІэлажьэр хъыбарыфІыр игъэІун щхьэкІэт икІи Коринф дэсхэр абы ахъшэкІэ дэІэпыкъун хуейуэ я пщэ къыдэмыхуэн щхьэкІэт (2 Кор. 11:7). И щхьэр ипІыжын щхьэкІэ лэжьэн хуейми, Паул Алыхьым и лэжьыгъэр лъэныкъуэ иригъэзтэкъым, атІэ щэбэт махуэ къэс хъыбарыфІыр игъэІут. И Іуэхум зихъуэжа иужь, Паул хъыбарыфІ гъэІуным зэман нэхъыбэ тригъэкІуадэу щІидзащ. Абы «гурэ псэкІэ цІыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаІуэурэ, Хьисэ зэры-Мэссихьым журтхэм я пащхьэм щыхьэт щытехъуэрт» (Апост. 18:3—5; 2 Кор. 11:9). Зэман гуэр дэкІри Паул яубыдауэ илъэситІкІэ и унэм къыщІэкІыну хуимыту Рим къалэм щыщыІам щыгъуэ, абы и деж къакІуэхэм хъыбарыфІымкІэ ядэгуашэт икІи письмохэр итхт. (Къеджэ Апостолхэм 28:16, 30, 31.) Паул Алыхьым хуэлэжьэным зыри зэран хуигъэхъутэкъым. Абы итхащ: «Тхьэм мы Іуэхур ди пщэм къыдилъхьащи, ди гур дгъэкІуэдыркъым» (2 Кор. 4:1). Дэри Паул хуэдэу лэжьыгъэм зэман куэд тедгъэкІуэдэн хуейми, Алыхьым и Іуэхур ди гъащІэм псом япэ идгъэщыфынущ.
ХъыбарыфІ гъэІуным нэгъэсауэ дызэрыхэтын Іэмал куэд щыІэщ. (10, 11-нэ абзацхэм феплъ.)
10, 11. Узыншагъэм пыщІа гугъуехьхэр фиІэу щытми, сыт фщІэ хъунур Алыхьым нэгъэсауэ фыхуэлэжьэн щхьэкІэ?
10 Фи ныбжьыр зэрыхэкІуэтам е фызэрысымаджэм щхьэкІэ унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр вгъэІуну къывэгугъуэкІмэ, нэгъуэщІ Іэмалхэр къэвгъэсэбэп хъунущ. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм цІыху здэщыІэ дэнэ щІыпІэми хъыбарыфІыр щагъэІут. Абыхэм «цІыхухэм я пащхьэми... унэхэми» хъыбарыфІыр щагъэІут икІи Іэмал щаІэм деж бламыгъэкІыу цІыхухэм епсалъэт (Апост. 17:17; 20:20). Куэдрэ къэфкІухьыну къывэхьэлъэкІыу щытмэ, цІыху куэд щызекІуэ щІыпІэм деж фытІысу, блэкІхэм фепсалъэ хъунущ. Абы нэмыщІ неформальнэу, письмокІэ е телефонкІэ хъыбарыфІыр вгъэІу хъунущ. Унэ-унэкІэ хъыбарыфІ гъэІуным куэдрэ хэмытыф къуэш, шыпхъухэр хуабжьу ирогуфІэ нэгъуэщІ Іэмалхэр къагъэсэбэпурэ Алыхьым и лэжьыгъэм зэрыхэтыфым.
11 Узыншагъэм пыщІа гугъуехьхэр фызэриІэм емылъытауэ Алыхьым нэгъэсауэ фыхуэлэжьэфынущ. Иджыри зэ Паул и щапхъэм деплъынщ. Абы жиІат: «Апхуэдэу щІэхъуар лъэкІыныгъэшхуэ зиІэр дэрмырауэ, атІэ Тхьэрауэ зэрыщытыр нахуэ хъун щхьэкІэщ» (2 Кор. 4:7). Алыхьым лъэкІыныгъэ къритыну Паул хуэныкъуэ хъуат миссионер лэжьыгъэр етІуанэу игъэзащІэу сымаджэ щыхъуам щыгъуэ. Абы Галатие хэкум исхэм яхуитхат: «Тхьэм и хъыбарыфІыр япэ дыдэ къыщІыфхуэсІуэтар сызэрысымэджар арщ» (Гал. 4:13). Дауэ фэ Паул щапхъэ зэрытефхыфынур? Сымаджэщым щылажьэхэм, псалъэм папщІэ дохутырхэм икІи медсестрахэм фепсалъэ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр и нэхъыбэм деж унэм щІэскъым.
УИ ГЪАЩІЭМ СЫТ ХУЭДЭ ЗЭХЪУЭКІЫНЫГЪЭХЭР ХЭПЛЪХЬЭ ХЪУНУ?
12. «Уи нэр сэкъатыншэмэ» жыхуиІэ псалъэхэм сыт къикІыр?
12 Хьисэ жиІауэ щытащ: «Пкъым и уэздыгъэр нэращ. Аращи, уи нэр сэкъатыншэмэ, уипкъ псори нэхунущ» (Мт. 6:22). «Уи нэр сэкъатыншэмэ» щыжиІам щыгъуэ сыт Хьисэ зи гугъу ищІар? АбыкІэ къыхигъэщащ зы Іуэхугъуэм ди акъылыр тедухуэу, абы дытемыкІыу дытетыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Хьисэ абыкІэ щапхъэ дигъэлъэгъуащ: абы и гъащІэр зы Іуэхугъуэт зытегъэщІауэ щытыр — Алыхьым хуэлэжьэнырат. Абы и лъэужь ирикІуэхэр хуригъаджэт Алыхьым хуэлэжьэнымрэ абы и Пащтыхьыгъуэмрэ я гъащІэм псом япэ ирагъэщын хуейуэ зэрыщытым. Хьисэ щапхъэ тетхын щхьэкІэ хъыбарыфІ гъэІуныр ди гъащІэм псом япэ идгъэщу, Хьисэ и псалъэхэм дытетын хуейщ: «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Іуэхугъуэхэмрэ Тхьэм и щыпкъагъэмрэ я ужь фит япэщІыкІэ» (Мт. 6:33).
13. ХъыбарыфІ гъэІуным зэман нэхъыбэ тедгъэкІуэдэну сыт къыддэІэпыкъунур?
13 НэгъуэщІхэм Иеговэ къацІыхуу, фІыуэ ялъэгъуну дадэІэпыкъун щхьэкІэ дэнэ зэман нэхъыбэ къыздитхынур? Ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр хэтлъхьэ хъунущc. Лэжьыгъэм тевгъэкІуадэ зэманыр нэхъ мащІэ фхуэщІыну пІэрэ, цІыхухэр щылажьэ махуэхэм хъыбарыфІыр нэхъыбэрэ вгъэІун щхьэкІэ? Зыгъэпсэхунымрэ нэгу зегъэужьынымрэ зэман куэд фІахыу щытмэ, зыгуэр фхуэхъуэжыну пІэрэ?
14. Зэщхьэгъусэхэм сыт ящІар нэхъыбэрэ хъыбарыфІ гъэІуным хэтын щхьэкІэ?
14 Зэхуэсым и нэхъыжь Эла́йасрэ абы и щхьэгъусэмрэ я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр халъхьащ. Элайас жеІэж: «Дэ пионеру дылэжьэфтэкъым, ауэ къыдгурыІуэт зыгуэр тхъуэжын зэрыхуейр. Абы къыхэкІкІэ мурад тщІащ нэхъыбэрэ хъыбарыфІ гъэІуным дыхэтыну икІи а мурадыр къыдэхъулІэн щхьэкІэ хуэмурэ зэхъуэкІыныгъэхэр тщІыуэ щІэддзащ. Ахъшэ нэхъ мащІэ дгъэкІуэду щІэддзащ икІи зыгъэпсэхунымрэ нэгу зегъэужьынымрэ зэман куэдыІуэ ихьти, ари нэхъ мащІэ тщІащ. Абы нэмыщІ дызыгъэлажьэхэм делъэІуащ дызэрылажьэ зэманыр нэхъ мащІэ тхуащІыну. А псом и фІыгъэкІэ дэ пщыхьэщхьэхэм хъыбарыфІыр дгъэІуу дыхъуащ, цІыху нэхъыбэ Библием едгъаджэу щІэддзащ икІи мазэм къриубыдэу махуитІкІэ цІыхухэр щылажьэ махуэхэм техуэу хъыбарыфІыр дгъэІуну зэман диІэ хъуащ. Дэ зыкІэ дыгуфІэти!»
НЭХЪЫФІУ ХЪЫБАРЫФІЫР ДГЪЭІУУ ИКІИ ЦІЫХУХЭР ЕДГЪАДЖЭУ ДЫХЪУН ЩХЬЭКІЭ ТЩІЭН ХУЕЙР
«Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ зэІущІэм щызэхэтх чэнджэщхэр къыддэІэпыкъунущ хъыбарыфІыр нэхъыфІу дгъэІуу зедгъэсэну. (15, 16-нэ абзацхэм феплъ.)d
15, 16. 1 Тимофей 4:13, 15 дытету, дауэ хъыбарыфІыр нэхъыфІу дгъэІуу зэрызедгъэсэнур? (Абы нэмыщІ «ХъыбарыфІыр нэгъэсауэ згъэІуу зезгъэсэн щхьэкІэ згъэув хъуну мурадхэр» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
15 Сыт дэ иджыри къыддэІэпыкъунур хъыбарыфІыр нэгъэсауэ дгъэІун щхьэкІэ? ЦІыхум и лэжьыгъэр фІыуэ игъэзэщІэну хуеймэ, зэпымыууэ еджэн хуейщ икІи и ІэщІагъэр хигъэхъуэн хуейщ. ХъыбарыфІ гъэІуным теухуауи апхуэдэу жыпІэ хъунущ. Дэ щІэныгъэ нэхъыбэ зэдгъэгъуэту, адэкІи хъыбарыфІыр зэрыдгъэІур едгъэфІэкІуэн хуейщ (Прит. 1:5, Гъэс.; къеджэ 1 Тимофей 4:13, 15).
16 Сыт абыкІэ къыддэІэпыкъунур? «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ тхьэмахуэ къэс екІуэкІ зэІущІэм щыжаІэ чэнджэщхэр къэдгъэсэбэпын хуейщ. А зэІущІэм хъыбарыфІыр нэхъыфІу дгъэІуу зыщыдогъасэ. Псалъэм папщІэ, зэІущІэр езыгъэкІуэкІ къуэшым заданиехэр зыгъэзэщІахэм чэнджэщ щаритым деж, абы жиІэхэр ттхы хъунущ, иужькІэ хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ ахэр къэдгъэсэбэпын щхьэкІэ. ИкІи хъыбарыфІ гъэІуным теухуа зэІущІэ кІэщІыр езыгъэкІуэкІ къуэшыр къыддэІэпыкъуну делъэІу хъунущ, абы и гъусэуи хъыбарыфІыр дгъэІу хъунущ. Абы нэмыщІ къыддэІэпыкъуфыну къуэш, шыпхъухэми я гъусэу дыкІуэ хъунущ, псалъэм папщІэ пионерхэм е районым и нэхъыжьым я гъусэу. ХъыбарыфІыр дгъэІун щхьэкІэ Іэмэпсымэ диІэхэр нэхъыфІу къэдгъэсэбэпу зедгъасэмэ, а лэжьыгъэм дызэрыхэтым икІи цІыхухэр зэредгъаджэм гуфІэгъуэ нэхъыбэ къытхуихьынущ.
17. Алыхьым нэгъэсауэ дыхуэлажьэмэ, сыт хуэдэ фІыгъуэхэр диІэну?
17 «Дэ Алыхьым дыдолажьэ» икІи ар ди дежкІэ пщІэшхуэщ! (1 Кор. 3:9, ДЩІ). «Псом нэхърэ нэхъапэр сытми» зэхэдгъэкІмэ икІи хъыбарыфІ гъэІуныр псом япэ идгъэщмэ, гуфІэгъуэшхуэ зыхэтщІэнущ (Флп. 1:10, ДЩІ; Пс. 100:2). Дэ, Алыхьым и лэжьакІуэхэм, шэч къытедмыхьэми хъунущ, гугъуехь дызрихьэлІэхэм емылъытауэ хъыбарыфІыр дгъэІун щхьэкІэ Иеговэ къару къызэрыдитынум (2 Кор. 4:1, 7; 6:4). Алыхьым и лэжьыгъэм зэман тедгъэкІуадэм емылъытауэ гуфІэгъуэ зыхэтщІэнущ, ди гум къыбгъэдэкІыу а Іуэхум дыхэту щытмэ (Гал. 6:4). Нэгъэсауэ Алыхьым дыхуэлажьэмэ, Иеговэрэ цІыхухэмрэ фІыуэ зэрытлъагъур къэдгъэлъэгъуэнущ. «Апхуэдэу пщІэмэ, къодаІуэ цІыхухэр мыкІуэду къебгъэлынущ, уэ уи щхьэри мыкІуэду къебгъэлынущ» (1 Тим. 4:16).
58-НЭ УЭРЭДЫР Мамырыгъэм хущІэкъухэр къэлъыхъуэ
a Хьисэ дэ унафэ къытхуищІащ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр дгъэІуну икІи цІыхухэр пэжым хуедгъэджэну. Мы статьям дыщытепсэлъыхьынущ гугъуехь куэдым дызэрыпэщІэхуэм емылъытауэ Алыхьым нэгъэсауэ дапхуэдэу дыхуэлэжьэнуми. Абы нэмыщІ къэтщІэнущ хъыбарыфІыр нэхъыфІуу дгъэІуну икІи а лэжьыгъэм гуфІэгъуэ нэхъыбэ хэтхыну сыт къыддэІэпыкъунуми.
b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Алыхьым хуэлэжьэным къикІыр хъыбарыфІыр гъэІуныр икІи цІыхухэр пэжым хуегъэджэныр, дыщызэхуэс Унэхэр ухуэныр икІи ахэр зыхуэныкъуэр хуэгъэзэныр, абы нэмыщІ гузэвэгъуэшхуэ ІущІахэм дэІэпыкъуныр (2 Кор. 5:18, 19; 8:4).
c 2016-нэ гъэм, бадзэуэгъуэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым и 10-нэ напэкІуэцІым ит «Как упростить жизнь» жыхуиІэ рамкэм феплъ.
d СУРЭТХЭР. «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ зэІущІэм шыпхъум егъэлъагъуэ цІыхум деж етІуанэу тебгъэзэжа иужь дапхуэдэу уепсалъэ хъунуми. ЗэІущІэр езыгъэкІуэкІ къуэшым кърит чэнджэщхэр абы иретхэ «Укъызэреджэмрэ нэгъуэщІхэр зэребгъаджэмрэ егъэфІакІуэ» жыхуиІэ брошюрэм. Шыпхъум зэІущІэм щызэхихар къегъэсэбэп цІыхухэр щыдэс махуэм хъыбарыфІыр щигъэІукІэ.